Статьи на кабардинском языке

КЪАЗИЙ МЫСОСТ

(1640 – 1676)

ПАСЭРЕЙ ФАДЭ ЛIЭУЖЬЫГЪУЭХЭР

Адыгэм махъсымэр ижь-ижьыж лъандэрэ егъавэ. Ар хьэщIэ лъапIэхэм хуаIэт, хьэгъуэлIыгъуэр, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зэрагъэбжьы­фIэ фадэ лIэужьыгъуэщ. 

ХЬЭХЪУПАЩIЭ АМЫРХЪАН И ЩIЫХЬКIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджээхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, уэрэджыIакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ ХьэхъупащIэ Амырхъан къызэралъхурэ илъэси I40 зэрырикъум теухуауэ Къэхъун къуажэм гуфIэгъуэ зэхыхьэшхуэ щекIуэкIащ. МахуитIым къриубыдэу а жылэм концертхэр, зэпеуэхэр, джэгухэр щызэхэтащ.

НАЛОГ ДЕЛЭХЭР

ИгъащIэ лъандэрэ дэтхэнэ къэралми и хэхъуэ нэхъыщхьэр налогхэрщ. Налогхэм я тхыдэм ухэплъэмэ, куэд бгъэщIэгъуэнущ.

АДЫГЭ ПЩАЩЭ БЕСЛЪЭНЕЙ ЗАМИРЭ

Мейкъуапэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа «Черкешенка» фестиваль-зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ абы зи зэфIэкI щеплъыжа Беслъэней Замирэ. Ар къызэригъэпэщащ Адыгэ Республикэм цIыхубэ щэнхабзэмкIэ и центрым, АР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу. Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсым зэфIаха Iуэхухэм язщ мы зэхыхьэ дахэр.

ПИРАМИДЭХЭМ Я ХЭКУ

Ухуэныгъэ ехьэжьахэмрэ дунейм и телъыджиблым хиубыдэ щIыпIэ дахэхэмрэ здэщыIэ Мысырыр цIыхухэм я кIуапIэщ куэд щIауэ. Урысей туристхэр нэхъыбэ дыдэу здэкIуэ Африкэ къэралыгъуэм илъэс псом и хъуреягъкIэ зыщыбгъэпскI, дыгъэ зыщебгъэу мэхъу, гъэщIэгъуэн куэд щыболъагъу.

АДЫГАГЪЭКIЭ ХЬЭЩIЭМРЭ БЫСЫМЫМРЭ ЯХУЭГЪЭЗА ХАБЗЭХЭР

Адыгэ хьэщIэ и щIасэщ.

ХьэщIэр Тхьэм и лIыкIуэщ.

Адыгэ псалъэжьхэщ.

Дуней псом лъэпкъыу тетым хьэщIэм ирахыу езыхэм я хабзэ яIэжщ. Кавказ лъэпкъхэр къапщтэмэ, хьэщIэ гъэхьэщIэнкIэ цIэрыIуэщ, абыкIэ къалъэщIыхьэр мащIэу куэдым къалъытэр.

КЪАМЭМ ТЕУХУАУЭ

Адыгэ къамэ зылъэгъуам гу лъимытэнкIэ Iэмал иIэкъым къамэдзэм лэдэх зэрытелъым. А лэдэххэм щхьэкIэ адыгэхэм джуд (е жуд), жаIэ. Къамэ щыIэщ жуд темылъу, къамэдзэр гъущI джафэу. Апхуэдэ къамэ зыхуащIхэр щIалэ цIыкIухэрт, къану япIу атэлыкъым и деж щыIэхэм я ныбжьыр илъэсиблым нэсамэ. АбыкIэ щIалэ цIыкIухэм загъасэрт къамэ яIыгъыфу, зэрахьэфу, къагъэсэбэпын хъумэ, хуэсакъыу.

СУРЭТЫЩI IЭЗЭХЭМ Я ЛЭЖЬЫГЪЭХЭР

КъБР-м и Лъэпкъ музейм «ЦIыхур, щIыуэпсыр, хьэршыр» гъэлъэгъуэныгъэр щокIуэкI. Утыку кърахьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и художник нэхъыфIхэм я лэжьыгъэхэр - ХудожествэхэмкIэ Урысей Академиемрэ КъБР-м и СурэтыщIхэм я зэгухьэныгъэмрэ ирагъэкIуэкIа зэпеуэм пашэ щыхъуахэм я Iэдакъэ къыщIэкIахэр.

ЛЭЖЬЫГЪЭР ЗЭТЕУБЛАЩ

2022 гъэм и мэкъуауэгъуэ мазэм щегъэжьауэ Къэбэрдей-Балъкъэрым щолажьэ санитар авиацэмкIэ IэнатIэр. КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ министерствэм и пресс-IуэхущIапIэм къызэритымкIэ, а зэманым къриубыдэу республикэм и щIыпIэ зэхуэмыдэхэм 38-рэ лъэтэну къахуихуащ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке