СУРЭТ IЭРЫКIХЭР

Налшык дэт Лъэпкъ музейм иджыблагъэ  къыщызэIуахащ «Сурэт IэрыкIхэм я гъэлъэгъуэныгъэ». Абы утыку къыщрахьат данэ  щэкI бгъузэкIэ,  цы, шылэ  IуданэхэмкIэ хэдыкIа  сурэтхэр.
      «IэпщIэлъапщIэ дыжьынхэр» проектым хэт  бзылъхугъэхэм  я IэдакъэщIэкIщ мыхэр.  
    Ар «Анна» валеологие  жылагъуэ зэгухьэныгъэм къызэригъэпэщащ  Президентым и гранткIэ.   Пэшым щыплъагъу лэжьыгъэ  телъыджэхэр  зейхэр мы IэщIагъэм зэрыхуеджэрэ мазих хъууэ аращ.    ГъэщIэгъуэнракъэ,   а пIалъэ кIэщIым къриубыдэу,  игъащIэ лъандэрэ а  IэщIагъэм ирилажьэ фIэкI умыщIэну  хуэIэзэ хъуащ.  Дэтхэнэ теплъэгъуэми  шыIэныгъэм и «мэ» къыпех.  Сыт щхьэкIэ  жыпIэмэ, ар мазэ бжыгъэкIэ, жэщ кIыхькIэ зэлэжьащ, а сурэтхэм я нэрынэ къэс гупсэхуу, зэкIуу зэхэджащ.
     Iэмал зэмылIэужьыгъуэкIэ  щIауэ    пэшым щызэхуэхьэса  сурэтхэм   хуабагъэ   къапкърыкIыу къызэрилъытэр жиIащ Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс гъэлъэгъуэныгъэр къыщызэIуихым. Абы щхьэхуэу я гугъу  ищIащ,  бзылъхугъэ IэпэIэсэхэм  зэхалъхьа плъыфэхэр зэрызэкIум. «Таурыхъ лъахэм сыкъыщыхута хуэдэщ», - жиIащ абы и псалъэхэм я кIэухыу.
     Клубым и унафэщI  Кривчик Аннэ    мы Iуэхум тегушхуэу  къыхыхьа дэтхэнэми фIыщIэ  псалъэкIэ захуигъэзащ.
    - Куэдым къащохъу  узыншагъэм и къежьапIэр спортым и закъуэу.    ЦIыхум и гум фIэфI Iуэху илэжьыху узыншэнущ, гупсэхугъуэ  щигъуэт IэнатIэ ирихьэкIыху и узыншагъэм хэхъуэнущ.    Дэ едгъэджахэр зи ныбжьыр илъэс 50-м  щIигъуа цIыхубзхэрщ.  Пенсэм тIысыжахэм зэман куэд яIэщи,  щхьэж зыщIэхъуэпсу щыта  IэщIагъэхэм зыхуагъэсэну Iэмал ягъуэт. Иджырей  гупыр ещанэу догъэхьэзыр, адэкIи  дадэлэжьэну ди  мурадщ. ФыщIемыгъуэжу фи зэфIэкIым  хэвгъахъуэ, - захуигъэзащ абы къызэхуэсахэм.
    Проектым хэтахэм щыхьэт  тхылъ, Iуэхур къызэзыгъэпэщахэмрэ  жыджэру  зыкъэзыгъэлъэгъуахэмрэ  фIыщIэ тхылъхэр щратащ  музейм.     
 

Щомахуэ Залинэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.11.2026 - 09:03

Экономикэр зэрефIакIуэм и нэщэнэу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Жылагъуэ палатэм и еханэ зэхыхьэгъуэм и IX зэхуэсышхуэу республикэм и Парламентым щекIуэкIам и гугъу щащIащ «Техноло-гиер ерыскъы шынагъуэншагъэм и щIэгъэкъуэнщ лъэпкъ проект

07.11.2026 - 09:03

Нэхъыжьхэр ягъэлъапIэ

Урысей театр зэгухьэныгъэм (РТО) (Театр лэжьакIуэхэм я зэгухьэныгъэу (СТД) щытаращ) и щIыналъэ къудамэм артист нэхъыжь­хэр щагъэлъапIэ зэIущIэ гуапэ щекIуэкIащ.

06.11.2026 - 09:31

Я гуащIэр къалъытэу

ЩэкIуэгъуэм и 3-м КъБР-м и Парламентым щагъэлъэпIащ республикэм и IэнатIэ зэмылIэужьыгъуэхэм ехъу­лIэ­ныгъэ яIэу пэрыт лэжьакIуэ 50-м нэблагъэ. 

06.11.2026 - 09:29

Ди Хэкур къулейщ лъэпкъхэм я щэнхабзэхэмкIэ

ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэм дигу къегъэкIыж Урысейм и къарур абы щыпсэу лъэпкъ зэмылIэужьы­гъуэхэм я зэкъуэтыныгъэр зэрыарар.

06.11.2026 - 09:23

ЩIэблэр фIым хуагъасэ

Шэджэм Езанэ къуажэм  и «Лэгъупыкъу» сабий гъэсапIэм щекIуэкIащ «Лъэпкъ­хэм я зэныбжьэгъугъэ: гуа­пагъэм, щэнхабзэм, зэ­къуэ­тыныгъэм я махуэш­хуэ»   жармыкIэр.