Бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зэрыхуэхьэзырыр къапщытэ

КъБР-м и Правительствэм бадзэуэгъуэм и 24-м щызэхэтащ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и IуэхущIапIэхэр 2018 - 2019 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм хуэгъэхьэзырынымкIэ щыIэ комиссэм и зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщIым и ­къуэдзэ - республикэм инфраструктурэмрэ бжыгъэхэр зи лъабжьэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Бэлэтокъуэ Владимир.

Зэхыхьэр къыщызэIуихым министрым жиIащ республикэм и гъэ­зэщIакIуэ, щIы­пIэ самоуправленэмкIэ органхэм псэупIэ-коммунальнэ комплексым и предприятэхэр къызыхуэ­тын­шэу бжьы­хьэ-щIымахуэ гъэ­плъы­гъуэ лъэхъэнэм ­хуа­­гъэ­хьэзы­рыну зэракъалэныр, абыкIэ жэ­уаплыныгъэ ин зэрахьыр.

Зэраубзыхуам тету, Къэ­бэрдей-Балъкъэр Республикэм и Правительствэм 2018 гъэм мэлыжьыхьым и 13-м «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и организацэхэр 2018 - 2019 бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм хуэгъэхьэ­зырыным и IуэхукIэ» къыдигъэкIа Унафэ №65-ПП-м ипкъ иткIэ, щIыналъэм и псэупIэ фондымрэ объектхэмрэ 2018 - 2019 гъэхэм я бжьыхьэ-щIымахуэ лъэхъэ­нэм хуагъэхьэзыр.

КъБР-м ухуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ, гъуэгу хозяйствэмкIэ и министрым и къуэдзэ Гъэсашэ Жамболэт къыхигъэщащ 2018 - 2019 гъэхэм я бжьы­хьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм объектхэр хуа­бэкIэ къызэ­гъэ­­пэщыным сом мелуан 577-м щIигъу зэры­хухахынур икIи зыхуеину мылъкум ­щыщу процент 70-р Iуэхум зэрыхуаунэтIар. Къэ­псалъэм жиIащ Къэбэрдей-Балъкъэрыр мы зэманым гъэ­плъыгъуэ лъэхъэнэм процент 50-кIэ зэрыхуэхьэ­зы­рыр. Ар кIэщIу тепсэлъы­-

хьащ республикэм и къалэхэмрэ районхэмрэ абы ехьэлIауэ щызэ­фIах лэжьыгъэхэм, къагъэсэбэпа энергоресурсхэм я уасэхэр яхуэ­мыту щIыхуэхэр зэры­зы­трагъэхьам, ахэр зытрагъэ­кIыну къазэрыпэщы­лъым, лъэпощхьэпохэр гъэ­зэкIуэ­жы­ным теухуауэ ирагъэ­кIуэкIхэм. Гъэсашэм муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыпIэ администрацэхэм я лIы­кIуэхэм пщэ­рылъ ящищIащ псэупIэ фондхэм я объектхэр бжьы­хьэ-щIымахуэ лъэхъэнэм зэ­рыхуэхьэзырым ехьэлIа паспортхэм 2018 гъэм фокIадэм и 15 пщIондэ Iэ щIадзыну.

ЗэфIагъэкIыну къыхалъ­хьа­хэм тету, IуэхущIапIэхэм я кIуэцIхэр зыхуей хуа­гъэ­зэжыну, ахэр хуабэкIэ къы­зэрызэгъэпэщар, псы хуа­бэмрэ щIыIэмрэ къызэре­кIуалIэр, электрокIапсэхэм я щытыкIэр зыхуэдэр къапщытэну унафэ ящIащ. Муниципальнэ районхэмрэ къалэ округхэмрэ я щIыпIэ администрацэхэм къапэ­щылъщ хуабэкIэ къызэзыгъэпэщ предприятэхэр Iуэ­хум зэрыхуэхьэзырым и паспортхэм 2018 гъэм жэп­уэгъуэм и 1-м ирихьэлIэу Iэ традзэу КъБР-м УхуэныгъэмкIэ, псэупIэ-коммунальнэ, ­гъуэгу хозяйствэхэмкIэ и министерствэм ягъэхьыну. Министерствэм и лэжьа­кIуэхэр Налшык къалэ округым, Лэскэн, Дзэлыкъуэ районхэм кIуэри къапщытащ щIыналъэхэм я псэупIэ ­объектхэр гъэплъыгъуэ лъэхъэнэм зэ­рыхуагъэхьэ­зырыр. «Рост­е­х­надзор»-м и лэжьакIуэхэм я гъусэу, ахэр республикэм и къалэ округ­хэмрэ муниципальнэ районхэмрэ чэзууэ шыщхьэуIу мазэм и кIэ пщIондэ зэщIагъэхьэну я мурадщ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и муниципальнэ районхэм я лIыкIуэхэмрэ министерст­вэхэм я лэжьакIуэхэмрэ кIэ­щIу тепсэлъыхьащ бжьы­хьэ-щIымахуэ гъэплъыгъуэ лъэхъэнэм зэрыхуэхьэ­зырым. Абыхэм къыхагъэщащ и пIалъэм фIэмыкIыу Iуэхур зэтраублэну зэры­хущIэкъур.

ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ ЩIыуэпс, технологие, атом кIэлъыплъыныгъэмкIэ Фе­деральнэ къулыкъущIапIэм Кав­казым щиIэ управленэм и щIыналъэ къудамэм и унафэщI Джэду Мурат, Налшык къалэ администрацэм и Iэтащхьэм и япэ къуэдзэ ­Тонконог Анатолий, «Къэб­балъкъэнерго» акционер Iуэху­щIапIэм и щIыналъэ ­къу­дамэм и унафэщIым и ­къуэдзэ Егъэн Алибэч сы­мэ, нэгъуэщIхэри.

Зэхыхьэр щиухым Бэлэтокъуэ Владимир зэIущIэм хэтхэм иджыри зэ пщэрылъ ящищIащ къагъэлъэгъуа зэманым ирихьэлIэу ­къа­лэн щащIа Iуэхугъуэхэр зэфIахыну.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

06.09.2026 - 09:03

Сабийхэм я узыншагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ

КъБР-м щыIэ МВД-м Наркотикхэр зэрызэра­гъакIуэм кIэлъыплъынымкIэ и управленэм ще­кIуэкIащ зэзыгъэуIу штабым и зэIущIэ.

06.09.2026 - 09:03

Адыгэ бзылъхугъэм и дахагъэр ягъэлъагъуэ

АДЫГЕЙ.

06.09.2026 - 09:03

Аруан щIыналъэм и зыужьыныгъэр

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек УФ-м и Къэрал Думэм и депутатхэу Геккиев Заур, ­Родинэ Викторие, Щхьэгуэш Адэлбий сымэ и гъусэу лэ­жьыгъэ IуэхукIэ Аруан райо­ным щыIащ.

06.09.2026 - 09:03

ЩыщIадзэжащ еджапIэ къагъэщIэрэщIэжахэм

Каменномост (Къармэхьэблэ) къуажэм дэт  курыт еджапIэ №2-р «ЩIалэгъуалэмрэ са­бий­хэмрэ» лъэпкъ проектым хэту зэрахьэри, фо­кIадэм и 1-м ирихьэлIэу и бжэхэр зэIуахыжащ. 

06.09.2026 - 09:03

Яухуэ, зэрагъэпэщыж, ирагъэфIакIуэ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ щы­Iащ Лэскэн районым.