|
Статьи на кабардинском языке
2 октября, 2021 - 05:00
Щэн-щэхуэным иуфэбгъуа ди хъуреягъым цIыху гухэлъыр нэгъунэ ахъшэм и унафэм щIэту къыпщегъэхъу.
2 октября, 2021 - 04:59
IэпщIэлъапщIэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадэгъуэгурыкIуэ IэщIагъэхэм пызыщэхэр диIэщ. А Iуэхум елэжьхэм ящыщщ УФ-м и цIыхубэ IэпщIэлъапщIэ Тубей Валерэ и унагъуэр. И щхьэгъусэ ФатIими, и къуэ Мурати, езыри йолэжь пхъэм хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр къыхэIущIыкIыным.
2 октября, 2021 - 04:58
ФокIадэм и 27-28-хэм Налшык къалэ щыхьэщIащ Ленинград областым и къэрал симфоние оркестрыр (и художественнэ унафэщI, дирижёр, КъБР-м и цIыхубэ артист Голиков Михаил и гъусэу), Адыгейм щIыхь зиIэ и артисткэ Чэныб Нэфсэт, КъБР-м и цIыхубэ артист Къэбэрдокъуэ Мурат, «Голос» телезэпеуэм щытекIуа, КъБР-м щIыхь зиIэ и артист Бэрбэч Аскер сымэ. Абыхэм концерт инхэмкIэ къалэдэсхэр ягъэгушхуащ.
1 октября, 2021 - 05:31
Мы цIэр зезыхьэ жылэшхуэу къалэ теплъэ зиIэр Краснодар крайм и Мостовской районым итщ. Километр 12 и кIыхьагъми, абы хуиту зригъэзэгъащ Лабэ ЦIыкIу щежэх тIуащIэм Къырылъэ шытхыр «щызэпитхъым» ипщэ лъэныкъуэмкIэ къедза щIыпIэ зэлъыIухам деж.
1 октября, 2021 - 05:30
Уафэм дыщеплъкIэ, дэ къытфIощI абы и джабэм вагъуэхэр кIэрыту, ахэр дэ зэрытпэжыжьэр зэхуэдизу, нэхъ иныр ину, нэхъ цIыкIур цIыкIуу тлъагъуу, нэхъ нурыр нэхъ иныр арауэ. ЖаIэу щытащ дыгъэр, мазэр, вагъуэр зэуэ зэдэзылъагъур жэнэтым кIуэну. Вагъуэр убжу ядэртэкъым, вагъуэу къыубжам и бжыгъэ хьэмцIыракIэ къыптекIэнущ, жаIэрт.
1 октября, 2021 - 05:29
Хабзэ хъуауэ, ди къэралым илъэс къэс щокIуэкI «ТекIуэныгъэ» урысейпсо дзэ-спорт джэгухэр. УФ-м хыхьэ щIыналъэхэм джэгу-зэпеуэхэр щекIуэкIакIэщ. Iуэхум и кIэух зэхыхьэр мыгувэу Москва щекIуэкIынущ. Ар къыщызэрагъэпэщынущ щыхьэрым и Iэшэлъашэм щыIэ «Хэкупсэ» паркышхуэм. Абы хэтщ къэралым и «Армие ныбжьыщIэ» зэщIэхъееныгъэм къызэщIиубыдэ гуп куэд.
30 сентября, 2021 - 06:14
«Къалэхэм телъыджэу дэлъымрэ дунейм зыщыплъыхьыным гъуэзэджэу хэлъымрэ зи щIасэхэм папщIэ тыгъэ», - аращ и цIэр щIы хъурейм зыщиплъыхьу и нэгу щIэкIахэр къалэмкIэ къэзыIуэтэжа дунеяплъэ цIэрыIуэ Ибн БэтIутIэ и тхылъым.
30 сентября, 2021 - 06:13
СурэтыщI-модельер, дизайнер, Адыгейм щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Адыгэ Республикэм и Къэрал саугъэтыр зыхуагъэфэща, «Лиги мира» республикэ жылагъуэ зэгухьэныгъэм и саугъэтыр зрата СтIащ Юрэ Мэхьмуд и къуэм и ныбжьыр мы махуэхэм илъэс 90 ирикъуащ.
30 сентября, 2021 - 06:12
Ди лъэпкъым сытым дежи къыдекIуэкI хабзэ дахэм къыдэкIуэу, езыхэм я хьэл-щэн, дуней еплъыкIэ, акъыл жан яIэу щытащ. Дунейм и къэхъугъэ зэхуэмыдэхэм набдзэгубдзаплъэу кIэлъыплъырти, къызыхэкIамрэ къызэрыщхьэпэнымрэ акъыл хэлъу зэхагъэкIыфырт.
29 сентября, 2021 - 06:45
Балэ – хыв пIащэфIым щхьэкIэ жаIэ. Псалъэр ХьэтIохъущыкъуейхэм я дежщ щызэхэтхар.
Бэлахъуэ – хывыхъуэ.
Был Iуэгъуэ – зы макъ къыжьэдэкIыркъым, жыхуиIэщ.
Бырамбыху джанэ – цIыхубз жэщ джанэ. Бешкъэзакъхьэблэхэм къахьыжа псалъэщ.
Гуажэ хуэхъун – и жагъуэ хъун, жыхуиIэщ.
Гуащэв – гуащэм хуагъасэ вы.
Гъэрэхъу-щIэрэхъу – шы удэфа, шхэкъуа, сэхъуа.
Страницы
|