ЗЭДЭДГЪЭЛЪАПIЭ IУЭХУМ И КЪЕЖЬАПIЭР

2005 гъэм щегъэжьауэ щэкIуэгъуэм и 4-м Урысейм щагъэлъапIэ ЦIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэр. Ар къытехъукIащ 1612 гъэм Кузьма Мининрэ Пожарский Дмитрийрэ я пашэу Москва хуит къызэращIыжауэ щытам. Польшэр Урысейм къы­щытеуэм, цIыхубэр къызэрыIэтащ, нэгъуэщI къэ­ралым и унафэм щIэувэну хуэмейуэ. 1611 гъэм и фокIадэм Нижний Новгород щыщ земскэ старостэ (иджы куей унафэщIым и къулыкъум хуэдэ) Минин Кузьма цIыхубэм захуигъэзат зауэлI зэгухьэныгъэ къызэрагъэпэщыну. Къалэдэсхэм зэгухьэныгъэ Iуэхум халъ­хьэу щIадзащ я хэхъуэм и Iыхьэ щанэр. Езы Мининым щапхъэ игъэлъагъуэу а Iуэхум ­хилъхьащ и мылъкум и нэхъыбэр. Дзэ пашэу хахащ илъэс 30-м ит пщы Пожарский Дмитрий. Къалэдэсхэм Пожарскэм и дэIэпыкъуэгъуу хахащ Мининыр. Дзэзешэу абыхэм ягъусащ Черкасскэ Дмитрий (Къанщауэ). Черкасскэр урыс полкхэм я пашэу хэтащ Углич, Вязьм, Дорогобуж, нэгъуэщI ­къалэхэри хуит къэзыщIыжахэм. 1618 гъэм Черкасский Къанщауэ хэлIыфIыхьащ Можайск деж щекIуэкIа зэхэуэми. 1613 гъэм пащтыхь щытрагъэувэм, абы Iэ иIэтауэ щытащ илъэс 16 зи ныбжь ­Романов Михаил и телъхьэу. Михаил и тетыгъуэми и къуэ Алексей и пащтыхьыгъуэми Черкасский Къанщауэ къулыкъушхуэхэр иIыгъащ.
УрысыщIыр хамэ зэрыпхъуакIуэхэм къаIэщIэгъэ­кIыжыным хэтащ къызыхэкIакIи я псэукIэкIи зэ­щхьэ­щыкI цIыху куэд. 1612 гъэм щэкIуэгъуэм и 4-м Нижний Новгород цIыхубэ дзэ зэгухьэныгъэм Китай-къалэр къищтэри, полякхэр Москва дахужащ. КъызыхэкIа лIакъуэ, зэрахьэ дин, я IэнатIэ емы­лъытауэ, цIыхухэр зэкъуэувэу къагъэлъэгъуа лIыгъэ-хахуагъэр тхыдэм щапхъэ дахэу хэуващ. Бийр къэралым зэрырахужам, Москва хуит къызэращIыжам теухуауэ ягъэува махуэшхуэр илъэс къэс ягъэлъэпIащ XX лIэщIыгъуэ пщIондэ. Октябрь зэщIэхъееныгъэм и ужькIэ ар къэралым игъэлъапIэ махуэшхуэхэм хагъэкIыжауэ щытащ. СССР-м махуэшхуэу щагъэлъапIэрт щэкIуэгъуэм и 7-р - Октябрь зэщIэхъееныгъэр къыщыхъуар. Ауэ Урысейм динхэмкIэ и советым къыхилъхьащ щэкIуэгъуэм и 4-р ЦIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэу ягъэбелджылыну. А жэрдэмыр Къэрал Думэм диIыгъащ. 2004 гъэм и дыгъэгъазэм Къэрал Думэм зэ­хъуэкIыныгъэхэр хилъхьащ «ЗауэлI щIыхьым и ­махуэхэр» («О днях воинской ­славы») федеральнэ законым. Абы щагъэбелджылащ ЦIыхубэм я зэкъуэ­тыныгъэм и махуэр гъэлъэпIэныр. 
1818 гъэм пащтыхь Александр Езанэм и унафэкIэ Москва и Ут Плъыжьым щагъэуващ Мининрэ ­Пожарскэмрэ я фэеплъ. Скульптор Мартос Иван и лэжьыгъэр цIыхубэм къахэкIа лIыхъужьхэм я япэ фэеплъщ. 2005 гъэм абыхэм фэеплъ щыхуагъэуващ Нижний Новгород къалэми. Урысейм хабзэ щыхъуащ махуэшхуэр а фэеплъитIым деж къы­щыщIадзэу ягъэ­лъэпIэну. Илъэс къэс Урысейм и къалэхэмрэ щIы­налъэхэмрэ а махуэм ирихьэлIэу щрагъэкIуэкI концертхэр, пшыхьхэр, псапэ зыпылъ Iуэхухэр, спорт ­зэ­хьэ­зэхуэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр, флешмобхэр, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэм я зэ­хыхьэхэр, тхыдэм ­теухуа дерс зэIухахэр. ЦIыхубэм я зэкъуэтыныгъэм и махуэр къэралым дежкIэ мыхьэнэшхуэ зиIэщ. Ар дэтхэнэ цIыхури хэкум дежкIэ зэрылъапIэм, узэкъуэу­вэмэ, лъэщ узэрыхъум и нэщэнэщ. ЦIыхубэр зэгурыIуэмэ, зызэщIагъа­къуэмэ, зэдэIэпыкъумэ, къэ­ралри йофIакIуэ. 

ГУГЪУЭТ Заремэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

08.08.2026 - 12:46

ЩIыналъэм еджапIэщIэ къыщызэIуах

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ КъБР-м щыIэ МВД-м и министр Крючков Вячеславрэ Урысейм и МВД-м и Кавказ-Ищхъэрэ институтым и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ

08.08.2026 - 12:45

Хэхыныгъэхэм зыхуагъэхьэзыр

«КъБР-м и Муниципальнэ щIыналъэхэм я совет» зэгухьэныгъэм (АСМО) и прав­ленэм и зэIущIэ дыгъуасэ екIуэкIащ.

08.08.2026 - 12:44

АдыгэщIым и макъыр зэхыдох

«Адыгэ дуней» лъэпкъ фондым къызэригъэпэщауэ, ЩIалэгъуалэм я унэм (Налшык дэ­тым) ХьэIупэ ДжэбрэIил и пшыхь щызэхэтыну хъыбар къы­щысIэрыхьам сыщыгуфIы­кIат.

08.08.2026 - 11:38

ГупсэфыпIэ афэхъугъ

Зи Хэкужъ къэзыгъэзэжьыгъэм и Мафэ ипэгъокIэу Шам (Сирием) ит къалэу Дамаскэ къикIыжьыгъэ Цэй Нарминэ тихьакIэщ къе­дгъэблэгъагъ, адыгэ чIыгум иунагъо псэукIэу щыриIэм зыщыдгъэгъозагъ.

07.08.2026 - 14:35

Яхъумэ, зыщIагъакъуэ

«Адыгэ псалъэ» газетым къытедгъэзэж-дриплъэжурэ дыщытопсэлъыхь ди республикэм и Къущ­хьэхъум ит Iэщыхъуэхэм я Iуэху зытетым.