Статьи на кабардинском языке

СОМ МИНИ 100 ХЪУ АХЪШЭ САУГЪЭТХЭР КЪАIЭРОХЬЭ

Коронавирус узыфэ зэрыцIалэ лIэужьыгъуэщIэм зэрыпэщIэт вакцинэр зыхезыгъэлъхьа цIыхухэр зэрагъэпажэ программэм хыхьэу къызэрагъэпэща лотерее джэгум и япэ Iыхьэр зэфIэкIащ. Фигу къэдгъэкIыжынщи, ахъшэ саугъэтхэр къахьыну Iэмал яIэщ зи ныбжьыр илъэс 18-м щIигъуауэ мастэр зыхезыгъэлъхьа дэтхэнэ зыми. 

МЕДИЦИНЭМКIЭ ДУНЕЙПСО ЩIЭНЫГЪЭ ЗЭХУЭС

ЩIэныгъэмрэ технологиемрэ я Илъэсым ипкъ иткIэ, Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым мы махуэхэм щокIуэкI «Медицинэм хуэгъэпса щIэныгъэ: технологие зэхэлъхэр, иджырей Iэмэпсымэхэр, медицинэм къыщагъэсэбэп физикэ Iэмалхэр» II дунейпсо щIэныгъэ-къэхутэныгъэ зэхуэсыр.

ДУНЕЙПСО КУБОКЫМ ЗЫХУЕГЪЭХЬЭЗЫР

Мас-рестлингымкIэ Дунейпсо кубокыр къэхьыным и етIуанэ Iыхьэр мы махуэхэм Истамбыл щекIуэкIащ. Абы хэтащ къэрал II-м къикIа спортсмен 200-м щIигъу.

АДЫГЭХЭМ Я МАХУЭР - КЪУАЖЭМ

Къармэхьэблэ къуажэм Адыгэхэм и махуэр щагъэлъэпIащ. Ар щекIуэкIащ ЩэнхабзэмкIэ унэм. Лъэпкъым и дунеймрэ и шыфэлIыфэмрэ къэзыIуатэ уэрэдхэр, адыгэ къафэр, пшынэр, усыгъэр щызэщIэта пшыхьыр гуапэт. Абы зыщагъэпсэхуащ къуажэдэс нэхъыжьхэми ныбжьыщIэхэми.

КЪБР-М И IЭТАЩХЬЭ КIУЭКIУЭ КАЗБЕК ПЕРМЬ И КЪЭРАЛ УНИВЕРСИТЕТЫМ ЩЫХЭКIУЭДАХЭМ Я IЫХЬЛЫХЭМРЭ Я БЛАГЪЭХЭМРЭ ЯХУЭГУЗЭВАЩ

«Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм гущIыхьэ ящыхъуащ Пермь къэрал университетым нобэ къыщыхъуам теухуа хъыбар гузэвэгъуэр. Ди республикэм исхэм я цIэкIэ си гукIи си псэкIи сахуогузавэ хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэмрэ я благъэхэмрэ, Пермь крайм и цIыху псоми. Фэбжь зыгъуэтахэм я узыншагъэр икIэщIыпIэкIэ зэтеувэжыну ди гуапэщ,- Инстаграмым щиIэ напэкIуэцIым иритхащ КIуэкIуэ Казбек.

НЬЮ-ДЖЕРСИ НЭСА ГУАЩЭХЭР

Налшык къалэм щыщ программист Бер Марьянэ Интернетым щиIэ блогым езым ид гуащэ цIыкIухэр щегъэлъагъуэ. Дэрбзэр IэщIагъэм хуемыджами, Марьянэ и IэдакъэщIэкIхэр къызэрехъулIэр къегъэлъагъуэ гуащэхэм щIэупщIэ зэраIэм. Ахэр нэсагъэххэщ Нью-Джерси, Москва къалэхэм, Иорданием, Куржым, КъуэкIыпIэ Гъунэгъум я щIыналъэхэм. Марьянэ къызэрыджиIамкIэ, и зы гуащэ цIыкIу Парижи здахьащ.

ЕВРОПЭ ЗЭХЬЭЗЭХУЭР КЪАПОПЛЪЭ

Истамбыл (Тыркум) щекIуэкIащ ТхэквондомкIэ дунейпсо федерацэм и президентым и Европей кубокыр къэхьыным хухэха олимп тхэквондомкIэ  VI дунейпсо зэхьэзэхуэ.

IэпэIас

Еутых Асе - дунаим щызэлъашIэрэ IэпэIас, тыжьынышI. Iашэхэр зышIырэ гъукIэхэр ялIакъо къызэрэхэкIыхэрэмкIэ тиэрэ къыпэу илъэс 374-м щыублагъэу ацIэ Iугъэ. 

СЭХЪУРОКЪУЭ Хьэутий: Лъэпкъыр зэкъуэгъэувэжынымрэ анэдэлъхубзэр хъумэнымрэ догъэнэхъапэ

Адыгэхэм ди жылагъуэ зэгухьэныгъэ нэхъ ин дыдэр - Дунейпсо Адыгэ Хасэр - къызэрызэрагъэпэщрэ мы гъэм илъэс 30 ирикъуащ. А зэманым къриубыдэу абы къикIуа гъуэгуанэм, игъуэта зыужьыныгъэмрэ лъэхъэнэм къыдэкIуа гъэунэхуныгъэхэмрэ ятеухуа упщIэ зыбжанэкIэ иджыблагъэ зыхуэдгъэзащ ДАХ-м и Тхьэмадэ ­Сэхъурокъуэ Хьэутий.

Хьэткъуэ Аслъэн: зыкъызэрыдужьыжыр солъагъури, ар си гурыфIыгъуэщ

И гъащIэ псор къызыхэкIа лъэпкъым тезыухуа, Тырку къэралыгъуэм Адыгэ хасэхэр къыщызэзыгъэпэща Хьэт­къуэ­ Аслъэн шыщхьэуIум и япэ махуэхэм и мурад нэхъыщ­хьэр зыIэригъэхьэри, и хэкужь щыпсэуну Адыгейм кIуэжат. Апхуэдэ Iуэху дахэр ди нэхъыжьыфIым къызэрыдэхъуам дыщыгуфIыкIыу, хэкужь гъуэгум техьэжын и пэ зыхуэдгъазэри, интервью дэт­щIат и гъащIэм, и къекIуэ­кIыкIам, и гурылъхэм ятеу­хуауэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке