|
Статьи на кабардинском языке
8 ноября, 2022 - 05:49
Махъсидэ (Гуанэ) Аидэ чы IэрыщIым къыхещIыкI матэхэр, унэр зэрагъэдахэ хьэпшып цIыкIухэр, къэлътмакъхэр, хьэкъущыкъухэр, уеблэмэ бзухэм я шхапIэ-унэ цIыкIухэр. Матэ щIыным дихьэхащи, и IэрыкIхэм нэхъри къахохъуэ, ахэр цIыхухэм ягу ирохь.
8 ноября, 2022 - 05:48
Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщу сурэтыщI IэщIагъэр япэу зэзыгъэгъуэтар Акъсырэ МуIэедт (Саратов дэт художественнэ еджапIэр къиухри къигъэзэжат). Союзпсо, хамэ къэрал гъэлъэгъуэныгъэ куэдым абы и IэдакъэщIэкIхэр хагъэхьэу щытащ, КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэм и унафэщIт, КъБАССР-м щIыхь зиIэ и художник цIэ лъапIэр къыфIащат…
7 ноября, 2022 - 06:45
Прохладнэ къалэм дэт лицей №3-м и 7-нэ классым щIэсхэр иджыблагъэ ирагъэблэгъащ КъБР-м и Парламентым. Covid-19-м и ужькIэ мыпхуэдэ зэхуэс иджы япэу ирагъэкIуэкIыу аращ. Ар «Парламент сыхьэтым» хыхьэу къызэрагъэпэщащ.
6 ноября, 2022 - 09:35
2005 гъэм щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 4-м Урысейм щагъэлъапIэ ЦIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэр. Ар къытехъукIащ 1612 гъэм Кузьма Мининрэ Пожарский Дмитрийрэ я пашэу Москва хуит къызэращIыжауэ щытам. Польшэр Урысейм къыщытеуэм, цIыхубэр къызэрыIэтащ, нэгъуэщI къэралым и унафэм щIэувэну хуэмейуэ.
6 ноября, 2022 - 06:45
Прохладнэ къалэм дэт лицей №3-м и 7-нэ классым щIэсхэр иджыблагъэ ирагъэблэгъащ КъБР-м и Парламентым. Covid-19-м и ужькIэ мыпхуэдэ зэхуэс иджы япэу ирагъэкIуэкIыу аращ. Ар «Парламент сыхьэтым» хыхьэу къызэрагъэпэщащ.
6 ноября, 2022 - 06:45
Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм къэралыгъуэ зэрагъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ, УФ-м и къалащхьэм щекIуэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм ящыщщ «Адыгэ кином и тхьэмахуэр». Ар къыщызэIуахащ Москва дэт «ТекIуэныгъэм и музейм». Зэхыхьэр хуабжьу щхьэпэт, сыту жыпIэмэ, адыгэ щэнхабзэм иужьрей илъэсхэм игъуэт зыужьыныгъэм щыхьэт нахуэ хуохъу адыгэ фильмхэр зэрытрахыр.
6 ноября, 2022 - 06:45
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и дивизион нэхъыщхьэм хыхьэ зэхьэзэхуэхэр и кIэм нэблэгъащ. ТIощIрэ ебланэ джэгугъуэм хыхьэ зэпэщIэтыныгъэхэр тхьэмахуэ блэкIам республикэм и щIыпIэ зэмылIэужьыгъуэхэм щызэхэтащ. Мыгъэрей зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщхьэр къэзыхьар тхьэмахуэ ипэкIэ наIуэ хъуами, дыжьын медалхэм папщIэ бэнэныгъэр иджыри йокIуэкI.
6 ноября, 2022 - 06:45
Иджыблагъэ Япэ каналымкIэ къагъэлъагъуэу щIадза «Зэрыкъэралу пщэфIапIэм уэрэд щыжыдоIэ» теленэтыныр Къэбэрдей-Балъкъэрым исхэм я деж зэуэ цIэрыIуэ щыхъуащ. Сыт щхьэкIэ жыпIэмэ, абы япэ дыдэу уэрэд щыжызыIахэм ящыщщ ди республикэм икIа адыгэ щIалэхэр.
5 ноября, 2022 - 09:35
Бзум и уэрэд зэхихащ хэти… Ауэ хэт илъэгъуа бзум уэрэд жиIэу?! Апхуэди щыIэщ. Бзу уэрэдыр дунейм яригъэлъэгъуащ сурэттех Катрин Свобода. 2019 гъэм Audubon photography awards зэпеуэм щытекIуащ абы триха сурэт телъыджэр.
5 ноября, 2022 - 06:45
УФ-м, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Думэн Хьэсэн Мухътар и къуэр ди республикэм, лъэпкъ щIэныгъэм я зыужьыныгъэм, ехъулIэныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа еджагъэшхуэщ. Думэным и щIэныгъэ-къэхутэныгъэ зэфIэкIхэр инщ икIи купщIафIэщ. Абыхэм ягъуэтащ яхуэфащэ жылагъуэ, къэрал гулъытэ.
Страницы
|