АДЫГЭ ФИЛЬМХЭР МОСКВА ЩАГЪЭЛЪАГЪУЭ

Къэбэрдей-Балъкъэр, Адыгей, Къэрэшей-Шэрджэс республикэхэм къэралыгъуэ зэрагъуэтрэ илъэси 100 зэрырикъум и щIыхькIэ, УФ-м и къалащхьэм щекIуэкIа гуфIэгъуэ дауэдапщэхэм ящыщщ «Адыгэ кином и тхьэмахуэр». Ар къыщызэIуахащ Москва дэт «ТекIуэныгъэм и музейм». Зэхыхьэр хуабжьу щхьэпэт, сыту жыпIэмэ, адыгэ щэнхабзэм иужьрей илъэсхэм игъуэт зыужьыныгъэм щыхьэт нахуэ хуохъу адыгэ фильмхэр зэрытрахыр. ТхьэмахуэкIэ ди къэралым и щыхьэрым щагъэлъэгъуащ документальнэ, художественнэ, щIэныгъэ, тхы­дэ фильму 8. 

Кином и тхьэмахуэр къыщы­зэIуахым хэтащ экономикэ щIэ­ныгъэхэмкIэ доктор, профессор, Москва дэс адыгэхэм я нэхъыжьхэм я зэгухьэныгъэм и тхьэмадэ Агъырбэ Юрий, про­дюссер, режиссер, сценарист, «Черкесия фильм» киностудием и унафэщI, Урысейм и кинематографистхэм я зэгухьэныгъэм и къудамэу Адыгейм щылажьэм и Iэтащхьэ Нэгъаплъэ Аскэрбий, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист, телевиденэм и лэ­жьакIуэ цIэрыIуэ ТIэш Светланэ, къалащхьэм щыпсэу, щылажьэ, щеджэ ди лъэпкъэгъухэр, Москва щыпсэухэмрэ и хьэщIэхэмрэ. 
ЗэIущIэр къыщызэIуахым Нэгъаплъэ Аскэрбий жиIащ адыгэ режиссерхэм я IэдакъэщIэкIхэр Москва зэрыщагъэлъагъуэм мы­хьэнэшхуэ зэриIэр. «Мы фильм­хэм еплъ дэтхэнэ зыми адыгэ ­лъахэр нэхъ гъунэгъуу къицIы­хуну, ди хабзэ, ди псэукIэ, ди зэхэтыкIэ къищIэну Iэмал иIэщ. Урысей къэралыгъуэр зэфIэувэным и къежьапIэу щытахэм ящыщщ адыгэ лъэп­къыр. Си ­гугъэщ сыт хуэдэ лъэпкъ къы­хэкIари фIэгъэщIэгъуэну еплъыну. Къищынэмы­щIауэ, абыхэм я фIагъыр зэры­лъагэр жысIэфынущ. Сыт щхьэ­кIэ жыпIэмэ, сэ ­кинохэм я фестиваль куэдым сыхэтащ, лъэпкъ, къэрал, щIыналъэ, къалэ куэдым щытраха ­фильмхэм сеплъащ. Адыгэм зэ­рытрихам щхьэкIэ жысIэркъым, атIэ зэзгъэпщэн куэд слъэгъуащи, ди лэжьыгъэхэм лъабжьэ быдэ зэраIэр, ахэр сыт хуэдэ утыкуи ипхьэ хъуну зэрыщытыр, купщIэ яIэу зэ­рытрахыфыр къы­хэзгъэщынущ. ЩIыналъэ жыпхъэхэр къапщтэмэ, ди фильмхэр япэ итхэм ящыщу жыпIэ хъунущ. 
Пэжщ, художественнэ фильм­хэм дяпэкIэ нэхъ делэжьын, зедгъэужьын хуейщ. Ауэ апхуэдэхэм иужь ихьэ режиссер щIалэхэм ябгъэдэлъ зэчиймрэ зэфIэ­кIымрэ тепщIыхьмэ, абыкIи иужь дыкъинэнукъым зэман гъунэ­гъум. Къыхэбгъэщыну урикъунщ ди лъэпкъэгъу Даур Хъусен иджыблагъэ триха пщы Марыхъу теухуа фильмыр. Апхуэдэхэр ­щы­плъагъукIэ адыгэ кинемато­графием къэкIуэну дахэ зэриIэр уи фIэщ мэхъу!»
Агъырбэ Юрий къыхигъэщащ адыгэ зэрыс республикищым я илъэси 100-р дахэу зэрагъэ­лъэпIар, и хэку цIыкIум и ехъу­лIэныгъэхэми хэкушхуэм и Iуэху зэрыдэкIми зэрыщыгуфIыкIыр, зэрыригушхуэр. Адыгэ щэнхабзэм и зыужьыныгъэм зи гуащIэ хэзылъхьэ дэтхэнэ зыми и зэ­фIэкIыр нэхъыбэ хъуну, ди лъэпкъ гъуазджэм нэхъри зиIэтыну хъуэхъуащ. Москва щагъэлъагъуэ фильмхэм еплъ дэтхэнэ зыми и щхьэр лъагэу зэрилъа­гъужынур, зи хэку цIыкIум пэIэ­щIэ­хэмрэ хэхэс гъащIэр зи натIэ хъуахэмрэ я дежкIэ лъэпкъ ­фильмхэм уасэ зэрамыIэр жи­Iащ нэхъыжьым. 
- Дэ ди республикэр цIыкIу щхьэкIэ, уардэщ, - къыхигъэбелджылыкIащ ТIэш Светланэ. - Ди къэралышхуэм и зы плIанэпэ цIыкIуу арами, абы щыпсэу дэ дыхущIокъу ди псэукIэм, ди щэнхабзэ щIэинхэм, адыгэм и хъу­гъуэфIыгъуэхэм ятеухуа кино тетхыну, нэхъыбэм закъедгъэцIы­хуну. Москва щагъэлъэгъуэну фильмхэм яхэтщ зи илъэси 100-р мы гъэм зыгъэлъапIэ Адыгейм, Къэ­бэрдей-Балъкъэрым щыщ режиссерхэм я лэжьыгъэхэр. Сэ сыхуейт ди щIалэгъуалэр абыхэм еплъу я лъэпкъ зэхэщIыкIым ­нэхъри зиужьыну, нэгъуэщI лъэпкъ­хэр еплъу дыкъацIыхуну, Урысеишхуэм и ипщэ щIыналъэр фIыуэ зылъагъу туристхэр дихьэхыу нытхуеблэгъэну. Си щхьэ­кIэ сыщогуфIыкI ди щыIэкIэ-псэукIэр къэзыгъэлъагъуэ документальнэ фильмхэм нэмыщI, художественнэ фильмхэр ди лэжьэгъухэм трах зэрыхъуам. Къапщтэмэ, кинор тхыдэщ, ар шэч къызы­тумыхьэжынщ, ауэ ­кинор къэкIуэнум ухуэзышэ лъагъуэуи къысщохъу, псом хуэ­мыдэу щIалэгъуа­лэм я дежкIэ. Къы­дэкIуэтей щIэблэм ди блэкIар ящIэн, ди нобэрей лIыхъужь­­-     хэр яцIыхун, ди зыужьыныгъэм хуэпэбгъэн щхьэ­кIэ лэжьыгъэ­ш­хуэщ гъуазджэр, кинор. 
Япэ махуэм фильмитI ягъэлъэгъуащ - Нэгъаплъэ Аскэрбий и «Адыгэ хабзэмрэ» ЕмкIуж Ан­дзор и «Невиновен»-мрэ. Къы­кIэлъыкIуэ махуэхэм Москва дэт Кином и центральнэ унэм ­щагъэлъэгъуащ ««Адыгэхэм я гъуаз­джэ дунейр», ТIэш Светланэ триха документальнэ ­фильмыр, Даур Хъусен и «Пщы Марыхъу» художественнэ филь­мыр, Хъыжь­рокъуэ СулътIан и «По ­небу босиком» фильмыр, ­Нэгъаплъэ Аскэрбий и лэжьыгъэ цIэрыIуэхэр. ЦIыхухэм хуабжьу ягу дыхьащ иджыблагъэ зи ­премьерэр екIуэкIа «Пщы Мары­хъур». Абы къыщыгъэлъэгъуащ натыхъуеипщым и лIыгъэмрэ и гъащIэ гъуэгуанэмрэ. ЛIэщIы­гъуитIкIэ узэIэбэкIыжмэ, лIыгъэр, хахуагъэр, щIыхьыр, лIы­хъужьыгъэр щытепщэу щыщыта зэманым укъыщегъэхутэ филь­мым. Сыту дахэт адыгэ хабзэмрэ нэмысымрэ, лъэпкъ хъу­гъуэ­фIыгъуэмрэ шыфэлIыфэмрэ щызэрахьа лъэхъэнэр, сыту урипагэрэ экраным щыплъагъу уи лъэпкъэгъу лIыхъужьхэм жаIэ­хэмрэ я хьэл-щэнхэмрэ. 
Фильмыр адыгэбзэкIэ зэрыт­рахам уигу химыгъэхъуэнкIэ Iэмал иIэкъым. Апхуэдэуи и фIагъ­хэм ящыщщ адыгэбзэм и диалект зыбжанэ къызэрыщыIур. Ди анэдэлъхубзэкIэ псалъэ щIалэ­хэм фильмым и кIыхьагъкIэ Iущагъ куэд жаIэ, хабзэм щыщ Iыхьэхэри ягъэлъагъуэ. 
Режиссерым къехъулIащ XIX лIэщIыгъуэм Адыгэ хэкум иIа ­теплъэмрэ адыгэхэм я шыфэ­лIыфэмрэ къигъэлъэгъуэжын. «Захуэр Тхьэм къехъумэ» - аращ фильмым гупсысэ нэхъыщхьэу щыпхышар. ЗэпIэзэрыту, пщIэ къыпхуащIу, пщIам уримыу­кIы­тэжрэ уи бынхэр умыгъэукIытэу упсэуныр - аращ кином укъызы­хуриджэр.
Илъэсищ лъандэрэ цIыхубэр зытепсэлъыхьхэм ящыщу Кином и тхьэмахуэм хэта «Невиновен» фильмым къытрагъэзэжурэ еплъыр куэдщ, москвадэсхэми иджы экранышхуэкIэ ялъагъуну Iэмал яIащ ар. Адыгэ къуажэм, хьэблэм, пщIантIэм, унэм деж щегъэжьауэ а жылэм дэлъ хабзэмрэ щекIуэкI адыгэ гъащIэмрэ къыщыгъэлъэгъуащ фильмым. Ауэ щыхъукIи, дунейпсо мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэщ лъабжьэ хуэ­хъуар, цIыху куэд зыгъэпIейтей къэхъукъащIэщ зыхуэгъэпсар. АР-м гъуазджэхэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ ЕмкIуж Андзор зэрыжиIэмкIэ, цIыху зэхэгъэж, лъэпкъ зэныкъуэкъу, щIалэгъуалэ зэпэ­щIэувэныгъэ щыIэн хуейкъым. ЦIыху гъащIэр зыщ зэрыхъур, ар зым адрейм Iихыныр къезэгъыркъым. ЗэгурыIуэрщ, шыIэныгъэрщ, мамырыгъэрщ мы дунейр щызыгъэIэри зэтезыIыгъэри. Мис ахэращ режиссерым цIыхубэр къызыхуриджэ гупсысэ нэхъыщхьэр.
Адыгэм и гъуазджэ дунейм нобэ иIэ щытыкIэр зи IэпэIэ­-сагъкIэ Кавказ Ищхъэрэм и мызакъуэу, къэрал псом щыцIэры­Iуэ цIыхуитхум - Еутых Iэсият, ­Сэралъп Мадинэ, Сэт Сафиет, ГъукIэ Замудин, Мэзло Руслан - я IэщIагъэмкIэ дахэу къигъэлъэ­гъуэфащ ТIэш Светланэ. Гъуазджэм и лэжьакIуэ цIэрыIуэхэр я IэщIагъэм хуэIэзэ къудейкъым, атIэ хуабжьу гъэщIэгъуэну топсэлъыхь адыгэхэм ижь-ижьыж лъандэрэ къадекIуэкI IэщIагъэхэр къызэ­режьам, абыхэм зэрызаужьам, цIыхухэм нобэми къызэрагъэсэ­бэпымрэ лъэпкъыр бей зэри­щIымрэ. 
Арджэн зэраджым, макъамэ Iэмэпсымэхэр зэращIым, дыщэи­дэм, адыгэ фащэр зэрадым, ­гъущIым хьэпшып зэмылIэужьы­гъуэхэр къызэрыхащIыкIым теу­хуауэ жаIэхэри къагъэлъагъуэри хуабжьу удэзыхьэхщ. Сыту ­Iу­щагъ куэд къыдекIуэкIрэт адыгэм, сыту Iэмал куэд иIэт и гъащIэр тынш, дахэ, екIу ирищIыну. А псори зэгъэкIуауэ къыхощ «Адыгэхэм я гъуазджэ дунейр» фильмым. 
Мис апхуэдэу щIэщыгъуэ, гухэхъуэ, телъыджэ куэд щыплъагъу фильмхэр тхьэмахуэкIэ Москва щекIуэкIащ. 

Сурэтым: Шорэ Анзор, Къуэдз Аксанэ, ТIэш Светланэ сымэ.

НэщIэпыджэ Замирэ, Адыгэ Республикэм щIыхь зиIэ и журналист.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.

27.03.2024 - 13:58

БИЙМ ЗЫ ГУПУ ПЭЩIИГЪЭУВАТ

Тхыдэдж-щIэныгъэлI Сокъур Валерэ «Кърым зауэр къэзыхьа ХьэтIохъущокъуэ и къуэ Кургъуокъуэ - пщыхэм я Iумахуэт» зыфIища и тхыгъэм къызэрыхэщу, зи ныбжьыр илъэс 27-рэ фIэкIа мыхъуа Къаплъэн-Джэрий, I

27.03.2024 - 12:25

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР Я ПЛЪАПIЭУ

Мэзкуу областым и Рузэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Олимп джэгухэм хыхьэ тхэквондо лIэужьыгъуэмкIэ (ВТФ) Урысейм пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIауэ ныбжьыщIэхэм, хъыджэбзхэмрэ щIалэхэмрэ я зэхьэзэх

27.03.2024 - 09:03

СИ ЖЭНЭТ

(ГъащIэ теплъэгъуэ)