Статьи на кабардинском языке

ПЩЫХЬЭЩIЭ СИМЭ: БЗЭР ЯМЫЩIЭЖ ЩХЬЭКIЭ, АДЫГЭН КЪАНЭРКЪЫМ

Ди хьэщIэщым

Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ дэрэ нэхъ гъунэгъу дызэхуэзыщIхэм ящыщщ хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ зэрызэкIэлъыкIуэр, благъэ зэрызэхуэхъур. Джэрмэншык щыщ ПщыхьэщIэ Симэ Иорданием щыпсэу Ансыкъуэхэ я щIалэ илъэс 25-рэ и пэкIэ дэкIуауэ Амман щопсэу. Зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ яIэщ - Ахьмэдрэ Симазэрэ.

КХЪУЕЙМ СЫТ ХУЭДИЗ И НЫБЖЬ?

Мы шхыныгъуэ хьэлэмэтыр куэд дыдэ щIауэ цIыхухэм фIыуэ ялъагъу. Ауэ зыми ищIэркъым абы сыт хуэдиз ныбжь иIэми. Ди эрэм и пэкIэ IV лIэщIыгъуэм алыдж еджагъэшхуэ, философ цIэрыIуэ Аристотель иубзыхуауэ щытащ кхъуей зэрыхах щIыкIэр. Ауэ Урысейм ар къыщысар ХIХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэрщ. Къэгъэлъэгъуэн хуейщ абы и щэхухэр илъэсищэ зыбжанэ хъуауэ адыгэхэм зэращIэр.

МЕЛЫIЫЧХЭМ КЪРАГЪЭЛАТ

ТЫРКУМИ ДЖЫЛАХЪСТЭНЕЙХЭР ЩОПСЭУ

ХамэщIым зи адыгэ жьэгу щызыгъаблэхэм ящыщщ Тырку къэралыгъуэм ис джылахъстэнейхэр. Ахэр нэхъыбэу щыпсэур Мараш вилайетырщ.

ТЕНДЖЫЗ IУФЭМ ЩЫТОКIУЭ

Краснодар крайм хыхьэ Сукко жылагъуэм щекIуэкIащ универсальнэ зэзауэхэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэрал 25-м щыщ илъэс 12-м къыщыщIэдзауэ 20-м нэблагъэ спортсмен ныбжьыщIэ 600-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам хэт спортсменхэм зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьащ. Псори зэхэту абыхэм къахьащ медаль зэмылIэужьыгъуэ 11, дыщэу 6 хэту.

ДИ ЩIАЛЭХЭМ Я ТЕКIУЭНЫГЪЭ

Ярославль дэт «Вознесенский» спорт комплексым щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ «А» класс зиIэ VIII урысейпсо зэхьэзэхуэ. Зэпеуэр фэеплъ хуащIащ УФСБ-м и щIыналъэ оперативно-антитеррор гупым и командир Лататуев Владимир.

Зэхьэзэхуэм и саугъэтхэм, Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтынымрэ спортым и мастерым и цIэр къыфIащынымрэ, щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 29-м щыщ спортсмен 350-м щIигъу.

КЪАРМЭХЬЭБЛЭ-НАЛШЫК-МОСКВА

Лъэпкъым и узыншагъэр, и ехъулIэныгъэхэр, и къэкIуэнур абы и щIалэгъуалэм я деж щыболъагъу. Я зэфIэкIхэр бгъэщIагъуэрэ гуапэуи укъагъэуIэбжьу! ДаIуощIэ, допсэлъылIэ, дигу дохьэри, лъэпкъым папщIэ ди щхьэр доIэт! Нобэрей ди лIыхъужьыр физик ныбжьыщIэщ, техникэ щIэныгъэхэм я кандидатщ.

ПЩЫМ И ШЫХЭПЩЫР ЖЫПIЭН, ПЩЫМ И ФИЯПЩЭР ЖЫПIЭН…

Бынжэкъуакъуэ – зи бынжэгур и ныбафэм къытетІеикІым щхьэкІэ жаІэ.
Дэджэж – къызэрашэрэ куэд мыщІа нысащІэм е малъхъэр зэрагъуэтрэ куэд дэмыкІамэ, щІэм и лъэныкъуэкІэ гуауэ къэхъумэ, етІуанэу тезыгъазэм 

УАФЭМРЭ ЩIЫЛЪЭМРЭ ЩЫЗЭIУЩIЭР ДЖЭГУРЩ

ЦIыху куэд зыхэт махуэщI (тхьэлъэIу) лIэужьыгъуэщ. Джэгум хохьэ къафэ, удж, уэрэд, шыгъажэ, зэпеуэ зэхуэмыдэхэр, нэгъуэщIхэри. Джэгу лIэужьыгъуэу хъуар къанэ щымыIэу къежьащ тхьэхэр зэрагъэлъапIэ Iэмалу, тхьэлъэIухэм я зы Iыхьэу. АбыкIэ щыхьэт наIуэу щытщ, псалъэм папщIэ, Щыблэуджыр, тхьэгъэлъапIэ джэгухэр (Тхьэшхуэуджыр), нэгъуэщIхэри.

СПОРТСМЕН ЦIЭРЫIУЭМ И ФЭЕПЛЪУ

Краснодар щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ зи ныбжьыр илъэс 21-рэ иримыкъуахэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар фэеплъ хуащIащ 20I3 гъэм гуауэ хэкIуэда бэнакIуэ цIэрыIуэ Кудухов Бесик. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке