115-НЭ КЪЭБЭРДЕЙ-БАЛЪКЪЭР ШУУДЗЭМ И ФЭЕПЛЪ МАХУЭР ЯГЪЭЛЪЭПIЭНУЩ

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Жылагъуэ палатэм и зэIущIэ иджыблагъэ зэхэтащ. Абы къыщыхалъхьа Iуэхугъуэ зыбжанэм ящыщщ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и махуэр гъэлъэпIэн, щIыналъэм и махуэгъэпсым абы увыпIэ хэха щигъуэтын хуейуэ зэрыщыжаIар.
«Ди хэкуэгъухэм зэрахьа лIыгъэр зыщыбгъэгъупщэ хъунукъым, я фэеплъыр хъумэным хуэунэтIауэ щыIэ хэкIыпIэ псоми хэплъэн хуейщ, Iэмал зэриIэкIэ гъащIэми хэпщэн хуейщ», - жиIащ псалъэмакъым щиублэм Жылагъуэ палатэм и унафэщI Берд Хьэзрэталий.
Абы иужькIэ къэпсэлъащ палатэм щэнхабзэмрэ хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм ядэлэжьэнымкIэ и къудамэм щыщ, «Мирт» жылагъуэ-щэнхабзэ проектхэр гъэзэщIэнымкIэ зэгухьэныгъэм и къызэгъэпэщакIуэ Уэрдокъуэ Юлэ. Абы Хэку зауэшхуэм и тхыдэр, ди щIыналъэм и щIалэхэм ТекIуэныгъэм хуащIа хэлъхьэныгъэр джыным хуэунэтIауэ зэхалъхьа «Бэракъыр лъагэу Iэтауэ» проектым и гугъу ищIащ.
«Пэжыр жысIэнщи, 115-нэ шуудзэм и хъыбарыр зэхэсхами, ар зэрызэуам, апхуэдизу и цIэр щIаIэтым теухуауэ сщIэ щыIэтэкъым. Ауэ шым тес ди щIалэхэр танкыдзэм зэрыпэщIэтар, бийр къыздэсам къыфIамыгъэкIын щхьэкIэ шыщхьэмыгъазэу зэуапIэм зэритар щызэхэсхам, куэдрэ зыкъысхуэщIэжакъым, гущIэ лъащIэ псомкIэ ар апхуэдизкIэ зэхэсщIати. Абдеж къыщезгъажьэри, 115-нэ шуудзэм теухуауэ сыт згъуэтми зэхуэсхьэсу, зджыуэ, Iэмал зэриIэкIэ абыкIэ цIыхухэм садэгуашэу щIэздзащ, - жиIащ Уэрдокъуэм. - Си гур щIоуз ди зауэлI щIалэхэм я фащэ екIухэр махуэщI пэкIу закъуэм фIэкIа щатIэгъэжыну Iэмал зэрамыIар. 1942 гъэм и накъыгъэ мазэм 115-нэ шуудзэм хэхуа щIалэхэр Налшык къалэ, Къэбэрдей уэрамым деж, даущ макъышхуэм щIэту ирикIуэри, я гъуэгур я занщIэу Ростов щIыналъэм кIуауэ щытащ. Дыгъуасэ курыт еджапIэр къэзыуха щIалэщIэ дыдэхэм щегъэжьауэ зи ныбжьыр илъэс щэ ныкъуэм щхьэдэхауэ абы хэта дэтхэнэ зы зауэлIми и цIэр тщIэжыныр, ди щIэблэр абы я лIыгъэм щыгъэгъуэзэныр иджырей политикэ гъащIэм кърихьэкI жьыбгъэукъым къэлъытэн зэрыхуейр, атIэ, пэж дыдэу, ар ди блэкIауэ, дымыщIэмэ, къэкIуэн дызэримыIэр ди фIэщ хъууэщ щIалэгъуалэм зэрабгъэдэлъхьэн хуейр. Мы сызытепсэлъыхьар гукIэ зэрызэхэсщIарами, иужькIэ Iуэху сщIыуэ нэхъ куууэ селэжьыну сызэрыхуежьарами, нахуэ хъуащ 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм хуэфащэ пщIэ зэримыгъуэтар, абыхэм я Iуэхур Iэмал зэриIэкIэ къэIэтыжын зэрыхуейр. Апхуэдэурэ къэунэхуащ «Бэракъыр лъагэу Iэтауэ» зыфIэтща проектыр. Си псалъэр къэзгъэсэбэпу, фIыщIэ хуэсщIыну сыхуейт Жылагъуэ палатэм, ар къызэрыздаIыгъам, игъуэу къызэралъытам папщIэ».
Уэрдокъуэ Юлэ адэкIэ и гугъу ищIащ проектым хэтхэр 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и бэракъым куэд дыдэрэ зэрылъыхъуар, абы щIэупщIэурэ Урысей Федерацэм ЗыхъумэжыныгъэмкIэ и министерствэм и Архив Нэхъыщхьэу Подольск дэтми зэрыщылэжьар, Хэку зауэшхуэм и тхыдэмрэ фэеплъ щIэинхэр хъумэнымрэ хуэгъэпса музейхэм зэрызыхуагъэзар.
«ЩэкIуэгъуэм и 13-м илъэс 80 ирокъу 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэр къызэрызэрагъэпэщрэ. А махуэр шуудзэм и фэеплъ махуэу, илъэс къэси дгъэлъапIэу махуэгъэпсым хэгъэувэныр тэмэму къызолъытэ. Апхуэдэу шуудзэм и лIыгъэмрэ и хахуагъэмрэ къызытещ фэеплъ бэракъи тщIыныр сфIэзахуэщ. Сыт хуэдэ махуэщIми хуэдэу, щэкIуэгъуэм и 13-м курыт еджапIэхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, къэрал икIи жылагъуэ IуэхущIапIэхэм 115-нэ шуудзэм и фэеплъыр зыIэт зэхыхьэхэр, зэхуэсхэр, «Iэнэ хъурейхэр», зэпеуэхэр екIуэкIынри гъэсэныгъэ лэжьыгъэм щыщщ. 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм зи бын е зы Iыхьлы гъунэгъу хэмыта унагъуэ куэд ди щIыналъэм щыпсэуркъым, щIалэхэм ятеухуа гукъэкIыжхэр иджыри яхъумэ, ахэр зыцIыхуж нэхъыжьхэр иджыри псэущ. АтIэ, цIыхухэм я унагъуэ икIи хэгъэгу тхыдэм епха шуудзэм и фэеплъ махуэ щыIэн хуейкъэ?» - жиIащ Уэрдокъуэм, гъэсэныгъэ лэжьыгъэ шэщIа егъэкIуэкIынымкIи, щIалэгъуалэр хэкупсэ-лъэпкъыгуу къэгъэтэджынымкIэ абы иIэ мыхьэнэм тригъащIэу.
