Дыгъуасэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэкIуащ Урысей Федерацэм Кавказ Ищхъэрэм и IуэхухэмкIэ и министр Чеботарёв Сергей. Къэбэрдей-Балъкъэр республикэм и Iэтащхьэм и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ КIуэкIуэ Казбекрэ абырэ щызэпсалъэм къаIэтащ ди щIыналъэм илъэс гъунэгъухэм къриубыдэу игъуэтыну социально-экономикэ зыужьыныгъэр зыхуэунэтIауэ щытыну лъэныкъуэхэр.