Статьи на кабардинском языке

ГЪЭСЭНЫГЪЭР САБИЙХЭМ Я НЭКIЭ

КъБР-м и Парламентым и депутатхэр яIущIащ «ДыгъафIэ къалэ» Сабий академием и гъэсэнхэм. Лицейм и 7 - 11-нэ класс­хэм щIэсхэм Егъэ­джэ­ныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуалэм я IуэхухэмкIэ и комитетым и жэрдэмкIэ драгъэкIуэкIа зэ­хыхьэр теухуауэ щытащ сабийхэм гъэсэныгъэм и мыхьэнэр къазэрыгу­ры­Iуэм. 

ЗЭФIЭКI ЛЪАГЭХЭР ЗИIЭ БЗЫЛЪХУГЪЭ

IэщIагъэлI нэс, къызэгъэпэща­кIуэ Iэзэ, унафэщI гумызагъэ… А псори зэхуэдэу фIыуэ зэхъулIэ куэд щыIэу къыщIэкIынкъым. Ауэ апхуэдэу щыт цIыхум и зэфIэкIыр зэрылъагэми и IэнатIэм ехъулIэ­ныгъэ зэрыщиIэми шэч хэлъыжкъым. Абы и щапхъэщ Прохладнэ район сымаджэщым и дохутыр нэхъыщхьэ Щомахуэ Зитэ.

ЗЭРАМЫЩIЭ ЗАРЕТЭ И IЭДАКЪЭЩIЭКI ГЪУЭЗЭДЖЭ Главные вкладки

Налшык дэт «Тхылъ щытрадзэ пщIантIэм» иджыблагъэ къыщыдэкIащ ­КъБР-м щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, Урысей артиадэм и лауреат, уэрэдус, уэрэджыIакIуэ, егъэджакIуэ ЗэрамыщIэ Заретэ «Лъахэ уэрэдхэр» зыфIища и уэрэдылъэр. 

ЗЭФIАГЪЭКIАХЭМРЭ КЪАПЭЩЫЛЪХЭМРЭ

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэ­батэ Рустам хэтащ УФ-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и ­министерствэм цIыхухэм япэ медицинэ дэIэпыкъуныгъэр щыхуащIэ IуэхущIапIэхэр зыхуей хуэгъэзэнымкIэ программэр зэрагъэзащIэм теухуауэ иригъэкIуэкIа онлайн-зэIущIэм.

КЪУАЖЭДЭСХЭМ Я ПСЭУКIЭР ЗЭРЫРАГЪЭФIЭКIУЭНУР

КъБР-м и Парламентым и Президиумым и зи чэзу зэIущIэм «Правительствэм хухаха сыхьэтым» щы­теп­сэлъыхьащ «КъБР-м и къуажэхэм зэдэууэ зегъэужьыныр» къэрал программэр республикэм гъэ­зэ­щIа зэрыщыхъум. Ар ири­гъэкIуэкIащ КъБР-м и Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ.

«ОМИКРОН» ШТАММ ЛIЭУЖЬЫГЪУЭЩIЭР

ЩIэныгъэлIхэмрэ доху­тырхэмрэ «COVID-19» зи фIэщыгъэ коронавиру­сыщIэм и нэщэнэ нэхъыщхьэхэр хъарзынэу къахута хъуащ иужьрей илъэситIым. Ар къызэуа­лIэхэм  я  нэхъыбэм я ­лъыр Iув ещI, я температурэр дрегъэкIуей, щхьэуз къарет, псчэ ­гъущэм ирегъэубыд, жы­пIэ­­нуращи, къарууншэ ещI.

УЗЫНШАГЪЭР НЭХЪАПЭЩ

Дунейр зэщIэзыщта коронавирус узыфэм пэщIэтыным икIи абы земыгъэубгъуным теухуа зэIущIэ Тыжьей (Кыщпэк) къуажэм дэт КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ курыт еджапIэм иджыб­лагъэ щекIуэкIащ.

НАЛО АХЬМЭДХЪАН ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым щекIуэкIащ КъБР-м и цIыхубэ тхакIуэ, бзэ щIэныгъэлI, егъэджакIуэ, лIыгъэрэ хахуагъэрэ зезыхьэу Хэку зауэшхуэм хэта Нало Ахьмэдхъан къызэралъхурэ илъэси 100 зэ­рырикъум теухуа пшыхь гукъинэж. Ар ирагъэ­кIуэ­кIащ лъэпкъ театрым и артистхэу Хьэмырзэ Ахь­мэд­рэ КIэхумахуэ ФатIимэрэ.

ГЪЭМ И КIЫХЬАГЪКIЭ УРИПЛЪЭЖМЭ

«ПсэупIэхэмрэ къалэ зэIузэпэщыгъэмрэ» лъэпкъ проектым хиубыдэу Бахъсэн къалэм зыхуей щы­хуагъэзащ Лениным и проспектымрэ Революцион-        нэ уэрамымрэ тет фэтэрхэм я бжэIупэхэмрэ щIыпIэ администрацэм и хъуреягъымрэ.

ЩIАЛИПЛIМИ ТЕКIУЭНЫГЪЭ КЪЫТХУАХЬ

Краснодар къалэм щекIуэкIащ АСА 134 хабзэ пыухыкIа зимыIэ зэзауэхэмкIэ ­дунейпсо зэхьэзэхуэ. Пшыхьым хиубыдэу щыIа зэIущIэ 11-м нэхъыщхьэу къыщалъытэрт Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ Багъ Алийрэ Новокузнецк къикIа Кошкин Андрейрэ я зэпэщIэтыныгъэр.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке