Статьи на кабардинском языке

ПИАНИСТ ЦIЭРЫIУЭХЭР

Пианинэ еуэным щыхуагъасэ школхэр Урысейм къыщыунэхуауэ щытащ илъэс 200 хуэдэ ипэкIэ, европейхэм ейхэм нэхърэ зыкъомкIэ нэхъ гувауэ. ИтIани дуней псом щыцIэрыIуэ пианист-макъамэтххэр урысхэм яхэтщ.

ХЬЭСАУТ

Мы фIэщыгъэр зытеIукIа жылэр а цIэ дыдэр зезыхьэ псы Iуфэм Iусщ. Гумрэ Балъкърэ хэлъэдэж псыхэр зэхэзыгуэшыкI сэнтхыщхьэу Къырылъэ шытхым хиубыдэм и зы папцIапIэ БырмамытI Iуащхьэм (метри 2592,3-рэ и лъагагъщ) ар километри 6-кIэ пэжыжьэщ. Къэрэшей - Шэрджэсым и зы щIыналъэу «Къэрэшей ЦIыкIу» зыфIащам и къуажащхьэ Учкекен километр 66-кIэ (гъуэгумкIэ) пэIэщIэщ.

ПСЫ ХУЩХЪУЭХЭМРЭ АХЭР КЪЫЗЭРЫЗЭIУАХАМРЭ

Урысхэм  «Железная» зыфIаща   бгым  пэгъунэгъу  псы  хущхъуэхэм  я  гугъу  урысхэм   япэу  яхуэзыщIар  нэ  дохутыр  цIэрыIуэ  Гааз  Фридрихщ.  Езым и  пэ  абыхэм  ятетхыхьа  Паллас  Пётр  зытепсэлъыхьа   псыхэр  къилъыхъуэу,  офицерхэми  дохутырхэми япкърыупщIыхьыурэ  къекIуэкIащ  Гааз  зыкъомрэ.  Щэнейрэ  Шотландием къикIа  чыристан  духьэшыхэм    я  псэупIэ  Каррас къыщежьэурэ,  Бещто  лъэнык

ЗИ ПСЫХЪУАЩХЬЭР ХЪУЭПСЭГЪУЭ

Адыгэхэм Урыху зыхужытIэ, осетинхэм ящыщу дигорхэм - Ираф, иронхэм – Араф цIэхэмкIэ зэхацIыхукI псыр зи щIыналъэр зэпылъ республикэхэу Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щожэх.

 

СЫТ ХУЭДЭ УЗМИ И ХУЩХУЭГЪУЭР ЩIЫУЭПСЫМ ХЭЛЪЩ

Илъэс мин бжыгъэкIэ цIыхур кIэлъыплъащ щIыуэпсым, къэкIыгъэхэм, удзхэм, ахэр цIыхум епхьэлIа нэужь сэбэп е зэран зэрыхуэхъум. Ауэрэ къэунэхуащ цIыхубэ медицинэ жыхуэтIэжыр. Нобэ фармацием ицIыху хущхъуэгъуэ мин бжыгъэхэр, дауи, пэсэрейхэм яцIыхуакъым, ауэ узыфэ шынагъуэхэм зэрызыщахъумэ, зэрызагъэхъуж Iэмалхэм щыгъуазэрт.

ШЭМПАУЛ

(ЕтIуанэ Iыхьэ)
Арати, мазэр докIри, фронтым согъэзэж.

КЪУЭШЫРКЪУЕЙ ХЪЫДЖЭБЗЫР И ГЪЭСЭНЫГЪЭКIЭ КЪАХОЩ

Мы тхыгъэр зытеухуар Адыгэ Республикэм щекIуэкIа «Адыгэ пщащэ» фестиваль-зэпеуэм «Пщащэ гъэса» щIыхьыцIэр къыщызыхьа ЖьэкIэмыхъу Даринэщ. Гуапэщ Кэнжэ (Къуэшыркъуей) къуажэм къыдэкIа хъыджэбзыр и гъэсэныгъэкIэ абы къызэрыщыхэжаныкIар. Фигу къэдгъэкIыжынщи, зэхьэзэхуэр Адыгэ Республикэм ЦIыхубэ щэнхабзэмкIэ и центрым къызэригъэпэщащ, ЩэнхабзэмкIэ министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу.

ТЕЛЕВИДЕНЭ ЩХЪУЭКIЭПЛЪЫКIЭМ И КЪЕЖЬАПIЭР

1967 гъэм и жэпуэгъуэм Совет Союзымрэ Франджымрэ щекIуэкI гъащIэм къыхыхьауэ щытащ щхъуэкIэплъыкIэу къэзыгъэлъагъуэ телевиденэр. Жэпуэгъуэм и 1-м франджыхэр еплъащ Совет къэралым и лIыкIуэу а щIыпIэм щыIэ Зориным и къэпсэлъэныгъэм. Ар теухуат совет властыр къызэрыунэхурэ илъэс 50 зэрырикъум.

ДЫЗЫЩЫПСЭУ ЩIЫР - БЖЫГЪЭХЭМКIЭ

ЩIэныгъэлIхэм къызэрахутамкIэ, дызыщыпсэу ЩIымрэ Дыгъэ системэм хиубыдэ вагъуэхэмрэ адрей планетэхэмрэ илъэс меларди 4,6-рэ ипэкIэ къэунэхуащ. ЦIыхур хьэршым и гъунапкъэ жыжьэхэм нэплъысащ. ИкIи планетэ мелард бжыгъэхэм ящыщу ЩIы закъуэращ гъащIэ здэщыIэу къыщIэкIари. Ар, дауи, телъыджэщ. Ауэ абы нэхърэ нэхъ гъэщIэгъуэныж куэд къыщохъу езы ЩIыми...

ГУМ И ЗЫЩIЫКIЭ

Гур архъуанэм ирехьэри… гъащIэ псо щоуназэ. ГукъэкIыжхэр къожажьэ, гупсысэр мэятэ. ПщIэжрэ, пщIэжрэ жыпIатэр, сигу, зэгуэр узелъатэу… Къэбгъуэтауэ, бгъэфIэну, гухэлъ IэфIу уиIэну… Уэ гухэлъыр жыпIэнут, дуней псор ууей хъунут. Сэ сыноплъырти щыму, бжезмыIэфурэ зыри, уи дунейр сфIэгуэныхьт. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке