Осетие Ищхъэрэ - Аланием и мэзхэм хуиту щIаутIыпщхьа, Азие Гупэм щыщ щомыщитIым а республикэм и гъунапкъэхэр зэпаупщIащ.
Кавказым щыпсэухэр яфIэгъэщIэгъуэну кIэлъоплъ мащIэ хъуа псэущхьэхэм я бжыгъэр зэфIэгъэувэжыным теухуауэ ди мэзхэм щIаутIыпщхьэ щомыщхэм я Iуэху щытыкIэм.
Осетие Ищхъэрэм ЩIыуэпсымкIэ и министерствэм гъунэгъу щIыналъэхэр дызэрыщигъэгъуэзамкIэ, зэман ипэкIэ хуиту яутIыпща Леорэ Лаурэрэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэсащ. Осетием и бгылъэхэм зэкIэ къинауэ итыр километр 991-рэ зэпызыча Хостэ и закъуэщ. Ар дэкIащ метр 2488-рэ зи лъагагъ бгым икIи мэзым щхьэхуиту зэрыщIэта зэманым къриубыдэу къищэкIуащ дзыгъуэхэр, хьэIуцыдзхэр, бланэхэр.
Щомыщхэм ящыщу псом нэхърэ нэхъ лъагэу дэкIуеяр Леощ - метр 3200-кIэ. Ди республикэм зэрыщыIа зы мазэм къриубыдэу абы кхъуэпIащэу 5 къиубыдащ, шхын зэрыхуэмыныкъуэр нэрылъагъуу, и фэр фIыщ, узыншэщ.
Лаурэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Осетие Ищхъэрэмрэ я гъунапкъэхэр тIэунейрэ зэпиупщIащ. Ди республикэм ар къызэрихьар абы ипэкIэ къаутIыпщауэ щыта Волна щомыщым къигъуэта лъагъуэ дыдэм тетущ. ГъэщIэгъуэныракъэ, Леорэ Лаурэрэ зэхуэзакъым, а тIум яку километри 4 - 5 фIэкIа дэмылъу зэ гъунэгъу зэхуэхъуа пэтми. Лаурэ иджыблагъэ ишхащ кхъуэпIащэу 3, зы жумэрэн, зы мэз джэду. Абы хуэсакъыу бгылъэ щIыпIэхэр, ныджэхэр къызэхеплъыхь, километрищкIэ нэхърэ нэхъ гъунэгъу къуажэхэм захуищIыркъым.
ШЭРЭДЖ Дисэ.