МафIэдз Сэрэбий ящыгъупщэркъым

ЩIэныгъэлI, тхакIуэ, тхыдэдж МафIэдз Сэрэбий къызэралъхурэ илъэс 84-рэ щрикъум ирихьэлIэу а лIы щэджащэм и фэеплъ пхъэбгъу дыгъуасэ къыщызэIуахащ ар щы­псэуа, Налшык къалэ дэт унэм.

А Iуэхум кърихьэлIат КъБР-м и Парламентым, Правительствэм я лIыкIуэхэр, щIэныгъэрылажьэхэр, МафIэдзым и ныбжьэгъухэр, благъэ-Iыхьлыхэр, и творчествэр фIыуэ зылъагъухэр.
Лъэпкъ литературэм, тхыдэм, IуэрыIуатэм, егъэджэныгъэм хэмыгъуэщэжын лъагъуэ щыпхызыша Сэрэбий теухуауэ псалъэ дахэ куэд щыжаIащ пэкIум.
КъБР-м щэнхабзэмкIэ и министр Къумахуэ Мухьэдин къыщыпсалъэм жиIащ, иужьрей зэманым хабзэ дахэ хъуауэ, лъэпкъым хуэлэжьа цIыху щэджащэхэр зэрагъэлъапIэр, иджырей зэхыхьэри абы и зы щапхъэу къэпхь зэрыхъунур.
- Сэрэбий щIэныгъэмрэ этнографиемрэ хуищIа хэлъхьэныгъэм и закъуэкъым и цIэр жыжьэ зыгъэ­Iуар. Ар цIыху хьэлэмэтыщэу, акъыл куу зиIэ адыгэлIу щытащ. Абы и псэм и лъэпкъыр, хэкур щигъафIэ зэпытт. Абы и IэдакъэщIэкI «Адыгэ хабзэ» тхылъыр зэрымылъ зы адыгэ унагъуи щыIэу къыщIэкIынкъым.
 Нобэ мы унэм кIэралъхьа пхъэбгъур иджыри зэ щыхьэт тохъуэ лъэпкъым хуэпсэуахэм я цIэхэр зэрымыкIуэдыжыр, - жиIащ Къумахуэм.
КъБКъУ-м и президент, профессор Къарэмырзэ Барэсбий и къэпсэлъэныгъэм МафIэдзым курыт еджапIэм зэрыщригъэджам и мызакъуэу, и класс унафэщIу зэрыщытари къыхигъэщащ. Уеблэмэ Къарэмырзэм и япэ статьяр «Университетская жизнь» газетым къытрезыгъэдзауэ щытар Сэрэбийт.
- А лIы щэджащэр КъБР-м и Къэрал саугъэтым и лауреат тIэунейрэ зэрыхъуар и лэжьыгъэ къызэрымыкIуэхэм я фIыгъэщ. Абы и закъуэщ ди республикэм апхуэдэу исар. «Адыгэ хабзэ» тхылъыр Iэужь мыкIуэдыжщ, абыкIэ дэ хабзэр дджыжым и мызакъуэу, ар мы­кIуэдыжын лъэужь дахэщ. Адыгэ щыпсэу дэнэ къэралми щыIэщ а тхылъыр.
«Адыгэ псалъэ» газетым и редактор нэхъыщхьэ, Къэбэрдей Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэди къызэхуэсахэм захуигъэзащ.
- МафIэдз Сэрэбийрэ сэрэ зэныбжьэгъуфIу дызэрыщытам и мызакъуэу, дызэрызэгъунэгъум и фIыгъэкIэ махуэ къэс дызэрылъагъурт. ИкъукIэ цIыху гъэщIэгъуэнт. Абы адыгэбзэкIэ къытхуигъэна лэжьыгъэхэр фIыгъуэ мылъытэщ. «Адыгэ хабзэ» тхылъыр япэу къыщыдэкIам къызэрымыкIуэу сыщыгуфIыкIат, абы пэхъун тхылъ Кавказ Ищхъэрэм илътэкъым. Гъэ кIуам а тхылъыр Емуз Баязит зэридзэкIри, Тыркум къыщыдэкIауэ щытащ. Абы и лъэтеувэм дэри дыхэтати, а тхылъым, езы Сэрэбий абы къыщыхуащIа пщIэм ди щхьэр лъагэу дигъэлъагъужауэ дыкъэкIуэжат. Абы хуэдэлIкъым ящыгъупщэр. Мы Iуэхур жэрдэм зыщIа псоми фIыщIэ яхузощI. Абы лъэпкъым хуищIар тщымыгъупщэу, дыхуэфащэу Тхьэм дигъэпсэу.
КъыкIэлъыкIуэу псалъэ иратащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.
- Сэ нобэ Парламентым и закъуэкъым сызилIыкIуэр, атIэ благъэ тхуэхъуа МафIэдз лъэпкъми къабгъэдэкIыу сыпсэлъэну сыхуейт. Си жагъуэ зэрыхъунщи, сэ Сэрэбий щыпсэум сцIыхуакъым, иужькIэ и IэдакъэщIэкIхэмкIэ, къыщIэна унагъуэмкIэ нэIуасэ зыхуэсщIауэ аращ. Ар хабзэм тетхыхь къудейтэкъым, атIэ ткIийуэ абы тет цIыхут. Лъэпкъ хабзэхэм теухуа сыт хуэдэ упщIэми и жэуап нэс щыбогъуэт абы и тхы­лъым. Мы дауэдапщэм хэтыну ­къеблэгъа псоми фIыщIэ ин яхуэсщIыну сыхуейщ, - захуигъэзащ абы къызэхуэсахэм.
Сэрэбий и къуэш МафIэдз Борис къызэхуэсахэм зэIущIэм и кIэухыу фIыщIэ псалъэкIэ захуигъэзащ, абы жиIащ и къуэшыр лъэпкъым папщIэ зэрыпсэуар, ауэ щыхъукIи и гугъуехьыр псыхэкIуадэ мыхъуауэ къызэрилъытэр. Абы пщIэ хуэзыщI, зылъытэ цIыхухэр зэрыщыIэм гуш­хуэныгъэ къызэрыхилъхьэри ды­щIигъужащ. Борис щхьэхуэу фIыщIэ хуищIащ Сэрэбий и щIэгъэкъуэну сыт щыгъуи щыта, нобэми лъэп­къым хуэлэжьэн IэнатIэ мытыншыр езыхьэкI ХьэфIыцIэ Мухьэмэд.
МафIэдзым теухуауэ зэIущIэм къы­щыпсэлъащ профессор, КъБР-м Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и  институтым и лэжьакIуэ, Iуэ­рыIуа­тэдж Гъут Iэдэм, КъБР-м и Тха­кIуэхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Беппаев МутIэлип сымэ, нэгъуэщIхэри.
ЗэIущIэм и кIэухым фэеплъ пхъэбгъум удз гъэгъахэр тралъхьащ.

 

Щомахуэ Залинэ. Сурэтыр Къарей Элинэ трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

26.04.2024 - 17:08

ФЭЕПЛЪ ЖЫГ ХАДЭХЭР ЯГЪЭТIЫСЫНУЩ

Урысейм мы гъэм етхуанэу щекIуэкIынущ къыдэкIуэтей щIэблэм я зэхэщIыкIым хэзыгъахъуэ, я щIэжым лъабжьэ быдэ езыгъэщI Iуэхугъуэ дахэ.

26.04.2024 - 17:07

ТЫЗЫЛЫКЪУЭР ПЭЩIЭДЗЭТ

Ди республикэм къухьэпIэмкIэ щежэх Балъкъ и псыхъуэм щхьэщылъагыкI Къэнжал бгыщхьэ тафэ хэшам и Iэхэлъахэм I708 гъэм зыщызэпашауэ щытащ Кърым хъаныгъуэу къэзыухъуреихь лъэпкъхэмрэ къэралыгъуэхэмрэ

26.04.2024 - 09:05

УЭРАМЫР КЪАГЪЭЩIЭРЭЩIЭЖ

Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ Дыгулыбгъуей къуажэм мы махуэхэм щызэрагъэпэщыж Бахъсэным и цIэр зезыхьэ уэрам нэхъыщхьэр.

26.04.2024 - 09:03

ОЛИМП ЧЕМПИОНЫР ЯЩЫГЪУПЩЭРКЪЫМ

Олимп джэгухэм я чемпион Новиков Сергей и фэеплъ дунейпсо зэхьэзэхуэ универсальнэ зауэмкIэ (Унифайт) Мэзкуу областым и Домодедовэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

26.04.2024 - 09:03

КУБОКЫР КЪЫЗДАШЭ

Краснодар крайм иджыблагъэ щрагъэкIуэкIащ Кубаным и Кубокыр футболымкIэ къэхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ зэIуха. Саугъэт лъапIэм щIэбэнащ къэралым и щIыналъэхэм щыщ ныбжьыщIи 150-м щIигъу.