Псыдзэм гузэвэгъуэхэр къимыхьын папщIэ

Гъэ кIуам и бжьыхьэ лъандэрэ Тырныауз къалэм лэжьыгъэшхуэ щокIуэкI Бахъсэн псым и жапIэр зэтес щIыным, ятIэпсхэр нэхъ къыщрихьэх щIыпIэм хуэзэу щаухуауэ щыта бетон кхъуафэр гъэкъэбзэным хуэгъэзауэ.

2017 гъэм шыщхьэуIум и 14 - 15-хэм бгым кърихьэхауэ щыта ятIэмрэ мывэм­рэ Бахъсэн псыр IуищIауэ щытащ. Абы щыгъуэ псыдзэр къыздрикIуэн хуей бетон хьэкхъуафэри ятIэм икудат. Абы къыхэкIыу мы Iуэхум къаруушхуэ ирахьэлIащ. Иджыпсту техникэ зэмылIэу­жьыгъуэу 18-м нэблагъэ щолажьэ Герхожан, Бахъсэн псыхэр щызэхэхуэжым деж. А псыхэм я лъэгухэр зэрагъэкъабзэм къыдэкIуэу, щIыпIэ щхьэхуэхэм деж псы Iуфэхэр щагъэбыдэ.

Зи гугъу тщIы лэжьыгъэхэр нагъэблэгъащ. Нобэми мы Iуэхум йолэжь экска­ватору 4, абыхэм кърах ятIэмрэ мывэмрэ Iузыш автомашинэу 10.

Герхожан псыщхьэм и щытыкIэм зэ­пымыууэ кIэлъоплъ Къурш геофизикэ институтым, МЧС-м я IэщIагъэлIхэр, Iуащ­хьэмахуэ районымрэ Тырныауз къалэмрэ я администрацэхэм я лэжьакIуэ­хэр зыхэт гуп.

Тарим Алисэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.