КъБР-м и прокуратурэм нэгъабэ иригъэкIуэкIа лэжьыгъэм хоплъэж

IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм я лIы­кIуэ­хэр кърихьэлIэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и прокуратурэм и коллегием иригъэкIуэкIа зэIущIэм щIэсащ Урысей Федерацэм и Генеральнэ прокурорым и къуэдзэ Сыдорук Иван, КъБР-м къегъэщIылIа федеральнэ инспектор нэхъыщхьэ Ткачёв Евгений сымэ. Зыхэплъа Iуэху нэхъыщхьэм теухуа докладыр ищIащ КъБР-м и прокурор Жариков Олег.

КIуэкIуэ Казбек къыщыпсалъэм къыхигъэщхьэхукIащ цIыхухэм я шынагъуэншагъэмрэ абыхэм я псэукIэр егъэ­фIэкIуэнымрэ пыщIа IэнатIэ псори нэгъабэ прокурорхэм я нэIэ зэрыщIэтар. Къэпщытэныгъэхэр яхуэунэтIауэ щытащ законхэр щамыгъэзащIэ, цIыхухэм я хуитыныгъэхэр къыщызэпауд къэмыгъэ­хъунымкIэ, щIэпхъаджащIэхэм япэщIэ­тынымкIэ, коррупцэр къызэпыудынымкIэ хабзэхъумэ органхэм я зэфIэкIыр зэщIэгъэуIуэным.
Хабзэхъумэ орган псоми прокуратурэр тэмэму зэрадэлэжьам и фIыщIэкIэ республикэм шынагъуэншагъэмрэ жыла­гъуэ-политикэ зэпIэзэрытыныгъэмрэ нэхъ­­ри нэхъ тэмэму щызэтеуващ.
Нэгъабэ, жиIащ КIуэкIуэ Казбек, мыхьэнэшхуэ зиIэ жылагъуэ-политикэ Iуэху куэд екIуэкIащ икIи абыхэм ящыщу нэхъыщхьэ дыдэщ Урысейм и Президентыр зэрыхахар. Къэбэрдей-Балъкъэрым а хэхыныгъэхэр ныкъусаныгъэншэу икIи зэщIэгъэуIуауэ къыщызэрагъэпэщащ. АбыкIэ фIыщIэ ябгъэдэлъщ прокуратурэмрэ адрей хабзэхъумэ органхэмри. Республикэм и УнафэщIым апхуэдэу лэжьыгъэм зэрыбгъэдэтым, я къулыкъур хьэлэлу зэрырахьэкIым икIи КъБР-м и къэрал властым и органхэм сыт и лъэныкъуэкIи зэрадэIэпыкъум къыхэкIыу прокуратурэм и лэжьакIуэхэм фIыщIэ яхуищIащ.
А псоми къадэкIуэу, къигъэлъэгъуащ КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэ­кIэ зыгъэзащIэм, республикэм и цIыхухэр зыгъэпIейтей Iуэху щхьэхуэхэр щыIэщ.     Апхуэдэхэм ящыщщ цIыхухэр нэхъыбэу щIэтхьэусыхэ ныкъусаныгъэхэр: лэжьыгъэм, псэупIэм я лъэныкъуэкIэ хуитыныгъэхэр къыщызэпауд къызэрыхъур, экологиер, щIы Iуэхухэр. «Нэхъ ткIийуэ кIэлъыплъын хуейщ лэжьыгъэмкIэ законодательствэр зэрагъэзащIэм. Ар псом я дежкIи мыхьэнэ хэха зиIэ Iуэхущ. Апхуэдэу прокурорхэм гулъытэншэу благъэкI хъунукъым лэжьапщIэр цIыхухэм и зэманым щаIэрымыхьэ къыщIэхъум и щхьэусы­гъуэхэр. Езыхэм и полномочиехэм къриубыдэу прокуратурэм и лэжьакIуэхэр зэпымыууэ кIэлъыплъын хуейщ цIыхухэм социальнэ дэIэпыкъуныгъэхэм, пенсэхэм я лъэныкъуэкIэ яIэ хуитыныгъэхэр къызэгъэпэща зэрыхъум. Фэ къэвгъэлъагъуэ жыджэрыгъэм цIыхухэм фIэщхъуныгъэ ярет къэралыр захуагъэм зэрытетымрэ къару зэрыбгъэдэлъымкIэ икIи а Iуэхур фи лэжьыгъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэ ды­дэхэм ящыщщ», - жиIащ КIуэкIуэ Казбек.
Къэпсалъэм хэхауэ зэпкърихащ псэу­пIэм, архитектурэм ехьэлIа законодательствэр, къалэр ухуэнымкIэ хабзэхэр гъэзэщIа зэрыхъур. А IэнатIэм ныкъусаныгъэ нэрылъагъухэр щыIэщ. Апхуэ­дэу, къигъэлъэгъуащ республикэм и Унафэ­щIым, дяпэкIи къагъэтIасхъэ хъунукъым псэупIэ-коммунальнэ хозяйствэм и лъэныкъуэкIэ цIыхухэм яIэ хуитыныгъэхэр ­хъума зэрыхъум кIэлъыплъыныр, сыту жыпIэмэ а IэнатIэм иджыри гъэпцIагъэ­хэр щыIэщ, псэупIэ-коммунальнэ Iуэху­тхьэбзэхэр къызэзыгъэпэщхэр я къалэнхэм хьэлэлу щыбгъэдэмыт, мылъкур щызэхадыгъуэ къохъу.
Прокуратурэм иригъэкIуэкI лэжьыгъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэщ хабзэншагъэхэм ебэнынымкIэ хабзэхъумэ органхэм я зэ­фIэкIыр зэгъэуIуныр, республикэм щыIэ хабзэ щытыкIэм зэрызихъуэж щIыкIэр къэлъытэныр. «Коррупцэм и лъабжьэр щIэудыным и лъэныкъуэкIэ прокуратурэм зэфIигъэкIхэр нэхъри нэхъыбэу щытын хуейщ. Къэрал мылъкур къызэрагъэ­сэбэпыр хабзэм къезэгъыу зэрыщытыр къэпщытэнымкIэ, къэралым папщIэ заказхэр щытрагуашэкIэ законым зэрытетым кIэлъыплъыныр абы и лъэныкъуэкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэхэм ящыщщ. Мыбдеж гулъытэншэу къагъанэ хъунукъым бюд­жет ахъшэр зыхухаха мурадхэм тету къызэрагъэсэбэпри.
Урысей Федерацэм и Президентым накъыгъэ мазэм къыдигъэкIа Указыр гъэ­зэщIэным хуэгъэзауэ зэхалъхьа лъэпкъ проект 12-м трагъэкIуэдэн папщIэ къэралым и мылъкушхуэ республикэм хухах. Дэ псоми ди къалэн нэхъыщхьэ дыдэщ ахэр зэгъэзэхуауэ икIи зыхухаха мурадхэм хуэунэтIауэ къэгъэсэбэпыныр», - къигъэлъэгъуащ КIуэкIуэ Казбек.
КъБР-м и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэм къызэрилъытэмкIэ, нэхъ жыджэру елэжьын хуейщ хьэры­чэтыщIэхэм, хозяйствэ зезыхьэ субъектхэм я хуитыныгъэхэр хъумэным.
КIуэкIуэ Казбек зэрыжиIамкIэ, зэпы­мыууэ гулъытэ зыхуэщIыпхъэ адрей IэнатIэхэм ящыщщ социальнэ Iуэхутхьэбзэхэр, егъэджэныгъэм, узыншагъэр хъу­мэным пыщIа Iуэхутхьэбзэхэр къызэзыгъэпэщ IуэхущIапIэхэр. «Апхуэдэу, зэрыгурыIуэгъуэщи, фэ зэпымыууэ фи нэIэ тетын хуейщ республикэм тэмэму зиу­­жьынымкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхум - жылагъуэ-политикэ зэпIэзэрытыныгъэр гъэбыдэным», - къыхигъэщхьэхукIащ къэпсалъэм. КIэухыу КIуэкIуэм къигъэ­лъэ­гъуащ прокуратурэр Урысейм и хабзэ­хъумэ системэм и IэнатIэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщу къызэрекIуэкIыр. Абыхэм къапэщыт къалэн инхэм япэлъэщынур зэфIэкIрэ щIэныгъэрэ зыбгъэдэлъ лэ­жьакIуэхэрщ. Полномочие инхэр къызэ­рыратам къыхэкIыу ахэр дагъуэншэу, нэгъэсауэ щытын хуейщ. «Шэч къытесхьэркъым фи къулыкъум пыщIауэ фэ къывбгъэдэхуэ къалэнхэр щIыхь пылъу зэ­рывгъэзэщIэнум, зэпIэзэрытыныгъэр, законыр, хабзэр хъумэным фхузэфIэкI псори зэрыхэфщIыхьынум, социально-экономикэ зыужьыныгъэр щIэгъэхуэбжьэным, цIыхухэм я псэукIэр егъэ­фIэ­кIуэным хуэгъэзауэ къэралым и Президент Путин Владимир къигъэува стратегие къалэнхэр дэгъэкIыныр ди цIыхубэм я гъусэу къызэрызэвгъэпэщынум», - жиIащ щIыналъэм и УнафэщIым.
 

КъБР-м и Iэтащхьэмрэ и Правительствэмрэ я пресс-IуэхущIапIэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)