IЭБУБЭЧЫР И ЩIЭБЛЭ ЩЭДЖАЩЭР

ЦIыхум игъуэт зыужьыныгъэр, и дуней еплъыкIэр, Iуэху зехьэкIэр зыкъомкIэ елъытащ ар къызыхэкIа унагъуэм. Лэскэн ЕтIуанэ къуажэм щыпсэу Къумахуэхэ Iэбубэчыррэ Куэзэрэ яухуа унагъуэр нэмысрэ хабзэрэ зэрылът, нэхъыжьым – пщIэ, нэхъыщIэм – гъуэгу щигъуэтт. ЗэгурыIуэрэ зэдэIуэжрэ яку дэлъу ягъасэрт абыхэм я бынихыр: щIалиплIымрэ хъыджэбзитIымрэ. Еджэныр Къумахуэхэ я унагъуэм щIыпIэ хэха щызыубыд, пщIэ щызиIэ Iуэхугъуэти, зэщхьэгъусэхэр щIэхъуэпсырт я къуэхэу Башир, Мухьэдин, МуIэед, Мурадин, япхъухэу Тосэрэ Анусэрэ щIэныгъэ нэхъыщхьэ, IэщIагъэ екIу ирагъэгъуэтыну. 

А псори зрагъэхъулIэным хунэмысу, 1941 гъэм Хэку зауэшхуэр къэхъеящ. Фронтым япэу Iухьахэм ящыщащ Iэбубэчыр. Бийм иращIылIа зауэ гуащIэхэм псэемыблэжу хэтащ ар икIи абыхэм ящыщ зым хэкIуэдащ. А гуауэшхуэм нэгъуэщIи къыкIэлъыкIуащ. Зауэр зэриухрэ куэд дэмыкIауэ, Куэзэ и къуэхэм ящыщ МуIэед зэуэзэпсэу дунейм ехыжащ. Быныр и закъуэу къигъэтэджын, игъэсэн, иригъэджэн хуейуэ гъащIэм къалэн зыщищIа анэм дежкIэ ари удын хьэлъэт, арщхьэкIэ гуауэм зрыригъэщIыкIакъым Куэзэ. «Гугъэ здэщыIэм гъащIи щыIэщ», - жыхуиIэрати, фIым щыгугъыу, быным ятеубгъуауэ илъэсхэр ирихьэкIащ. Iэбубэчыр зауэм щыдэкIым къыжриIауэ щыта псалъэхэм гъащIэм къыхуигъэушыжащ ар. «СыздэкIуэр зауэщ, псэзэпылъхьэпIэщ. КъэзмыгъэзэжынкIэ хъунущ… Сабийхэм яхуэсакъ, тхуэхъумэ. Iэмал гуэр бгъуэтыххэмэ, егъаджэ», - псалъэхэр Куэзэ и тхьэкIумэм дапщэщи итт.
Iэбубэчыр и уэсятыр игъэзэщIащ Куэзэ.
Къумахуэ зэщхьэгъусэхэм я бын пажэ Башир (1923 - 2006) зауэм и пэ къихуэу къиухат Налшык дэт политпросветтехникумыр. Лэжьыгъэ IэнатIэ тэмэм игъуэтыным хунэмысу, Хэку зауэшхуэр къэхъейри, и ныбжьыр илъэс 18 фIэкIа мыхъуауэ ари фронтым кIуат, и насып къикIри, 1947 гъэм Iэпсэу-лъэпсэууэ къигъэзэжащ. Зи сабиигъуэр властыщIэр щIыпIэм щыщагъэув лъэхъэнэм, зи щIалэгъуэр Хэку зауэшхуэм и илъэсхэм ирихьэлIа Башир щIэныгъэ зэгъэгъуэтыным къыдэкIуэу, нэгъуэщI къалэн куэди и пщэ къыдэхуат. Зи адэр зыщхьэщымытыж унагъуэшхуэм анэм щIыгъуу ари я тегъэщIапIэт, ахэр зыхуей хуэгъэзэнымкIи абы лъэкI къигъэнакъым. Бын нэхъыщIэхэр пIынымкIэ, лъэ быдэкIэ гъащIэм хэгъэувэнымкIэ Куэзэ зыIэригъэхьа ехъулIэныгъэхэм Башир и фIыгъэшхуи хэлът. ЩIалэ нэхъыжьыр здынэс щIэныгъэ лъагапIэхэм, дауи, псом нэхърэ нэхъ щыгуфIыкIыр анэрат.
Зауэ нэужьым Башир къиухащ Краснодар дэт щIыналъэ парт школыр. КъыкIэлъыкIуэу и зэфIэкIым щыхигъэхъуащ КПСС-м и ЦК-м епхауэ лажьэу щыта Парт школ нэхъыщхьэм. Къэрал, парт IэнатIэхэм пэрытащ, журналистикэми жыджэру хэлэжьыхьащ, экономикэ унэтIыныгъэ зиIэ нэтынхэр телевиде-нэм щигъэхьэзыру. Абы и зэфIэкIхэм къыхуахьа лъагапIэ-хэм ящыщщ КъБКъУ-м и егъэджакIуэ нэхъыжьу щIидзэу экономикэмкIэ кафедрэм и унафэщI, университетым и учётно-экономикэ факультетым и декан къулыкъухэм зэрынэсыфар. Мэкъумэш щIэныгъэм зиужьу, ди республикэм КъБКъМА еджапIэ нэхъыщхьэр къызэрыщызэIуахами и лэжьыгъэшхуэ хэлъщ Къумахуэм. Мы зэманым Къэ-бэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университет хъуа а еджапIэр лъэ быдэкIэ увын, езым хуэдэ IэнатIэхэм ефIэкIыу лэжьэн папщIэ, Башир лъэкI къигъэнакъым. Илъэс 20-кIэ ар щытащ экономикэмкIэ кафедрэм и унафэщIу.
Егъэджэныгъэ-гъэсэныгъэ IэнатIэм зэрыпэрыта зэман кIыхьым къриубыдэу абы и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ лэжьыгъэу 150-м щIигъу, монографиехэр, еджапIэ нэхъыщхьэхэм я студентхэр зэрырагъэджэн тхылъхэри хэту. Къумахуэм и дэтхэнэ къэхутэныгъэри мыхьэнэшхуэ зиIэт мэкъумэш IэнатIэр ефIэкIуэнымкIэ. Ахэр ди щIыпIэм шэщIауэ къызэрыщагъэсэбэпам экономикэ и лъэныкъуэкIэ фейдэшхуэ къахуихьащ мэкъумэш IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм. ЩIэныгъэлIым и унафэм щIэту щIэныгъэ-къэхутэныгъэ зэмылIэужьыгъуэхэр ирагъэкIуэкIащ цIыху 20-м щIигъум. Абы иригъэджахэм къахэкIащ щIэныгъэхэм я кандидатхэр, докторхэр, къэрал IуэхущIапIэхэм я унафэщIхэр.
Экономикэ щIэныгъэхэм я доктор япэу ди республикэм щыхъуа профессор цIэрыIуэ, Урысейм и естественнэ щIэныгъэхэмкIэ Академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием, ЩIэныгъэхэмрэ гъуазджэхэмкIэ Петровскэ академием я академик, УФ-м, КъБР-м щIэныгъэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ Къумахуэ Башир Iэбубэчыр и къуэр. ЩIэм и лъыхъуакIуэу щыта Къумахуэ Башир и къалэмыпэм къыпыкIа дэтхэнэ щIэныгъэ-къэхутэныгъэ лэжьыгъэми, щатха зэманым емылъытауэ, ноби мыхьэнэшхуэ яIэщ.
Кавказ бзэщIэныгъэм елэжьахэм я нэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщщ Башир и къуэш нэхъыщIэ Мухьэдин (1928 - 2008). Курыт еджапIэ нэужьым ар щIэтIысхьащ Тбилиси дэт къэрал университетым кавказыбзэхэмкIэ и къудамэм. 1952 гъэм ар фIы дыдэу къиухри, СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием БзэщIэныгъэмкIэ и институтым и аспирант хъуащ. Еджэныр зэфIигъэкIа нэужь, а институт дыдэм кавказыбзэхэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэу ягъэуващ икIи адэкIэ Къумахуэм зэпича щIэныгъэ гъуэгуанэр зэрыщыту а институтым епхауэ екIуэкIащ. Абы япэщIыкIэ кандидат диссертацэр, иужькIэ доктор диссертацэр ехъулIэныгъэкIэ щыпхигъэкIащ.
ЛIэщIыгъуэ ныкъуэм къриубыдэу Къумахуэ Мухьэдин адыгэбзэхэм я фонетикэм, грамматикэм, стилистикэм теухуа щIэныгъэ лэжьыгъэу 200-м щIигъу, абыхэм монографиеу 14 яхэту, игъэхьэзыращ. IуэрыIуатэм и бзэр джыным теухуауэ щIэныгъэлIым иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр ди хэкум и филологие щIэныгъэм лингвофольклористикэ цIэр щызыгъуэта унэтIыныгъэм лъабжьэ хуэхъуащ. Къумахуэ Мухьэдин хэхауэ иджащ кавказыбзэхэр тхыдэм къызэрыщызэдэгъуэгурыкIуар. Абы и лэжьыгъэхэм дуней псом пщIэ къызэрыщыхуащIам и щыхьэтщ Европэм щынэхъыжь икIи щынэхъ цIэрыIуэ дыдэхэм ящыщ, Лунд къалэм (Швецие) дэт университетым и доктор цIэ лъапIэр къызэрыфIащар. Ар Урысейм Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием, Куржым ЩIэныгъэхэмкIэ и академием, ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием я действительнэ члент. Къумахуэ Мухьэдин и монографие зыбжанэ, статья куэд Швецием, Инджылызым, Германием щытрадзащ. ЩIэныгъэлIым фIыщIэ ин бгъэдэлъщ томитI хъу «Къэбэрдей-шэрджэсыбзэр», адыгэхэм я япэ лъэпкъ щIэнгъуазэр дунейм къызэрытехьамкIэ. Аращ а тхылъхэм я проектхэр зи Iэдакъэ къыщIэкIар, я редактор нэхъыщхьэу, щIэныгъэ и лъэныкъуэкIэ унафэщIу щытар. Мыхьэнэшхуэ яIэщ Къумахуэ Мухьэдинрэ абы и щхьэгъусэ, щIэныгъэ лэжьакIуэ Зарэрэ IуэрыIуатэм и бзэмрэ гъащIэмрэ я зэпыщIэныгъэм теухуауэ ятха тхылъищми.
Къэхутэныгъэ лэжьыгъэм, щIэныгъэм ехьэлIа къызэгъэпэщыныгъэ Iуэхухэм къадэкIуэу ар егъэджэныгъэми егугъуащ. Къумахуэ Мухьэдин и унафэм щIэту кавказыбзэхэр джыным пыщIа Iуэхухэм ятеухуа доктор, кандидат диссертацэу 30-м щIигъу ятхащ икIи пхагъэкIащ. Абы къызэригъэпэщащ щIэныгъэм и IэнатIэм пщIэшхуэ щызыгъуэта филологие къэхутэныгъэм и унэтIыныгъэ хэха. Къумахуэ Мухьэдин зэи и нэIэ тригъэкIакъым Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым папщIэ кадрхэр гъэхьэзырыным, а республикэхэм я щIэныгъэлIхэм быдэу япыщIауэ, ядэIэпыкъуу, ядэлажьэу екIуэкIащ.
Филологие щIэныгъэм зегъэужьынымкIэ иIэ фIыщIэхэм папщIэ Къумахуэ Мухьэдин Iэбубэчыр и къуэм Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и щIыхь тхылъхэр къратащ, «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъапIэр къыфIащащ.
Совет, урысей еджагъэшхуэ, профессор, Урысейм Естественнэ щIэныгъэхэмкIэ и академием щIыхь зиIэ и академик, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Рентген оптикэмкIэ институтым и генеральнэ директору, Физикэ оптикэмкIэ институтым и унафэщIу щыта Къумахуэ Мурадин (1941 - 2014) зэш-щIэныгъэлIхэм я нэхъыщIэт.
Иджыри школакIуэу, куэдым гу лъатат Мурадин есэпымрэ физикэмкIэ зэфIэкIышхуэ зэрыбгъэдэлъым. Курыт школыр ехъулIэныгъэкIэ къэзыуха щIалэщIэр тегушхуэри Москва кIуащ, и щIэныгъэм хигъэхъуэну, икIи МКъУ-м ядернэ физикэмкIэ и факультетым щIэтIысхьащ икIи ехъулIэныгъэкIэ къиухащ. Зыхуеджа IэщIагъэмкIэ щIэныгъэ куу зыбгъэдэлъ хъуа Къумахуэм лэжьэн щыщIидзащ МКъУ-м Ядернэ физикэмкIэ и институтым икIи илъэс 15-м щIигъукIэ абы егъэджакIуэу щыIащ. 1978 гъэм щIэныгъэлIыр ирагъэблэгъащ Курчатов Игорь и цIэр зезыхьэ, Атом энергиемкIэ институтым и лабораторэм и унафэщIу. А зэманыращ Мурадин дунейпсо цIэрыIуагъ къыхуэзыхьа, «Къумахуэм и эффект» цIэр щIэныгъэ дунейм щызыгъуэта абы и къэхутэныгъэ къызэрымыкIуэр наIуэ къыщыхъуар. Кристаллхэм электромагнит бзий лъэщ къызэрыхэкIым теухуа а къэхутэныгъэхэр лабораторэ лэжьыгъэхэмкIэ Америкэм нэрылъагъу щащIа нэужь, а физикэ къэхъукъащIэм Къумахуэм и цIэр фIащащ икIи абы дунейпсо щIэныгъэм унэтIыныгъэщIэ къыщызэIуихащ. Абы щхьэкIэ Къумахуэ Мухьэдин тIэунейрэ ягъэлъэгъуауэ щытащ Нобель и цIэр зезыхьэ дунейпсо саугъэтыр къратыну.
ХХ лIэщIыгъуэм и 80 гъэхэм еджагъэшхуэм аргуэру къэхутэныгъэ хьэлэмэт хэIущIыIу ищIащ. Абы рентген бзийхэр зыунэтI IэмалыщIэхэр къыхилъхьащ икIи рентгено-оптикэ, нейтронно-оптикэ системэхэм я технологиемрэ абы папщIэ Iэмэпсымэхэмрэ игъэхьэзыращ. Дуней псом абыхэм щыфIащащ «Къумахуэм и оптикэ», «Къумахуэм и линзэ» цIэхэр. 1991 гъэм Къумахуэ Мурадин и пашэу Рентгено-оптикэ системэхэм я институт къызэIуахащ. Абы къыдэкIуэу ар «Курчатовым и институт» Урысей щIэныгъэ центрым и лабораторэм и унафэщIт, апхуэдэу нэгъуэщI къэрал зыбжанэм я академиехэм, университетхэм щIыхь зиIэ я лэжьакIуэт. Илъэс 28-кIэ ар зи унафэщIу щыта институтым технологие лъагэхэм ятещIыхьа къэхутэныгъэ гъуэзэджэу 10 хуэдиз щаубзыхуащ. Ахэр къагъэсэбэпу хуежьэмэ, япэкIэ зэрыщытам хуэдэу, Урысейм бжьыпэр щиубыдыжыфынущ хьэршым, микроэлектроникэм, медицинэм, биологием, наноиндустрием, микромеханикэм, авиацэм, ХХI лIэщIыгъуэм и зыужьыныгъэхэр зыубзыху нэгъуэщI IэнатIэ хэхахэм.
Рентген оптикэмкIэ институтыр къызэзыгъэпэща икIи абы и унафэщI Къумахуэм пщIэшхуэ хуащIу 1992 гъэм хагъэхьат Германием физикэмкIэ и щIэныгъэ зэгухьэныгъэм. 2008 гъэ лъандэрэ хэтт РАН-м Аналитикэ химиемкIэ и щIэныгъэ советым.
Къумахуэ Мурадин щIэныгъэ лэжьыгъэу 250-м щIигъу, монографиеу 10 къытрыригъэдзащ. И къэхутэныгъэ къызэрымыкIуэхэм къапэкIуа урысейпсо, дунейпсо патенту 95-рэ иIэт. Совет, урысей щIэныгъэм япэкIэ къыщымыхъуауэ, ар къэрал куэдым зэщIыгъуу къыдагъэкI «RadIatIon Effects and Defects In SolIds» журналым КъуэкIыпIэ ЕвропэмкIэ и къудамэм и редактору илъэс 20-м щIигъукIэ лэжьащ. Абы пщIэшхуэ зиIэ SPIE дунейпсо щIэныгъэ организацэм и дипломрэ саугъэтрэ къратащ, а зэгухьэныгъэм щIыхь зиIэ и лэжьакIуэу щытащ. Апхуэдэу Къумахуэм къыхуагъэфэщащ Урысейм ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием и ЩIыхь тхылъымрэ ахъшэ саугъэтымрэ. Инженер-оптикхэм я дунейпсо зэгухьэныгъэм и саугъэтым и лауреат хъуащ 2002 гъэм. Физикэ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хуищIа хэлъхьэныгъэ инхэм папщIэ Къумахуэ Мурадин дыжьын фэеплъ пхъэбгъу къыщыхузэIуахащ США-м и Католическэ университетым. Къэралыр зэрыгушхуэщ и цIэм ещхьу зи мурадхэр ину, IуэхущIафэхэр екIуу псэуа Къумахуэ Мурадин и гъащIэ купщIафIэр.
ЩIалэхэм я мызакъуэу, хъыджэбзхэу Тоси Ануси щIэныгъэ нэхъыщхьэ яригъэгъуэтащ Куэзэ. Зэшыпхъухэм КъБКъУ-р къаухащ. Тосэ и щIэныгъэм щыхигъэхъуащ Ростов къэрал университетым и аспирантурэм. 1962 гъэм ар къиухащ, и къэхутэныгъэ купщIафIэхэр зи лъабжьэу игъэхьэзыра и лэжьыгъэр ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIри, биологие щIэныгъэхэм я кандидат хъуащ. КъэкIыгъэхэм я физиологие унэтIыныгъэмкIэ зэфIэкIышхуэ зыбгъэдэлъа Тосэ и къалэмыпэм къыпыкIащ щIэныгъэ тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэу 60-м щIигъу. Адэ-анэ IэфIым, и анэкъилъху щэджащэхэм я фэеплъыр ехъумэ быным ящыщу псэуж Анусэ. Абы пщIэрэ щIыхьрэ иIэу адыгэбзэмрэ литературэмрэ илъэс куэдкIэ щригъэджащ я курыт школым. Анусэ иригъаджэ сабийхэр адрейхэм къахэщырт ябгъэдэлъ щIэныгъэкIи яхэлъ гъэсэныгъэкIи. Апхуэдэ Iуэху зехьэкIэ екIум и лъабжьэр, дауи, къыщежьар ар къызыхэкIа унагъуэ гъуэзэджэрат.
Лъэпкъ щIэныгъэм и зыужьыныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIахэм, абы и лъагапIэхэм нэсыфа щэджащэхэм ящыщт Къумахуэ зэщхьэгъусэхэу Iэбубэчыррэ Куэзэрэ я бынхэр. Ди къэралри, республикэри, щалъхуа Лэскэн ЕтIуанэ къуажэри зэрыгушхуэщ Къумахуэ зэшхэм я гъащIэ купщIафIэр. А нэхъыжьыфIхэм я щапхъэм тету, ахэр я гъуэгугъэлъагъуэу мэпсэу зы анэ къилъхуахэм къащIэхъуэ щIэблэр. Къумахуэ зэрыбыным я цIэхэр лъэпкъ тхыдэм къыхэнащ, абыхэм зэрахьа лIыгъэр зэманым фагъуэ зэи дэхъуну къым.
 

ЖЫЛАСЭ Маритэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)