Уэрдокъуэм иужькIэ къэпсэлъа Гулажын Беслъэн и гугъу ищIащ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ Ростов щIыналъэмрэ зэпымыууэ щекIуэкI къэлъыхъуэныгъэ лэжьыгъэхэм. «Германием щыIа дзэ гупхэм я ветеранхэм я советым» и секретарь, «Кавказ гъунапкъэхэр» къэлъыхъуакIуэ гупым и къызэгъэпэщакIуэхэм ящыщ Гулажыным илъэс Iэджэ хъуауэ 115-нэ шуудзэм и тхыдэр къехутэ.
«115-нэ шуудзэр щызэуар Ростов щIыналъэм хиубыдэ Мартыновкэ къуажэм и Iуэгъуэблагъэхэрщ. Къыхэгъэщын хуейщ, ди щIалэхэм я фэеплъыр хъумэным теухуауэ а къуажэм дэсхэм дэ нэхърэ куэдкIэ нэхъыбэ зэращIэри, зэрахузэфIэкIари. Мартыновкэ дэт курыт еджапIэми къэрал IуэхущIапIэхэми абдеж щекIуэкIа зауэ гуащIэм и фэеплъыр щахъумэ, музей къыщызэрагъэпэщащ, уэрамхэм лIыхъужьхэм я цIэхэр фIащащ. II5-нэ шуудзэм хэтахэр дэ дыщихэкуэгъукIэ, къыттехуэт я фэеплъыр иджыпсту зэрыщытым нэхърэ нэхъ лъагэу къэтIэтыну», - жиIащ Гулажыным, Iуэху екIуэкIри гукъеуэ иIэри зэхэту.
Апхуэдэу, Мартыновкэ деж щекIуэкIа зауэм хэкIуэда куэдым я кхъащхьэхэр къызэрагъуэтыжми, а хъыбарыр Iыхьлыхэм зэрылъагъэIэсыжми и гугъу ищIащ Гулажын Беслъэн. «Зи лъэужь дытеувэ щIалэхэм я бжыгъэм иужьрей илъэсхэм хэпщIыкIыу хохъуэ. ЗэрыжаIэщи, иужьрей зауэлIыр щIэплъхьэжыхукIэ зауэм кIэ иIэкъым. ДыхущIокъу 115-нэ шуудзэм хэта дэтхэнэми я Iуэху къызэрекIуэкIар зэхэдгъэкIыну, къылъыс пщIэр еттыжыну», - жиIащ Беслъэн.
И псалъэм хэту Гулажыным къыхигъэщащ 115-нэ шуудзэм хэта зауэлIхэм я фэеплъу жыгхэр зэрагъэтIысар, «Мартыновкэ-Къэхъун» телелъэмыжыр зэрырагъэкIуэкIар, автозекIуэхэр зэрызэхашар, зауэм хэкIуэдахэм я Iыхьлыхэр Ростов щIыналъэм зэрашар, нэгъуэщIхэри. Апхуэдэу, Гуалыжыным Жылагъуэ палатэм хэтхэм яригъэлъэгъуащ Мартыновкэ щыщ къэлъыхъуакIуэхэм ящIа, 115-нэ шуудзэм и бэракъыр.
«Си псалъэм и кIэу жысIэну сыхуейт Уэрдокъуэм зи гугъу ищIа фэеплъ махуэр гъэувынымкIэ Совет къызэдгъэпэщыну, а лэжьыгъэри Iэмал зэриIэкIэ зэдмыгъэкIуэтэкIыну», - жиIащ Гулажыным.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс къэпсэлъахэм я жэрдэмыр ядиIыгъащ, Iуэхум хухэлъхьэкIэ музейр и къару зэремыблэжынури къыхигъэщащ.
«ЦIыху нэс бгъэсэнумэ, къыщыхъуа щIыналъэм хуэпэжу, къызыхэкIа лъэпкъым хуэщыпкъэу щIалэгъуалэр къэбгъэтэджынумэ, тхыдэм щIэпIыкIын хуейщ. Абы шэч хэлъкъым. Нобэ тхыдэр зэблашыну, щыIар щымыIауэ къыщIрагъэдзыну хэтхэр мащIэкъым. Абыхэм уазэрыпэщIэувэфынур щIэныгъэщи, нэрылъагъуу я пащхьэ иплъхьэ, зыщыбгъэгъуазэ дэтхэнэми ныбжьыщIэхэм я зэхэщIыкIым хегъахъуэ, я щIэныгъэри зэтес ещI. 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и бэракъ зэрагъэпэщыжари ди ТекIуэныгъэм и зы дамыгъэ, абы ди щIыналъэм хуищIа хэлъхьэныгъэми и зы нэщэнэ зэрыхъунум шэч хэлъкъым», - жиIащ Накуэм. Апхуэдэу абы къыхилъхьащ 115-нэ шуудзэм теухуауэ щIэуэ къыкъуэкIа архив тхылъымпIэхэр утыку къизылъхьэ щIэныгъэ зэхуэсхэр зэхэшэн хууейуэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм и Советым иригъэкIуэкIа зэIущIэм иужькIэ, КъБР-м и Парламентым зыхуигъэзащ щэкIуэгъуэм и 13-р - 115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэр къыщызэрагъэпэща махуэр - фэеплъ махуэу хигъэунэхукIыну, щIыналъэм и махуэгъэпсми хигъэувэну.

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

07.10.2024 - 11:09

ЛIыгъэщIапIэ

Украинэм щекIуэкI дзэ Iуэху хэхам япэ махуэхэм щегъэжьауэ хэтщ ди республикэм щыщ щIалэхэр. Абыхэм ящыщ дэтхэнэри лIыгъэ щIапIэ йохуэ, псэзэ­пылъ­хьэпIэхэм Iуоуэ, гухэщIи   ялъагъу.

07.10.2024 - 11:07

ХьэпцIейрэ Мэзкуурэ зэпызыщIа гущэхэпхэ

«Урысейм щыпсэу лъэпкъхэм я аудио-теплъэ щIэнгъуазэ», - ап­хуэдэу пхузэдзэкIынущ иджы­благъэ къэралым Лъэпкъ Iуэху­хэмкIэ и агентствэм кърихьэжьа проектыщIэм и цIэр.

07.10.2024 - 11:06

IэщIагъэм къыдит Iэмалхэр къыдогъэсэбэп

Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэ­сым ис адыгэхэм я зэпы­щIэ­ныгъэ­хэм нэхъри зригъэужьу, лъэпкъ зэкъуэтыныгъэр игъэ­быдэу, ди анэдэлъхубзэр ихъу­мэу «Адыгэ макъ», «Адыгэ пса­лъэ», «Че

07.10.2024 - 10:54

Къулыкъум пэрохьэ

Къэрал хабзэм къызэригъэувым ипкъ иткIэ, КъБР-м и Iэтащхьэу хаха КIуэкIуэ Казбек и ­къулыкъум зэ­рыпэрыувэм теухуа дауэдапщэр ­КъБР-м и Правитель­ствэм и Унэм щекIуэкIащ.

05.10.2024 - 09:03

Урысейм и Тхылъ Плъыжьым иратхащ

Жэпуэгъуэм и 4-р Псэущхьэхэр хъумэным и дунейпсо махуэщ. Ар зыхуэгъэзар дыкъэзыухъуреихь дунейм и хъугъуэфIыгъуэхэр, Iущагъэ ин тхэлърэ дысакъыу, къызэрыдгъэсэбэпыным ди гупсысэр хуэтшэнырщ.