ЩIалэгъуалэр къэралым и къару нэхъыщхьэщ

«Урысей зэкъуэт» политикэ партым и ЩIалэгъуалэ гвардием и Къэбэрдей-Балъкъэр щIыналъэ къудамэмрэ ­КъБР-м и Парламентым и ЩIалэгъуалэ палатэмрэ зэгъусэу къызэрагъэпэща «Парламентаризмэм и школ» федеральнэ Iуэхум хыхьэу иджыблагъэ зи чэзу зэIущIэ ирагъэкIуэкIащ.

Абы кърагъэблэгъащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщIым и къуэдзэхэу Афэ­щIагъуэ Михаилрэ Жанатаев Сэлимрэ, Социальнэ политикэмкIэ, лэжьыгъэмрэ узыншагъэр хъумэнымкIэ и комитетым      и унафэщI Къэжэр Хъусен, КъБР-м и       Пар­ламентым и Аппаратым хабзэмкIэ и уп­­равленэм и унафэщI Хьэмыкъуэ Аслъэн.
Къапщтэмэ, Хьэмыкъуэ Аслъэн тепсэлъыхьащ Урысейм и щIалэгъуалэ парламентаризмэм зэрызиужьым. Абы ахэр щигъэгъуэзащ къэралым и ухуэкIэм, Парламентым и лэжьыгъэр къызэрызэ­ригъэпэщымрэ и мыхьэнэмрэ, нэ­гъуэщIхэми.
Къэпсэлъам къыхигъэщащ демократиер щытепщэ, хуитыныгъэхэмрэ социаль­нэ Iуэхухэмрэ гулъытэ хэха щаIэ къэрал зэрамыухуэфынур, щIалэгъуалэр абы и жылагъуэ-политикэ гъащIэм жыджэру хэмытмэ. УнафэщIхэм къэралым и къэ­кIуэнур ирапх щIалэгъуалэм я жыджэрагъым.
Къэжэрым зэригъэпщащ Урысеймрэ хамэ къэралхэмрэ щIалэгъуалэ парламентаризмэм зэрызыщрагъэужь щIы­кIэр. Къэпсэлъам къыхигъэщащ ар ди къэралым къыщызэрагъэпэщын хуей щIэхъуар зэгуэрым щыIа комсомол зэгухьэныгъэхэм ягъэзащIэу щыта мы­хьэнэм хуэныкъуэ зэрыхъуар зэрыарар.
Социологхэм ирагъэкIуэкIа къэхутэ­ныгъэхэм япкъ иткIэ, зэупщIахэм я процент 75-м нэхъ яфIэкъабылщ совет зэманым щIалэгъуалэм зэрадэлажьэу щыта Iэмалхэр ди гъащIэми къыщагъэсэ­бэ­пыныр.
Къэжэр Хъусен жиIащ щIалэгъуалэр зыпэщIэхуэ гугъуехьхэр зэхэгъэкIыныр, ахэр жылагъуэ Iуэхум къыхэшэныр, къэ­ралыр зезыхьэфынухэр гъэхьэзырыныр къайхъулIэныр щIалэгъуалэ парламентаризмэм зэрызрагъэужьым елъытауэ зэ­рыщытынур.
ЩIалэгъуалэм упщIэ зэхуэмыдэхэр иратащ нэхъыжьхэм. Нэхъ жыджэру зыкъэ­зы­гъэлъэгъуахэм тыгъэхэр иратащ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, «Парламентаризмэм и школ» Iуэхум нэхъ къыхэжаныкIым Iэмал зэриIэнур КъБР-м и Парламентым и депутатым и дэIэпыкъуэгъу хъуну. ЦIыхуищ ягъэкIуэнущ Москва къалэм, «ЩIалэгъуалэ гвардие» жылагъуэ зэгухьэныгъэм и штаб нэхъыщхьэм я щIэныгъэм щыхрагъэгъэхъуэн папщIэ.

 

Белгъэрокъуэ Марьянэ. Сурэтыр Елъкъэн Артур трихащ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.

23.04.2024 - 10:01

КОМПЬЮТЕР ЩIЭПХЪАДЖАЩIЭХЭМ ЩАХЪУМЭ

21-нэ лIэщIыгъуэм зыужьыныгъэщIэхэр къытхуихьащ, абы къыдэкIуэуи, псом хуэмыдэу ныбжьыщIэхэр зыщыхъумапхъэ Iуэхугъуэхэри ди гъащIэм къыхихьащ.

23.04.2024 - 09:03

ЕКIУУ ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Орёл къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм каратэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ.