БЭНЭНЫГЪЭР ИДЖЫРИ ЙОКIУЭКI

Къэбэрдей-Балъкъэрым ­футболымкIэ и чемпионатым и дивизион нэхъыщхьэм хыхьэ зэхьэзэхуэхэр и кIэм нэблэ­гъащ. ТIощIрэ ебланэ джэгу­гъуэм хыхьэ зэпэщIэтыныгъэхэр ­тхьэмахуэ блэкIам республикэм и щIыпIэ зэмы­лIэужьы­гъуэхэм щызэхэтащ. Мыгъэрей зэхьэзэхуэм и саугъэт нэхъыщ­хьэр къэзыхьар тхьэмахуэ ипэкIэ наIуэ хъуами, дыжьын медалхэм папщIэ бэнэныгъэр иджыри йокIуэкI.
 
2022 гъэм зыхуагъэувыжа къалэн нэхъыщхьэр зыгъэзэщIа «Ав­тозапчасть»-р IущIащ зэхьэ­зэхуэм и турнир таблицэм етIуа-нэ увыпIэр щызыIыгъ Псынэдахэ и «Родник»-м. ЗэпэщIэтыныгъэм кърикIуэнум езыхэм яIыгъ увы­пIэм зэрызримыгъэхъуэжынур зыщIэ бахъсэндэсхэм зэIущIэм гугъущэ зыщрагъэхьауэ пхужы­Iэнукъым. Абыхэм хуэмыдэу, хьэщIэхэм Iэмал къахукъуэкIащ чемпионатым и медаль нэхъыщ­хьэхэм ящыщым адэкIи щIэбэ­ныну. Апхуэдэу топ тIурытIкIэ зэхъуэжауэ, дэтхэнэ зыми очко зырыз къахэхъуауэ командэхэр зэбгъэдэкIыжащ.
Саугъэт нэхъыщхьэхэм дап­хуэдэу щIэмыбэнами, командэ нэхъыфIищым я гупым хэхуэ­фынукъым «Искра»-р. И унэ щы­Iэу алътуддэсхэм жэуапыншэ топищ худагъэкIащ «ЛогоВАЗ»-м, арщхьэкIэ ещанэ увыпIэм зы лъэбакъуэкIэ нэмысу къэувыIэжащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и фут­бол командэ нэхъыщхьэм и щIалэгъуалэ гупым щэбэт блэ­кIам я IутIыжт. Абыхэм Налшык къыщрагъэблэгъащ чемпионатым зэрыщIидзэрэ кIэух увыпIэ­хэм къимыкIыфа «Шэрджэсыр». «ХьэщIагъэ зыхэмылъа» нал­шык­дэсхэм Шэджэм и коман-дэм и щхьэр къиIэтыну зы Iэмали иратакъым. Зым нэхърэ адрейр нэхъ дахэжу «Спартак-Д»-м и хьэрхуэрэгъухэм я гъуэм дигъэкIащ жэуапыншэ топ пщIы­кIуий (!). Ар джэгугъуэм и мызакъуэу, атIэ чемпионат псом зы ­командэм топ нэхъыбэ дыдэ щыдигъэкIа зэIущIэ хъуащ.
Джэгугъуэм и етIуанэ махуэм зэхэтащ зэхьэзэхуэм и турнир таблицэм зэхъуэкIыныгъэ езы­мыт зэIущIэхэм ящыщ зы. «Ислъэмейм» и унэ къыщригъэблэгъащ «Кэнжэр». Чемпионатым щы­щIидзэм зыхуагъэувыжа къалэнхэр ягъэзэщIэным яхузэфIэкI псори езыхьэлIа командэхэм зэпэщIэтыныгъэр жыджэру ирагъэкIуэкIащ. Топ тхурытхукIэ зэхъуэжа, кIэух увыпIэхэм щыт гупхэр зэрытемыгъэкIуауэ зэбгъэдэкIыжащ.
Дыжьын медалхэр зыIэригъэ­хьэным иджыри и гугъэр хихы­жакъым «Тэрчым». Ипэ махуэм «Родник»-р зэрылъэпэрэпам джы­лахъстэнейхэм я гурыщIэхэр къигъэщIэрэщIэжат. АрщхьэкIэ чемпионатым ику ит увыпIэхэр щызыIыгъ командэхэм ящыщ «Шэджэм-2»-м хэгъэрейхэр къигъэнэщхъеижащ. Тэрч къалэ щы­зэхэта зэпэщIэтыныгъэр зэ­ры­темыгъэкIуауэ иухащ. Иу­жь­рей джэгугъуэращ иджы щызэ­хэ­кIынур етIуанэ, ещанэ увыпIэр къызыIэрыхьэнур.
Шэджэм ЕтIуанэ «Къэбэрдейм» къыщригъэблэгъащ «Уры­хур». Иджырей зэIущIэм ирихьэ­лIэу очкоипщI фIэкIа зыIэры­зы­мыгъэхьэфауэ кIэух увыпIэхэм языхэзым къыщызэтеувыIа «Къэ­бэрдейр» жыджэру джэ­гуащ икIи «Урыхум» текIуащ.
«Псыгуэнсумрэ» «Малка»-мрэ я зэIущIэм кърикIуэнуми мыхьэ­нэшхуэ иIэжтэкъым турнир таблицэм и теплъэмкIэ. АрщхьэкIэ чемпионатым и кIыхьагъкIэ ­джэгукIэ хъарзынэ къэзыгъэ­лъэгъуа, Балъкъ Iуфэ щыщ командэм иужьрей зэпэщIэтыныгъэхэри итыну и мурадкъым. И хьэрхуэрэгъухэм топибл яхудэ­зыгъэкIа малкэдэсхэм зи чэзу текIуэныгъэр зыIэрагъэхьауэ Псы­гуэнсу къыдэкIыжащ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и ди­визион нэхъыщхьэм и тIощIрэ ебланэ джэгугъуэм зэхэта зэIущIэхэм мыпхуэдэ бжыгъэхэр ­кърикIуащ: жэпуэгъуэм и 29-м - «Спартак-Д» (Налшык) - «Шэрджэс» (Шэджэм) - 18:0, «Искра» (Алътуд) - «ЛогоВАЗ» (Бабугент) - 3:0, «Автозапчасть» (Бахъсэн) - «Родник» (Псынэдахэ) - 2:2; жэп­уэгъуэм и 30-м - «Ислъэмей» (Ислъэмей) - «Кэнжэ» (Кэнжэ) - 5:5, «Тэрч» (Тэрч) - «Шэджэм-2» (Шэджэм ЕтIуанэ) - 1:1, «Къэбэрдей» (Налшык) - «Урыху» (Урыху) - 7:3, «Псыгуэнсу» (Псыгуэнсу) - «Малка» (Малка) - 4:7.
Къэбэрдей-Балъкъэрым футболымкIэ и чемпионатым и ди­визион нэхъыщхьэм и иужьрей джэгугъуэм щызэхэтынущ «Ло­гоВАЗ» - «Спартак-Д», «Шэрджэс» - «Тэрч», «Малка» - «­Уры­ху», «Родник» - «Искра», «Шэ­джэм-2» - «Ислъэмей», «Кэнжэ» - «Псыгуэнсу», «Къэбэрдей» - «Автозапчасть» зэIущIэ­хэр.
 

ЖЫЛАСЭ Замир.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.