Статьи на кабардинском языке

ГУПСЫСЭ КЪЫЗЫХЭЩ СУРЭТХЭР

Адыгэ Республикэм щыщ сурэтыщI Ачмыжь ФатIимэ и IэдакъэщIэкIхэм къыщыгъэлъэгъуащ адыгэ дуней. Зэм лIыжь жьакIэхур мэгупсысэ, зэм шыкIэпшынэ зыIыгъ пщащэр къытхуогуфIэ, зэм адыгэшхэр зэдолъ, зэми къэфакIуэхэр утыку къохьэ. 

И ПСАЛЪЭРИ ХУЩХЪУЭЩ

«Дохутырым епсэлъа иужь сымаджэр нэхъыфI мыхъуамэ, ар дохутыр хъунукъым», - жиIэгъащ Бехтерев Владимир. Республикэм и сабий клиникэ сымаджэщым и «Пульмонологие» къудамэм и унафэщI КIуащ Залинэ Мухьэрбий и пхъур сэбэп зыхуэхъуа адэ-анэхэр къыхуэарэзыуэ сымаджэщым Интернетым щиIэ напэкIуэцIым щатх псалъэ гуапэхэр, фIыщIэмрэ щытхъумрэ гъунэжщ. 

ИУЖЬРЕЙ МАКЪ

«Гъуэгуэгъу» (кIахэ диалектымкIэ «гъогогъу») псалъэм адыгэхэм къидгъэкIыр, дызэрыщыгъуазэщи, «нэгъуэщIым дэгъуэгурыкIуэ цIыху» мыхьэнэращ, «гъуэгумрэ» «цIыхумрэ» иризэпытщIэу.

ШХАРА - ЩХЬЭРЭ

Мы цIэр зезыхьэ бгыр Урысей Федерацэмрэ Куржымрэ я гъунапкъэр зыгъэбелджылы Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и нэхъ лъагапIэ дыдэхэм ящыщ зыщ (и уардагъэкIэ псоми ефIэкI Iуащхьэмахуэ зэлъэгэкIыр тIэкIу нэхъ хуэищхъэрэкIэ щыIэ Гуэдзэн Шытхырщ).

МАКЪАМЭ

Макъамэ защIэщ мы гъащIэр! Псори, псори гухэлъ изогъащIэ! Си гур щохъур дунейм насып защIэ… Дыгъэ бзийм, удз гъэгъам, жыг Iэрысэм, уафэгъуагъуэм, уэшх хуабжьым, уэс щабэм… Псоми, псоми макъамэ къапех. Макъыу хъуари мы си гум зэхех.

СУРЭТ IЭРЫКIХЭР

Налшык дэт Лъэпкъ музейм иджыблагъэ  къыщызэIуахащ «Сурэт IэрыкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ». Абы утыку къыщрахьат данэ  щэкI бгъузэкIэ,  цы, шылэ  IуданэхэмкIэ хэдыкIа  сурэтхэр.
      «IэпщIэлъапщIэ дыжьынхэр» проектым хэт  бзылъхугъэхэм  я IэдакъэщIэкIщ мыхэр.  

Пащты Герман ягъэлъапIэ

Урысей сурэтыщI, график цIэ­рыIуэ, УФ-м и цIыхубэ художник, ­ХудожествэхэмкIэ Урысей акаде­мием и академик, профессор, Красноярск дэт ксилографие школыр къы­­зэзыгъэпэща икIи абы и уна­фэщI, 1967 гъэм къыщыщIэдзауэ СССР-ми УФ-ми я Художникхэм я ­зэгухьэныгъэхэм, 1975 гъэ лъандэ-рэ ди къэралым и Журналистхэм               я ­союзым хэт Пащты Герман и ныбжьыр илъэс 80 щрикъум ирихьэ-лIэу зэхаша I

Германием ущыпсэуну тыншщ, ауэ ди хэкумрэ хабзэмрэ хуэдэ щыIэкъым

Къулъкъужын къуажэм къыщы­хъуа, щеджа адыгэ пщащэ щIыкIа- фIэ Къуэдз Аксанэ щызэзгъэцIыхуар Германиеращ. Илъэс зыбжанэ ипэкIэ абы къыщызэрагъэпэща, Адыгэ ­щэн­хабзэм и дунейпсо фестивалым ­щыщ зы пшыхьыр езыгъэкIуэкIар ­Аксанэт. Хэкум икIахэр дыдихьэхат абы Iурылъ адыгэбзэм и къабзагъымрэ лъэпкъ Iуэхум хуэнэхъуеин­шэу хамэ щIыпIэ  зэ­рисымрэ.

Пщы Марыхъу и гъуэгуанэр

КъызэднэкI илъэсым и кIэухым иджыри зы адыгэ фильм дунейм къытехьащ. Мейкъуапэ щагъэлъэгъуащ АР-м щIыхь зиIэ и журналист, режиссёр, сценарист Даур Хъусен триха «Пщы Марыхъу» тхыдэ-художественнэ фильмыр. СыхьэтитIкIэ екIуэкI кином къыщыгъэ­лъэ­гъуащ­ натыхъуеипщым и лIыгъэмрэ и гъащIэ гъуэ­гуанэмрэ. 

IЭПЩАЦЭР ПРЕМЬЕР-ЛИГЭМ ЩЫТЛЪАГЪУНУ?

Дызэрыт мазэм и пэщIэдзэм хъыбар гуапэ къытIэрыхьащ: ди лъахэгъу Iэпщацэ Марат Къэзан и «Рубин»-м зэгурыIуэныгъэ дрищIылIащ илъэси 4,5-кIэ хэтыну. Тэтэрстаным и командэ нэхъыщхьэр Урысей Федерацэм щынэхъ лъэщхэм ящыщ зыщ икIи къэралым щекIуэкI зэхьэзэхуэхэм увыпIэфI дыдэхэр щеубыд, Европэми мызэ-мытIэу лъэщу зыкъыщигъэлъэгъуащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке