УФ-м, КъБР-м щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор Думэн Хьэсэн Мухътар и къуэр ди республикэм, лъэпкъ щIэныгъэм я зыужьыныгъэм, ехъулIэныгъэм хэлъхьэныгъэ ин хуэзыщIа еджагъэшхуэщ. Думэным и щIэныгъэ-къэхутэныгъэ зэфIэкIхэр инщ икIи купщIафIэщ. Абыхэм ягъуэтащ яхуэфащэ жылагъуэ, къэрал гулъытэ. Думэн Хьэсэн къыхуагъэфэщащ КъБР-м и Правительствэм, ЩIэныгъэхэмкIэ Урысей Академием и Президиумым къабгъэдэкI щIыхь, фIыщIэ тхылъхэр, къыфIащащ «Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэр, КъБР-м и Къэрал саугъэтыр къратащ. 2003 гъэм Хьэсэн къыхуагъэфэщащ «Урысей Федерацэм щIэныгъэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ» цIэ лъагэр. Этнолог лъэщыр, тхыдэдж IэкIуэлъакIуэр, къэрал, жылагъуэ лэжьакIуэ цIэрыIуэр псэужамэ, мы махуэхэм илъэс 80 ирикъунут.
Думэн Хьэсэн Дзэлыкъуэ куейм хыхьэ Каменномост къуажэм къыщалъхуащ 1942 гъэм и щэкIуэгъуэ мазэм. Курыт школ нэужьым ар щеджащ КъБКъУ-м тхыдэмкIэ и факультетым. Студент илъэсхэр жыджэру, купщIафIэу ирихьэкIащ Хьэсэн. ЩIэныгъэ-къэхутэныгъэ Iуэхухэм зэрыдахьэхым хуэдэу, ар я жэрдэмщIакIуэт икIи я къызэгъэпэщакIуэт жылагъуэ Iуэхухэм, студент щIалэгъуалэр Iуэхушхуэхэм къыхузэщIигъэуIуэу. Еджэныр ехъулIэныгъэкIэ зэфIихри, 1967 гъэм Думэныр ягъэкIуащ ВЛКСМ-м и обкомым школ IуэхухэмкIэ и къудамэм и инструктору. Зы илъэс нэхъ дэмыкIыу ар ирагъэблэгъащ Къэбэрдей-Балъкъэр щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым (иджы КъБГКъИ) этнографиемрэ тхыдэмкIэ и къудамэм и щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыщIэу. ЗэфIэкI лъагэхэр къыкъуэкIынкIэ узыщыгугъ хъуну гу зылъата щIалэщIэр институтым и унафэщIхэм я чэнджэщкIэ щIэтIысхьащ СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием ЭтнографиемкIэ и институтым (иджыпсту РАН-м Этнологиемрэ антропологиемкIэ и институтщ) и аспирантурэм. Къэхутэныгъэ зэфIихахэр зэхуихьэсыжу ахэр зы лэжьыгъэ купщIафIэу щиубзыхужым, Думэным и щIэныгъэ унафэщIу щытащ кавказыдж цIэрыIуэ, ди къэралми дуней псоми къыщацIыху, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Гарданов Валентин. Аращ 1961 - 1985 гъэхэм СССР-м ЩIэныгъэхэмкIэ и Академием ЭтнографиемкIэ и институтым Кавказым щыпсэу лъэпкъхэмкIэ и къудамэм и пашэу щытар.
А еджагъэшхуэр и унэтIакIуэу Хьэсэн 1972 гъэм ирихьэлIэу игъэхьэзырауэ щытащ и кандидат диссертацэр, «Обычное имущественное право кабардинцев (вторая половина XIX - начало XX вв.)» зи фIэщыгъэр. Ар ехъулIэныгъэкIэ пхигъэкIащ Думэным. Тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ кандидат хъуа адыгэ щIалэм щалъхуа щIыналъэм къигъэзэжащ икIи и лэжьыгъэм щыпищащ зыIута институтым, ауэ иджы щIэныгъэ лэжьакIуэ нэхъыжьу.
Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ нэхъ инхэм ящыщ адыгэхэм ди къекIуэкIыкIар, псэукIар, хабзэр, щэнхабзэхэр куууэ щызэпкърыха лэжьыгъэшхуэхэм халъытэ 1992 гъэм Думэным утыку кърихьа и щIэныгъэ лэжьыгъэщIэр. Зи гугъу сщIыр дунейм пщIэшхуэ щызыгъуэта и доктор диссертацэрщ. «Социальная структура кабардинцев в нормах адата. Первая половина XIX в.» - арат зэреджэр а къэхутэныгъэ иным. Ар щигъэхьэзырым Думэным и щIэныгъэ чэнджэщэгъуу щытащ пасэрей жылагъуэ зэхэтыкIэхэм я тхыдэмкIэ IэщIагъэлI цIэрыIуэ, тхыдэ щIэныгъэхэмкIэ доктор, профессор Першиц Абрам. Абы къыдэкIуэу Думэным а зэманым зэфIихащ тхыдэмкIэ, этнографием, IуэрыIуатэм, нэгъуэщI щIэныгъэ унэтIыныгъэхэм епха къэхутэныгъэ купщIафIэхэр.
Еджагъэшхуэм и къалэмыпэм къыпыкIа дэтхэнэ щIэныгъэ лэжьыгъэри гъэхьэзыра хъуащ академическэ мардэ иIэу. Апхуэдэхэщ, къапщтэмэ, абы и щIэныгъэ лэжьыгъэхэу зи гугъу тщIыхэри, нэгъуэщIхэри. ЖыпIэнурамэ, а къэхутэныгъэхэм ящыщ дэтхэнэми жылагъуэм мыхьэнэшхуэ щигъуэтауэ щытащ. Ахэр ноби я гъуэгугъэлъагъуэщ къэхутэныгъэм дихьэх щIэныгъэлI куэдым. Апхуэдэ лэжьыгъэу псори зэхэту 200-м щIигъу и къалэмыпэм къыпыкIащ Думэным.
Къипсэуа илъэсхэм къриубыдэу Думэн Хьэсэн пэрытащ жэуаплыныгъэшхуэ зыпылъ IэнатIэ куэдым. 1993 гъэм къыщыщIэдзауэ 1997 гъэ пщIондэ ар щытащ КъБР-м Лъэпкъ IуэхухэмкIэ и къэрал комитетым и пашэу. 1994 гъэм Хьэсэн пщIэ хуащIу хахащ ЩIэныгъэхэмкIэ Дунейпсо Адыгэ Академием и академикыу. ИужькIэ, 1996 гъэм ар хъуащ ЩIэныгъэмрэ гъуазджэхэмкIэ Петровскэ академием и действительнэ член.
1997 - 2007 гъэхэм Думэныр и унафэщIу щытащ Къэбэрдей-Балъкъэрым Гуманитар къэхутэныгъэхэмкIэ и щIэныгъэ институтым. А лъэхъэнэм институтым лэжьыгъэшхуэ щекIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъхэм я тхыдэхэр, хабзэхэр убзыхужынымкIэ, абыхэм я лъэпкъ нэщэнэхэр, щэнхабзэхэр хъумэнымкIэ, экономикэр, политикэр джынымкIэ. А къулыкъум пэрыту абы ирихьэкIащ КъБР-м и Президентым Лъэпкъ зэхущытыкIэхэмрэ жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм ядэлэжьэнымкIэ и чэнджэщэгъу IэнатIэри.
Зи гугъу тщIахэм нэмыщI, Думэн Хьэсэн къызыхуэтыншэу зэрихьащ нэгъуэщI къэрал, жылагъуэ къулыкъухэри. Сыт хуэдэ IэнатIэ пэрымытами, Хьэсэн дапщэщи далъагъурт цIыхугъэрэ гъэсэныгъэ екIурэ, щIэныгъэ куурэ гупсысэ шэщIарэ.
1999 гъэм Думэн Хьэсэн хахащ Урысей Федерацэм и этнографхэмрэ антропологхэмрэ я зэгухьэныгъэм и президенту. Абы и нэIэм щIэту къызэрагъэпэщащ икIи ирагъэкIуэкIащ Этнографхэмрэ антропологхэмрэ я IV дунейпсо конгрессу 2001 гъэм Налшык щызэхашауэ щытар.
ЩIэныгъэлI щэджащэр нобэ къытхэмытыжми, лъэпкъым къытхуэнащ абы иригъэкIуэкIа къэхутэныгъэхэр зи лъабжьэ щIэныгъэ лэжьыгъэ инхэр.
ЖЫЛАСЭ Маритэ.