Статьи на кабардинском языке

ЩIыналъэ зыужьыныгъэм и хэкIыпIэ

Урысей Федерацэм ЩIэныгъэмрэ еджапIэ нэхъыщхьэмкIэ и министерствэм и комиссэм къыхихащ «Приоритет-2030» программэм хэтыну еджапIэхэр. Урысей Федерацэм и къалэ 49-м щыIэ еджапIэ нэхъыщхьэу 106-м грант иратынущ, дэтхэнэми сом ­мелуани 100 хуэзэу. Абыхэм ящыщу 28-р Москва  дэтщ,      11-р - Санкт-Петербург. Ап­хуэдэу программэм хыхьащ щIыналъэ 47-м я еджапIэ ­нэхъыщхьэу 67-рэ.

Дамыгъэхэмрэ тхыпхъэхэмрэ зыхэухуэна фэилъхьэгъуэхэр

Зэпымыууэ щIэщыгъуэ лъы­хъуэ, зыужьыныгъэм ­хущIэкъу, щIэхэм зезыпщыт, ре­спубликэм и цIэр щIыпIэ жы­жьэхэм фIыкIэ щызыгъэIухэр ди мащIэкъым. Ап­хуэдэщ зи гугъу фхуэтщIыну дизайнер щIалэ БжьыхьэлI Заури. 

ПРОХЛАДНЭ-ЕЛЪХЪУЭТ ГЪУЭГУР ЗЭРАГЪЭПЭЩЫЖ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек щыIащ Прохладнэ-Елъхъуэт гъуэгум щыщу километри 9,4-рэ щызэрагъэпэщыж щIыпIэм. Зи гугъу тщIы автомобиль зекIуапIэм зэпещIэ республикэм и Прохладнэ, Май щIыналъэхэр.

ТЫРГЪЭТАУЭ ПЭГЪУНЭГЪУУ

 КъБКъУ-м и юридическэ факультетым илъэсым щIигъукIэ щеджауэ, МафIэдз Заирэ и зы махуэ закъуэм псоми зригъэхъуэжащ. «СыздэкIуэу щыта гупжьейхэм къыщыддэлэжьа Къэжэр Борис сыщIэупщIэну ди Къэбэрдей театрым сыщIыхьат. ЕтIуанэ махуэм ар къэпсэлъащ Щукиным и цIэр зезыхьэ театр институтым ягъэкIуа гупым щыщ зым щхьэусыгъуэ гуэркIэ къызэригъэзэжар, абы ипIэкIэ ягъэкIуэнум зэрылъыхъуэр къызжиIэну.

ХЬЭЛЫГЪУМ И МАХУЭ

Нобэ, жэпуэгъуэм и 16-р, ЩIакхъуэм (хьэлыгъум) и дунейпсо махуэщ (World Bread Day). Ар щагъэлъапIэ ЩIы Хъурейм тет къэралхэм я нэхъыбапIэм.

НОБЕЛЬ И САУГЪЭТЫМ И ЛАУРЕАТ

1952 гъэм мэкъуауэгъуэм и 7-м Истамбыл къыщалъхуа Памук Орхьэн дунейм щынэхъ тхакIуэ цIэрыIуэхэм ящыщщ. Абы Тыркум, Германием, Франджым, Америкэ Штат Зэгуэтхэм литературэмкIэ я саугъэт бжыгъэншэхэр къихьащ, ауэ псом ящхьэж хъуащ 2006 гъэм Нобель и саугъэтыр къызэрыхуагъэфэщар.

ЩIЭУПЩIЭ ЗИIЭ IЭЩIАГЪЭХЭР

Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Алътуд Юрэ иджыблагъэ егъэджэныгъэмкIэ Мэзкуу щызэхаша дунейпсо щIэнIуатэм хэтащ. «Крокус Экспо» гъэлъэгъуапIэ унэм къыщызэрагъэпэща зэхуэсыр «ММСО Коннект» хъыбарегъащIэ утым и Iэмалхэр хэлъу пэIудза жыпхъэм итуи ирагъэкIуэкIащ.

«УДЗЫФЭХЭМ» Я УНАФЭЩI УНАЩIЭ ДЖЕМ

Хамэ   щIыналъэ   цIэрыIуэ    щыхъуа     адыгэхэм     язщ   Германие    къэралыгъуэм     и    жылагъуэ      лэжьакIуэ,    «Удзыфэхэм  я   парт»  зэгухьэныгъэм        щыпашэ       Оздемир (УнащIэ) Джем.

ХЪЫРШЫНЫМ И МАХУЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Фестиваль

Мы гъэм япэу Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щагъэлъэпIащ лъэпкъ шхыныгъуэ IэфIым - хъыршыным - и махуэр. Ди республикэм нэхъыбэрэ щапщэфI ерыскъыщ жыпIэмэ, ущыуэнукъым балъкъэр хъыршыныр. Адыгэ, осетин, балъкъэр дэлэнхэм я пщэфIыкIэр мащIэу зэщхьэщыкIми, я IэфIагъкIэ зэхуэдэщ.

ЩIЫНАЛЪЭХЭМ Я ЧЕМПИОНХЭР

Ипщэ, Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ щIыналъэхэм футбол академиехэмрэ спорт школхэмрэ я ныбжьыщIэ командэхэм  я зэхьэзэхуэр иухащ. Ди республикэм щыщу Урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм хэтащ Iэпщэ Александр и цIэр зезыхьэ олимп резервым и школ хэхар, «Спартак-Налшык» ПФК-р, «Школа №3I-ФШ «Налшык» командэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке