ШХАРА - ЩХЬЭРЭ

Мы цIэр зезыхьэ бгыр Урысей Федерацэмрэ Куржымрэ я гъунапкъэр зыгъэбелджылы Кавказ Шытх Нэхъыщхьэм и нэхъ лъагапIэ дыдэхэм ящыщ зыщ (и уардагъэкIэ псоми ефIэкI Iуащхьэмахуэ зэлъэгэкIыр тIэкIу нэхъ хуэищхъэрэкIэ щыIэ Гуэдзэн Шытхырщ).
Псалъэм къыдэкIуэу къыхэдгъэщынщи, Куржым и Сонэ щIыналъэм щежэх псыхэм я нэхъ ин Ингури и къыщIэдзапIэ нэхъыщхьэу къалъытэр Шхара – Щхьэрэ Iуащхьэ зэкIэлъыпытым ипщэ лъэныкъуэмкIэ щыIэ и лэдэх куухэрщ. Бгы екIуэкIым ищхъэрэкIэ гъэза и джабэщIхэм зытрагъэщIащ Кавказым и мылылъэ нэхъ кIыхь дыдэу къалъытэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым и Безенги псыхъуэм ищхьэхэмкIэ щыIэ, километр I2-м нэблагъэ я кIыхьагъыу зэхэпцIыхьыжа уэсукхъуэ абрагъуэхэм.
          ФIэщыгъэр къызытехъукIам ехьэлIауэ
     БгъэдыхьэкIэ зыбжанэ щыIэщ. Япэр балъкъэрыбзэм хэт «ушхара» псалъэм, «зыуэ щымыт», «зэпкърыгуэшыкIа» мыхьэнэхэр къызэрыкIым, къытехъукIауэ къызэралъытэрщ. Апхуэдэу щIыхуагъэфащэм и зы щхьэусыгъуэщ Шхара бгы екIуэкIыр къуэладжэ уэххэмкIэ зэрызэпыгъэщхьэхукIамрэ езыри лъагапIэ зыбжанэу зэрызэкIэлъыгъэкIуамрэ (нэхъыщхьэм - метр 520I-рэ, къухьэпIэмкIэ щыIэм - 5057-рэ, къуэкIыпIэмкIэ гъэзам 4866-рэ я лъагагъщ).
ЕтIуанэ еплъыкIэр епхащ куржы-сонэбзэм хэт «чхара» псалъэу «ебгъуанэ» къызэрыкIым. КъызэрыбгурыIуэн хуейуэ зытрагъэчыныхьри «ебгъуанэ лъагапIэ» мыхьэнэр иIэущ. Ар сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, аранэ екIуэкIым ипщэ лъэныкъуэмкIэ (КуржымкIэ) ущыIэу, къухьэпIэмкIэ къыщегъэжьауэ къыщеббжэкIмэ, Шхара и нэхъ папцIапIэ дыдэр ебгъуанэщ.
ЩIыуэпсыр фIыуэ зылъагъухэм яхэтщ щIыпIэцIэр сонэбзэм хэт «шхара» псалъэу «къуэлэн» е «кусэ» мыхьэнэхэр къызэрыкIым къытехъукIауэ къэзылъытэхэри. Къызыхахыр бгым и къырылъэ нэкIухэр зэрызэхэухуэна и пкъыгъуэхэр зэрызэхуэмыдэрщ.
Къыхэгъэщыпхъэщ, Iуащхьэм зэреджэ «Шхара» фIэщыгъэм и пэщIэдзэр адыгэбзэм хэт «щхьэ» псалъэм, и етIуанэ Iыхьэр абхъазыбзэм куэдрэ къыщагъэсэбэп «ра» суффиксым зэрытехуэм къыхэкIыу, щIыпIэцIэр «ЩхьэщылъагыкI» мыхьэнэм хуэзыгъакIуэхэри зэрыщыIэр.             
Мыри дэщIыгъужыпхъэщ                 
Куржым и къуршхэм я нэхъ лъагапIэ дыдэу ябж Шхара бгым ипщэкIэ гъэза и джабэщIхэр хэщIапIэ яхуэхъуащ бгылъэ-къырылъэхэм нэхъ лъагэ дыдэу щитIысыкIахэм ящыщу къалъытэ Ушгули сонэ жылагъуэм хыхьэ къуажэхэу Жибиани, Чажаши, Чеибиани, Муркмели сымэ.

КЪУМАХУЭ Аслъэн.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

23.01.2026 - 09:44

IэщIагъэм и фIагъыр зэхащIыкIмэ...

Лосэн Хьэмидбий ­КъБКъУ-м электроникэмкIэ, робототехникэмрэ зэ­хэщIыкI Iэ­ры­щIымкIэ и институтым электроникэмрэ бжыгъэ техноло­гиехэмкIэ и кафедрэм и егъэджакIуэ нэхъыжьщ.

23.01.2026 - 09:43

Пэрытхэр студентхэм яхохьэ

Иджыблагъэ Iуащхьэмахуэ лъапэ щекIуэкIащ КъБР-м и еджапIэ нэхъыщ­хьэхэмрэ колледжхэмрэ щIэсхэм я зэIущIэ.

23.01.2026 - 09:42

Нартыху бзийм и щэхухэр

КъБР-м ЦIыхубэ IэпщIэлъап­щIагъэмрэ IэпэIэсагъэмкIэ и цент­рым декоративно-прикладной ­гъуазджэм щыщ лэжьыгъэхэр ­щагъэлъагъуэ, «Ремесел древних новизна» грант Iуэхум хыхьэу.

22.01.2026 - 10:01

Къэрал мыхьэнэ зиIэ гъуэгу

Къэбэрдей-Балъкъэрым и транспорт инфраструктурэм мыхьэнэ ин щызыубыд, къэрал мыхьэнэ зиIэ и автомобиль гъуэгухэм хыхьэ Новопавловск – Прохладнэ – Мэздэгу трассэр Солдатскэ гъущI гъуэгум деж щыщхьэп

22.01.2026 - 10:01

Лъэпкъ хабзэхэм я дерс

Къэбэрдей-Балъкъэрым къ­ы­щызэ­Iуа­хащ республикэм  щыпсэу лъэпкъхэм я щэнхабзэмкIэ еджапIэ. «Къонакъым» и япэ зэIущIэм хэтащ Налшык къалэм дэт гимназие №14-м и 7-нэ классхэм щIэсхэр.