Статьи на кабардинском языке

ГъащIэр анэмэт зыхуащI

Къэбэрдей-Балъкъэрым щIыхь зиIэ ­   и дохутыр, Узыншагъэр хъумэнымкIэ ­IэнатIэм и отличник, Зеикъуэ дэт район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ КIуэкIуэ Миланэ  (Светланэ) Мухьэмэд и пхъур жылагъуэм зи пщIэр щылъагэ бзылъхугъэ щыпкъэщ. Илъэс 45-м щIигъуауэ зыхэт гупми, жыпIэнурамэ, къэзыцIыху дэтхэнэми псалъэ гуапэ куэд хужаIэ абы.

Зэрызаужьым и нэщэнэщ

Урысейм 2018 гъэр Волонтёрым и илъэсу зэрыщыщытар дыгъуасэ КъБР-м ЦIыхухэр егъэджэ­нымкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуа­лэм я IуэхухэмкIэ и министерст­вэм къыщызэщIакъуэжащ. Абы хэтащ КъБР-м и Iэтащ­хьэм и къалэнхэр зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек.

Министр Колокольцев Владимир Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ

Бэрэжьей кIуам, щIышылэм и 23-м, лэжьыгъэ IуэхукIэ Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIащ Урысей Федерацэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и министр, полицэм и генерал Колокольцев Владимир икIи республикэ МВД-м и унафэщIхэм зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ, - къет Урысей МВД-м и лIыкIуэ Иринэ Волк.

ЩIалэгъуалэр къэралым и къару нэхъыщхьэщ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и ЩIалэгъуалэ гвардием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэмрэ ­КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща «Парламентаризмэм и школ» федеральнэ Iуэхум хыхьэу иджыблагъэ зи чэзу зэIущIэ ирагъэкIуэкIащ.

КъБР-м и прокуратурэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм хоплъэж

IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIы­кIуэ­хэр кърихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм и коллегием иригъэкIуэкIа зэIущIэм щIэсащ Урысей Федерацэм и Генеральнэ прокурорым и къуэдзэ Сыдорук Иван, КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Евгений сымэ. Зыхэплъа Iуэху нэхъыщхьэм теухуа докладыр ищIащ КъБР-м и прокурор Жариков Олег.

КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыхуэзащ Урысей гвардием и унафэщIым и япэ къуэдзэ генерал-полковник Меликов Сергей

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбек дыгъуасэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Москва щыхуэзащ Урысей гвардием и унафэщIым и япэ къуэдзэ генерал-полковник Меликов Сергей.

МафIэдз Сэрэбий ящыгъупщэркъым

ЩIэныгъэлI, тхакIуэ, тхыдэдж МафIэдз Сэрэбий къызэралъхурэ илъэс 84-рэ щрикъум ирихьэлIэу а лIы щэджащэм и фэеплъ пхъэбгъу дыгъуасэ къыщызэIуахащ ар щы­псэуа, Налшык къалэ дэт унэм.

Къэбэрдей-Балъкъэрым зеужь

Апхуэдэу министрыр щыIащ Шэджэм къалэ дэт «Сад-Сервис» ООО-м, Бахъ­сэн къалэ щыIэ, «АГРО-КОМ» ООО-м, Аруан куейм и «НЭЖАН» ООО-м, Лэскэн щIыналъэм хиу­быдэ Ташлы-Тала къуажэм къыщызэIуаха курыт еджапIэм, Шэрэдж районым ­дащIыхьа, псы щрагъахъуэ заводым, нэгъуэщIхэми.

Гъуэгухэмрэ инфраструктурэмрэ

Автомобиль зекIуапIэхэмрэ туристхэр бгыхэм дэзыш кIапсэ гъуэгухэмрэ нэхъыбэ щIыным хущIэ­къуным Къэбэрдей-Балъкъэрым зыгъэпсэхуакIуэу къакIуэхэм я бжыгъэм хигъэхъуэнущ. Ар щыжиIащ УФ-м Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей, ди республикэм и къэрал властым и гъэзэщIакIуэ органхэр хэту ирагъэкIуэкIа зэIущIэм къ­­ы­щыщыпсалъэм.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке