Статьи на кабардинском языке

ЩIЭДЗАПIЭ ДАХЭ

И ныбжькIэ щIалэми, лэжьыгъэ гъуэгуанэшхуэ и щIыбагъ къыдэмылъми, зыпэрыт Iуэхум фIыуэ хэзыщIыкI IэщIагъэлIу зыкъигъэлъэгъуащ дохутыр ныбжьыщIэ ЛIыхъугу Аринэ. Налшык къалэ клиникэ сымаджэщ №1-м коронавирус узыфэ зэрыцIалэм щеIэзэу щыIэ госпиталым езым и жэрдэмкIэ мазиплIкIэ щылэжьащ а пщащэр.

«ЖЫЛАКIЭР» МЕЙКЪУАПЭ ЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Абхъаз къэрал щIалэгъуалэ театрым иджыблагъэ Мейкъуапэ къалэ щигъэлъэгъуащ Абхъазым и цIыхубэ тхакIуэ Шинкубэ Бэгърат и «ЖылакIэ» романым къытрищIыкIа спектаклыр.

ЖЭПУЭГЪУЭМ И 14-Р МЭЗГЪЭФIЭНХЭМРЭ ЛЪЭПКЪ ПАРКХЭМРЭ Я ЛЭЖЬАКIУЭХЭМ Я МАХУЭЩ

Дызэрыщыгъуазэщи, дыкъэзыухъуреихь дунейм хэхауэ яхъумэ и щIыпIэхэр (мэзкъуэдыхэмрэ мэзгъэфIэнхэмрэ) IэмалыфIщ щIыуэпсыр зэрыщытам хуэдэу къызэтегъэнэнымкIэ.

ИЛЪЭС 30 ГЪУЭГУАНЭ

Адыгэ Республикэр къызэрызэрагъэпэщрэ илъэс 30 зэрырикъур Iэтауэ ягъэлъэпIащ ди къуэшхэм. Абы и тхыдэ напэкIуэцIхэм уриплъэжмэ, I922 гъэм бадзэуэгъуэм и 27-м ВЦИК-м и Президиумым Унафэ къыдигъэкIауэ щытащ Шэрджэс (Адыгей) автоном область зэраухуэмкIэ. Абы и цIэр 1922 гъэм шыщхьэуIум и 24-м Адыгей (Шэрджэс) автоном областу зэрахъуэкIат.

АДЫГЭШЫМРЭ АДЫГЭЛIЫМРЭ ЗЭРЫЗЭКЪУЭТЩ

Нартан къуажэм къедза «Гуэрэн» шыгъэжапIэм махуипщIкIэ щекIуэкIа «Адыгэш зэхьэзэхуэр» («Черкесское дерби») и кIэм нэблэгъащ. Жэпуэгъуэм и 10-м, шухэм иужьрей километри 100-р зэрызэпаупщIу, гуфIэгъуэ пшыхьым зэхуишэсащ зэхьэзэхуэм хэтахэр, абыхэм я къэпщытакIуэхэр, адыгэшыр фIыуэ зылъагъухэр.

ТЫРНЫАУЗ ДЭТ КОМБИНАТЫР ЗЭФIАГЪЭУВЭЖЫНУЩ

Тырныауз вольфрам-молибден комбинатыр ирагъэжьэжын папщIэ, «ИнфраВЕБ» компанием къыхилъхьэнущ сом мелуан 750-рэ.
Апхуэдэ хъыбар къралъхьащ «ВЭБ.РФ» къэрал зыужьыныгъэ корпорацэм и сайтым. 
«ИнфраВЭБ» финанс компанием зэгурыIуэныгъэ ярищIылIащ Iуащхьэмахуэ бгы рудник комбинатымрэ Невинномысск гидрометаллург заводымрэ.

Тырныауз дэт комбинатыр ирагъэжьэж

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбекрэ Iуащхьэмахуэ бгы рудник комбинатым и унафэщI Ушаков Игоррэ Тырныауз и ­вольфрамымрэ молибденымрэ я къы­щIэхыпIэр зэтеублэжыным ехьэлIа Iуэхур ирагъэжьащ. 

Тыншрэ щынагъуэншэу

УФ-м щылажьэ курыт школхэм я автопаркыр къэ­гъэ­щIэ­рэ­щIэжыным сыт щыгъуи гулъытэ щы­хуащI ди къэралым. А Iуэхугъуэм лъабжьэ хуэхъур «Къуа­жэм бгъэдэлъ зэфIэкIхэм хэ­гъэхъуэ­ныр» федеральнэ про­грам­мэращ. Абы ипкъ иткIэ ­УФ-м и Правительст­вэм фокIадэ мазэм унафэ ­къищтауэ щытащ апхуэдэ атомашинэ мини 4-м ­щIигъу школакIуэхэм пап­щIэ къызэращэхунумкIэ.

«ДыгъафIэ къалэр» нэхъыфIхэм халъытэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и къалащхьэ Налшык дэт, ТворчествэмкIэ сабий академие «ДыгъафIэ къалэ» лицейр къэралым и еджапIэ нэхъыфIу 50-м хэхуащ. Зэгъэпщэныгъэ зэмы­лIэу­жьыгъуэхэр щIэх-щIэ­хыу­рэ езыгъэкIуэкI RAEX агентствэм къихутащ а IуэхущIапIэм и гъэсэнхэм ящыщ куэд къэралым и еджапIэ нэхъыщхьэхэм я «Медицинэ» унэтIыныгъэм лъэпощхьэпоуншэу зэ­ры­щIэтIысхьэфыр.

Зауэр щиухыр гъыбзэ щыхуамыусыжырщ

Адыгэ къуажэхэм дэлъ фIыгъуэ нэхъыщ­хьэхэм ящыщщ абы дэс нэхъыжьыфIхэр. Ахэр зыщIэс унэм къыщыхъу щIэблэр нэхъ лъэ быдэкIэ щыту къотэдж. Ахэращ уна­-гъуэм, лъэпкъым я унафэр зыIэщIэлъри, хэкIыпIэм я нэхъыфIымрэ пэжымрэ къэзы­гъуэтыфри. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке