Статьи на кабардинском языке

ЕВРОПЭ ЗЭХЬЭЗЭХУЭР КЪАПОПЛЪЭ

Истамбыл (Тыркум) щекIуэкIащ ТхэквондомкIэ дунейпсо федерацэм и президентым и Европей кубокыр къэхьыным хухэха олимп тхэквондомкIэ  VI дунейпсо зэхьэзэхуэ.

IэпэIас

Еутых Асе - дунаим щызэлъашIэрэ IэпэIас, тыжьынышI. Iашэхэр зышIырэ гъукIэхэр ялIакъо къызэрэхэкIыхэрэмкIэ тиэрэ къыпэу илъэс 374-м щыублагъэу ацIэ Iугъэ. 

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий: Лъэпкъыр зэкъуэгъэувэжынымрэ анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ догъэнэхъапэ

Адыгэхэм ди жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэр - Дунейпсо Адыгэ Хасэр - къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 30 ирикъуащ. А зэманым къриубыдэу абы къикIуа гъуэгуанэм, игъуэта зыужьыныгъэмрэ лъэхъэнэм къыдэкIуа гъэунэхуныгъэхэмрэ ятеухуа упщIэ зыбжанэкIэ иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ ДАХ-м и Тхьэмадэ ­Сэхъурокъуэ Хьэутий.

Хьэткъуэ Аслъэн: зыкъызэрыдужьыжыр солъагъури, ар си гурыфIыгъуэщ

И гъащIэ псор къызыхэкIа лъэпкъым тезыухуа, Тырку къэралыгъуэм Адыгэ хасэхэр къыщызэзыгъэпэща Хьэт­къуэ­ Аслъэн шыщхьэуIум и япэ махуэхэм и мурад нэхъыщ­хьэр зыIэригъэхьэри, и хэкужь щыпсэуну Адыгейм кIуэжат. Апхуэдэ Iуэху дахэр ди нэхъыжьыфIым къызэрыдэхъуам дыщыгуфIыкIыу, хэкужь гъуэгум техьэжын и пэ зыхуэдгъазэри, интервью дэт­щIат и гъащIэм, и къекIуэ­кIыкIам, и гурылъхэм ятеу­хуауэ.

«Шэрджэс дерби-2021»-м дуней псом зыщеубгъу

 Жэпуэгъуэм и 1-м Нартан къуажэм щызэхэтынущ илъэ­сым и шы зэхьэзэхуэ нэхъ ин дыдэр - «Шэрджэс дер­би­-2021». «Гуэрэн» шыгъэжапIэм иджы етIуанэ кърегъэблагъэ шыхэр ямыхъуэжу махуипщIым и кIуэцIкIэ километр 1000 зэпызычыну зи мурад шу ахъырзэманхэр. Ады­гэшым хуаIэ лъагъуныгъэрщ а псори зэзышалIэр. 

СОНЭР ПАШЭЩ

Мы махуэхэм Къэзан щекIуэкIащ самбэмкIэ ныбжьыщIэхэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэралым и щIыналъэ куэдым къикIа зи ныбжьыр илъэс 12-14 ит спортсмен 360-м щIигъу. 
Зи хьэлъагъыр килограмм 54-м нэблагъэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Сонэ Идар зыхэта гупым щригъэкIуэкIа зэIущIи 8-м шэч къызытумыхьэн текIуэныгъэхэр къыщихьащ икIи зэхьэзэхуэм и дыщэ медалыр къыхуагъэфэщащ. 

IЭБУБЭЧЫР И ЩIЭБЛЭ ЩЭДЖАЩЭР

ЦIыхум игъуэт зыужьыныгъэр, и дуней еплъыкIэр, Iуэху зехьэкIэр зыкъомкIэ елъытащ ар къызыхэкIа унагъуэм. Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм щыпсэу Къумахуэхэ Iэбубэчыррэ Куэзэрэ яухуа унагъуэр нэмысрэ хабзэрэ зэрылът, нэхъыжьым – пщIэ, нэхъыщIэм – гъуэгу щигъуэтт. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ яку дэлъу ягъасэрт абыхэм я бынихыр: щIалиплIымрэ хъыджэбзитIымрэ.

115-НЭ КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭР ШУУДЗЭМ И ФЭЕПЛЪ МАХУЭР ЯГЪЭЛЪЭПIЭНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и зэIущIэ иджыблагъэ зэхэтащ. Абы къыщыхалъхьа Iуэхугъуэ зыбжанэм ящыщщ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и махуэр гъэлъэпIэн, щIыналъэм и махуэгъэпсым абы увыпIэ хэха щигъуэтын хуейуэ зэрыщыжаIар.

МОСКВА ЩЕКIУЭКI ЗЭПЕУЭМ ХЭТЩ

ШколакIуэхэм я деж къыщыхалъхьа «Президент зэпеуэхэр» Урысейпсо зэхьэзэхуэм и кIэух Iыхьэм хэтыну зыхуагъэфэщахэр иджыблагъэ ягъэнэIуащ. КъБР-м къыбгъэдэкIыу абы хэтщ Тэрч щIыналъэм щыщ ныбжьыщIэхэр. 

КЪБР-М IЭ ЗЭРЫЩАIЭТЫМ ЗЭРЫКIЭЛЪЫПЛЪЫНУМ ХУАГЪЭХЬЭЗЫРАЩ

Хэхыныгъэхэр республикэм зэрыщекIуэкIым кIэлъыплъынымкIэ жылагъуэ штабыр КъБР-м и Жылагъуэ палатэрщ. А кIэлъыплъыныгъэр зыхуэунэтIар хэхыныгъэхэр зэIухауэ егъэкIуэкIынырщ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке