ЩIалэгъуалэм я зэхыхьэшхуэ

Кърымым иджыблагъэ щекIуэкIащ «Республика Форос - 2018» зыфIаща дунейпсо щIалэгъуалэ форумым и 20-нэ зэхыхьэр. Абы хэтащ ЦIыхубэ хозяйствэмрэ къэрал къулыкъущIапIэхэмкIэ Урысей академием (РАНХиГС) и къудамэу Кавказ Ищхъэрэм щыIэ институтым экономикэмкIэ, управленэмрэ правэмкIэ и факультетым и 2-нэ курсым и студенткэ Шихмагомедовэ Джулинэ.

ЩIалэгъуалэм я зэ­хыхьэм хэтахэр едэIуащ нобэрей зэманым цIыхухэр зыгъэпIейтей Iуэхугъуэхэм теухуа лекцэхэм. Ахэр IэщIагъэлI нэхъыщхьэхэм, политологхэм, Урысеймрэ СНГ-мрэ я тренер нэхъыфIхэм ирагъэкIуэкIащ, политикэм и лъагапIэр зэрызыIэрагъэ­хьэфынум и Iэмалхэм ныбжьыщIэхэр хагъэгъуазэу, къэрал кIуэцI политикэм и щэхухэр къы­хузэIуахыу. Ди къэралым и гъунапкъэ куэ­дым къикIа щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ хэтащ психологие тренингхэмрэ спорт зэхьэ­зэхуэхэмрэ, акъыл жа­на­гъыр къызэрапщытэ джэгукIэхэм.

«Форос-2017»-ми сыхэтащ. Илъэс кIуам къызэ­рысщыхъуам мыгъэрейр фагъуэ ехъулIэнкIэ сышынами, сыщыуауэ къы­щIэкIащ. Ди гуапэ зэры­хъунщи, щIэ Iэджэ хэлът. Иджыри сыкIуэну сы­хуейщ, сыту жыпIэмэ къару къыпхелъхьэ, щIэ гуэр къызэрыбулъэпхъэщы­ным ухуегъэпабгъэ, илъэс псор абы щыплъэгъуам укъызэщIиIэтэу ибохьэкI», - жиIащ Шихмагомедовэм.

БЛИЙ Даянэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.