Статьи на кабардинском языке

ЗЭРЫЗЭКЪУЭТЫМ И ЩАПХЪЭ

Украинэм щекIуэкI Iуэхухэм хэтыну кIуахэм хуащI гулъы­тэм хэхъуэ зэпытщ.

ЭКОНОМИСТЫМ И МАХУЭ

Экономистым и махуэр мы гъэм щэкIуэгъуэм и II-м щагъэлъапIэ Урысей Федерацэм. 
А IэнатIэм гулъытэ хэха хуащI щыхъуар I9I7 гъэм къыщыщIэдзауэщ. Абы щыгъуэщ къэралыгъуэщIэм ФинансхэмкIэ цIыхубэ комиссариат къыщызэрагъэпэщауэ щытари. 

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЗЭФIЭКIХЭР ЗЭПАЛЪЫТАЩ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэ­жьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ Урысейм и Президентым и полномочнэ лIыкIуэу Кавказ Ищхъэрэ федеральнэ округым щыIэ Чайкэ Юрий. ЗэIущIэм щы­хэплъащ республикэм щы­Iэ социально-экономикэ щы­тыкIэм, апхуэдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым икIауэ дзэ ­опе­рацэ хэхар щрагъэкIуэкI щIы­пIэм зи къалэнхэр щы­зы­гъэзащIэ зауэлIхэм зэра­дэIэпыкъу щIыкIэм.

ЕГЪЭДЖЭНЫГЪЭ IЭНАТIЭМ ЩЕКIУЭКI ЗЭХЪУЭКIЫНЫГЪЭХЭР

Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек жылагъуэм дежк1э мыхьэнэ хэха зиIэ ухуэныгъэ инхэмкIэ штабым тхьэмахуэ къэс зэхишэ зи чэзу зэIущIэ иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ. Абы щытепсэлъыхьащ щIыналъэм щекIуэкI ухуэныгъэ лэжьыгъэхэр къызэрызэпэщым, абы ехьэлIауэ зэхъулIэхэмрэ щыIэ Iуэхугъуэ зэIумыбзхэмрэ.

БАХЪСЭН КЪАЛЭ ЕДЖАПIЭЩIЭ ЩАУХУЭ

Бахъсэн къалэм хъыбар дахэ иджыблагъэ къиIукIащ. «Егъэджэныгъэ» лъэпкъ проектым ипкъ иткIэ Бахъсэн къалэм и хьэблэщIэм щрагъэжьащ сабий 1224-рэ зыщIэхуэн еджапIэм епха ухуэныгъэхэр.

ПИАНИСТ ЦIЭРЫIУЭХЭР

Пианинэ еуэным щыхуагъасэ школхэр Урысейм къыщыунэхуауэ щытащ илъэс 200 хуэдэ ипэкIэ, европейхэм ейхэм нэхърэ зыкъомкIэ нэхъ гувауэ. ИтIани дуней псом щыцIэрыIуэ пианист-макъамэтххэр урысхэм яхэтщ.

ХЬЭСАУТ

Мы фIэщыгъэр зытеIукIа жылэр а цIэ дыдэр зезыхьэ псы Iуфэм Iусщ. Гумрэ Балъкърэ хэлъэдэж псыхэр зэхэзыгуэшыкI сэнтхыщхьэу Къырылъэ шытхым хиубыдэм и зы папцIапIэ БырмамытI Iуащхьэм (метри 2592,3-рэ и лъагагъщ) ар километри 6-кIэ пэжыжьэщ. Къэрэшей - Шэрджэсым и зы щIыналъэу «Къэрэшей ЦIыкIу» зыфIащам и къуажащхьэ Учкекен километр 66-кIэ (гъуэгумкIэ) пэIэщIэщ.

ПСЫ ХУЩХЪУЭХЭМРЭ АХЭР КЪЫЗЭРЫЗЭIУАХАМРЭ

Урысхэм  «Железная» зыфIаща   бгым  пэгъунэгъу  псы  хущхъуэхэм  я  гугъу  урысхэм   япэу  яхуэзыщIар  нэ  дохутыр  цIэрыIуэ  Гааз  Фридрихщ.  Езым и  пэ  абыхэм  ятетхыхьа  Паллас  Пётр  зытепсэлъыхьа   псыхэр  къилъыхъуэу,  офицерхэми  дохутырхэми япкърыупщIыхьыурэ  къекIуэкIащ  Гааз  зыкъомрэ.  Щэнейрэ  Шотландием къикIа  чыристан  духьэшыхэм    я  псэупIэ  Каррас къыщежьэурэ,  Бещто  лъэнык

ЗИ ПСЫХЪУАЩХЬЭР ХЪУЭПСЭГЪУЭ

Адыгэхэм Урыху зыхужытIэ, осетинхэм ящыщу дигорхэм - Ираф, иронхэм – Араф цIэхэмкIэ зэхацIыхукI псыр зи щIыналъэр зэпылъ республикэхэу Осетие Ищхъэрэ - Аланиемрэ Къэбэрдей-Балъкъэрымрэ щожэх.

 

СЫТ ХУЭДЭ УЗМИ И ХУЩХУЭГЪУЭР ЩIЫУЭПСЫМ ХЭЛЪЩ

Илъэс мин бжыгъэкIэ цIыхур кIэлъыплъащ щIыуэпсым, къэкIыгъэхэм, удзхэм, ахэр цIыхум епхьэлIа нэужь сэбэп е зэран зэрыхуэхъум. Ауэрэ къэунэхуащ цIыхубэ медицинэ жыхуэтIэжыр. Нобэ фармацием ицIыху хущхъуэгъуэ мин бжыгъэхэр, дауи, пэсэрейхэм яцIыхуакъым, ауэ узыфэ шынагъуэхэм зэрызыщахъумэ, зэрызагъэхъуж Iэмалхэм щыгъуазэрт.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке