Статьи на кабардинском языке

НЭМЫЦЭХЭРИ ЯГЪЭГУАУЭЩХЬЭУЭ

Катарым щекIуэкI, футболымкIэ дунейпсо чемпионатым и япэ ­къекIуэкIыгъуэр иухащ. ПэщIэдзэ махуэхэми хуэдэу, иджыри телъыджэхэр къыщохъу хьэрып къэралыгъуэм и губгъуэхэм.

IЭПЩIЭЛЪАПЩIЭХЭМ Я IЭРЫКIХЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым Щэн­хабзэмкIэ и фонд Вэрокъуэ Владимир и цIэр зе­зыхьэм щагъэлъагъуэ декоративно-прикладной гъуаз­джэм­кIэ IэпщIэлъапщIэхэм я лэжьыгъэхэр. «Гъагъэ, си щIы­налъэ» - аращ абы фIащар. Ар къызэрагъэпэщащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и къэралыгъуэр илъэси 100, ЩэнхабзэмкIэ фондыр илъэс­ 35-рэ зэ­рырикъум я щIыхькIэ.

КЪЭРАЛЫГЪУЭМ И МАХУЭМ И ЩIЫХЬКIЭ

Урысей Федерацэм и Лъэпкъ гвардием и дзэм уэрэдымрэ къафэмкIэ и академическэ ансамблым Налшык и Музыкэ къэрал театрым щэкIуэгъуэм и 20-м псапэ хуэщIэу концерт гукъинэж щитащ, Кавказ Ищхъэрэм мы зэманым зэрызыкъыщигъэлъагъуэм и программэм хыхьэу. Ансамблым и ­художественнэ унафэщIыр икIи и дирижёр нэхъыщхьэр ­УФ-м и цIыхубэ артист, генерал-майор Елисеев Викторщ.

НЭРЫЛЪАГЪУ ДУНЕЙ

Курыт еджапIэр къэзыухахэм я деж къыщыщIэдзауэ, цIыху щыIэу къыщIэкIынкъым микроскопыр зищIысыр зымыщIэ икIи щIыуэпсым къигъэщI пкъыгъуэ нэрымылъагъухэр къэхутэнымкIэ, ахэр джынымкIэ а Iэмэпсымэм иIэ мыхьэнэр зыхуэдизым щымыгъуазэ.

СУД ПРИСТАВХЭМ Я ЛЭЖЬЫГЪЭМ ЩАГЪЭГЪУАЗЭ

Урысей ФССП-м и Управленэу КъБР-м щыIэм и IэщIагъэлIхэр яхуэзащ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш университетым и студентхэм.

БЖЫГЪЭР ЛЪАБЖЬЭ ЗЫЩI IУЭХУ ЩIЭКIЭ

«ЩIэныгъэ щрагъэгъуэт еджапIэхэр бжыгъэрылъанэм (цифровизация) хуэшэным ехьэлIауэ щыIэ Iэмалхэр» зи фIэщыгъэ XX Урысейпсо Iэнэ хъурейр Краснодар щIыналъэм хыхьэ Сириус къуажэм иджыблагъэ щекIуэкIащ.

ГЪАЩIЭ УЗЫНШЭМ ХУАУЩИЙ

«Урысейм и сабийхэр-2022» зыфIаща профилактикэ Iуэхум ипкъ иткIэ Урысей МВД-м и Управленэу Налшык щыIэм и лэжьакIуэхэр дохутыр-нарколог Нагорная Татьянэ ящIыгъуу псалъэмакъ щхьэпэ драгъэкIуэкIащ къалэм и курыт еджапIэ №32-м щеджэхэм. ЩIэблэм и гугъу хуащIащ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ наркотикхэкIхэмрэ зэрышынагъуэм.

АДЫГЭ ПЩАЩЭР КЪЫХОЖАНЫКI

«IT дунейм хыхьэн» гупым щыщ Абрэдж Залинэ VK интернет-IухущIапIэм иджыблагъэ къызэригъэпэщу еянэу иригъэкIуэкIа «Бжыгъэрылъанэ зекIуэ» зи фIэщыгъэ щIыналъэ хакатон зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ.

ЛЪЭПКЪХЭР ЗЭЗЫПХ ЛЪЭМЫЖЫМ УЩЫТЕХЬЭКIЭ

ЕсэнтIыгу къалэ дэт, Шпаковский Владимир и цIэр зезыхьэ тхыдэ-лъахэхутэ музейм «ЩIэин» зи фIэщыгъэ гъэлъэгъуэныгъэ гъэщIэгъуэн щокIуэкI. Абы щагъэлъагъуэ Къэрэшей-Шэрджэс Республикэм щIыхь зиIэ и сурэтыщI, щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, УФ-м и СурэтыщIэхэм я зэгухьэныгъэм хэт Карасов Юрэ и IэдакъэщIэкIхэр.

«ГРАФИНЯ АИССЕ» ФИЛЬМЫР ЯГЪЭЛЪАГЪУЭ

Гъуазджэ

АР-м, КъБР-м, КъШР-м я цIыхубэ тхакIуэ МэшбащIэ Исхьэкъ и Iэдакъэ къыщIэкIа «Аиссе» тхыдэ романымкIэ полнометражнэ художественнэ фильм зэрытрахым теухуа хъыбар мызэ-мытIэу ди газетым тетащ.

Мы махуэхэм Адыгейм, Къэбэрдей-Балъкъэрым, Къэрэшей-Шэрджэсым щокIуэкI фильмыр. Абы фыщеплъыфынущ Налшык и «Дея» киногъэлъэгъуапIэм.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке