АДЫГЭ ПЩАЩЭР КЪЫХОЖАНЫКI

«IT дунейм хыхьэн» гупым щыщ Абрэдж Залинэ VK интернет-IухущIапIэм иджыблагъэ къызэригъэпэщу еянэу иригъэкIуэкIа «Бжыгъэрылъанэ зекIуэ» зи фIэщыгъэ щIыналъэ хакатон зэхьэзэхуэм къыщыхэжаныкIащ.

«Хакатон» псалъэр къызэрыунэхурэ куэд щIакъым, инджылызыбзэ hacher «хакер» псалъэмрэ marathon «марафон» псалъэмрэ зэхыхьэри къэщIа хъуащ. ПсалъэщIэмкIэ IT-IэщIагъэлIхэм (программистхэм, дизайнерхэм, менеджерхэм) зы Iуэхугъуэ зэхэмыбз гуэр и пIэ зэрырагъэувэж, ар IупщI зэращIыж щIыкIэм аращ зэреджэр. Языныкъуэ хакатон утыкухэм егъэджэныгъэ унэтIыныгъэ яIэщ, ауэ нэхъыбэр къалэн пыухыкIам зэIуу зэделэжьыным, ар программэ зэмыл1эужьыгъуэхэм хэухуэнэным хуэгъэпсауэ йокIуэкI. Хакатон щIэнIуатэхэм Iуэхугъуэ куэд къызэдащтэркъым, дэтхэнэри зы IэнатIэ пыухыкIам ехьэлIащ (псалъэм папщIэ, программэм и бзэм, операцие пкъыгъуэм, гуэдзэнхэм, интерфейсым, нэгъуэщIхэми).

«Урысейр зэфIэкIхэм я хэгъэгущ» президент утыкум къыхилъхьа жэрдэмхэм ящыщщ «Интеллект IэрыщI» зи фIэщыгъэ пэхуэщIэр (проектыр). Ар къыщызэрагъэпэщари щекIуэкIари Ставрополь (Шэткъалэ) дэт къэрал мэкъумэш университетырщ. Зэхьэзэхуэм и бжьыгъуэ зэфIэхьым нэсар гуп 40 хуэдиз мэхъу. КъызэгъэпэщакIуэхэм къыхалъхьа Iуэхугъуэм зэфIэхыкIэ лIэужьыгъуиплI иIэн хуейуэ ягъэпсат. Абы пэлъэща гуп 12-р хакатон зэхьэзэхуэ щIэнIуатэм щытекIуауэ къалъытащ, дэтхэнэми сом мелуанитIрэ мин щиплIрэ хъу ахъшэ саугъэт хухахати, ныкъуэ-ныкъуэу зэхуагуэшыжащ.

ГъэфIэж пшыхьыр къызэIузыхар «Урысейр зэфIэкIхэм я хэгъэгущ» президент утыкум къыхилъхьа «Интеллект IэрыщI» пэхуэщIэм и унафэщI Тереховэ Светланэщ. Зэхьэзэхуэм хэта ныбжьыщIэхэм фIыщIэ яхуищIа нэужь, абы къыхигъэщащ Кавказ Ищхъэрэм къэхута мыхъуа фIыгъуэ Iэджэ зэрыбгъэдэлъыр.

«ЩIыналъэр цIэрыIуэ зыщIыр абы и щIыуэпсым и дахагъым и закъуэкъым ик1и щыпсэу лъэпкъыбэм я хабзэ щхъуэкIэплъыкIэхэм, щызекIуэ бзэ дахащэхэм къыщынэркъым. Кавказым щыпсэу цIыхухэр дэтхэнэ зыри зы дуней ирокъу, къыкIуэкIынкIэ хъунур зэуэ къыхыумылъагъукIыу, гъунэгъуу зэбгъэцIыхуа нэужькIэ псы къиуам хуэдэу къибыргъукIыу. Ар иджыри зэ хьэкъыу си фIэщ хъужащ Кавказ хэгъэгухэм я закъуэ IT-IэщIагъэлI миным нэблагъэ ди зэхьэзэхуэм къришэлIэн зэрыхузэфIэкIамкIэ», - жиIащ Тереховэ Светланэ. - «Бжыгъэрылъанэ зекIуэм» хэта ныбжьыщIэхэм нэIуасэ сащыхуэхъуар езы зэхьэзэхуэм и утыкум и закъуэмэ, ахэр нэхъ гъунэгъуу къыщысцIыхуар зэпыугъуэхэрщ, зыгъэпсэхугъуэхэрщ. Псалъэмакъхэр ауэ сытми фIыщIэ щIынрэ фIэхъус ехынкIэ зэфIэкIыртэкъым - дэтхэнэми гупсысэ гъэщIэгъуэхэр къапкърыкIырти, дэтхэнэми и зы дуней лъагъукIэм и нэз кIапэ къигъэлъагъуэрти, абы хэлъ хьэлэмэтхэм укъагъэуIэбжьырт. Мы махуэхэм сэ къызгурыIуащ ди зэпыщIэныгъэхэм Iэмалыншэу зегъэубгъун зэрыхуейр, нэхъыбэрэ дызэмыпсэлъэнкIэ, дызэхэмыхьэнкIэ Iэмал зэримыIэр. Сэ егъэлеяуэ си гуапэщ жэрдэм сщIыуэ къыхэслъхьа пэхуэщIэм апхуэдиз щIэупщIэ зэриIар, ди щIыналъэм и уафэгум апхуэдиз IT-вагъуэ ису къызэрыщIэкIар, ахэр дэ зэтшалIэу зэхэдгъэплъэну Iэмал зэрыдгъуэтар. Мы махуэхэм мыхьэнэ зиIэ Iуэхугъуэ зыбжанэ зэфIэтхащ. ЖаIэнк1и хъунщ: ар зэхьэзэхуэти, екIуэкIри зэфIэкIащ. Хьэуэ, апхуэдэукъым Iуэхур зэрыщытыр. ЦIыхугъэм и мыхьэнэр IT-лъэхъэнэм зымащIэкIи зэрыщемыхуэхыр къызэрыдгъэлъэгъуэфам ди щIэнIуатэм и мыхьэнэр нэхъри еIэт. Мис а гухэхъуэр и фIыщIэщ, иджырей бзэкIэ жыпIэмэ, а драйвыр къызэщIэрыуэным зи гуащIэ хэзылъхьа Ставрополь къэрал мэкъумэш университетым. Дызэгъусэу дэ тхузэфIэкIащ псори дызыпэрыт IэнатIэм хэлъ Iуэхугъуэ зэхэмыбзхэм я зэблэгъэкIыным Iэмал куэд зэриIэр, программэ зэмылIэужьыгъуэхэр нэхъыбэрэ лэжьэнымк1э  хэкIыпIэхэр зэрыщыIэр къэдгъэлъэгъуэн. Мы махуэхэр си щхьэкIэ гуимыхужу къысщохъу. ТекIуахэми къыхэжаныкIахэми сынывохъуэхъу, фефIэкIуэну, зывужьыну, зыфIэтыну си гуапэщ, къыкIэлъыкIуэ зэхыхьэгъуэми дызэхуэзэну сыщогугъ.

Къэбэрдей-Балъкъэрым къыбгъэдэкIыу хакатон зэхьэзэхуэм хэта ди лъэпкъэгъу пщащэ Абрэдж Залинэ етIуанэ увыпIэр къыхуагъэфэщащ, VK интернет-IуэхущIапIэм къигъэува Iуэхугъуэ зэхэмыбзым и зэблэхыкIэ къызэригъуэтам папщIэ фIыщIэ къилэжьащ. Залинэ хузэфIэкIащ псалъэхэмрэ жыIэгъуэхэмрэ я къежьапIэ-къэунэхупIэр къигъуэту «Марусэ» зи цIэ хъыбарылъэм ар зэрызэхацIыхукI щIыпхъэхэр (алгоритмхэр) хиухуэнэн, упщIэхэм я жэуапыр къэзытыж цIыхубз макъым и псэлъэкIэми «и щIэныгъэми» хигъэхъуэн.

Апхуэдэу гупым хэта ныбжьыщIэхэм «Марусэ» хъыбарылъэм щхьэкIэ нейрон хъыхэр программэм ираубгъуащ, зэ къыжаIа псалъэр е жыIэгъуэр къыщытригъэзэжынкIэ хъуну щIыпIэхэр нэхъапэкIэ къэзыщIэ Iэмалхэр халъхьащ. Псалъэм и хьэтыркIэ, жытIэр нахуэ хъун папщIэ, WhatsApp жыхуэтIэ зэпсэлъапIэр куэдым къагъэсэбэп. Абы уитхыхьын хуей хъумэ, япэу къэпщта псалъэм куэдрэ ирапх е куэдрэ къыкIэлъыкIуэ нэгъуэщI псалъищ къыпещIэ, ар тебдзэу зэман умыгъэкIуэдын папщIэ, узыхуейр къыхэпхыу текстыр псынщIэу къридзэн щхьэкIэ. Мис апхуэдэ дыдэу, «Марусэ» хъыбарылъэми узыщIэупщIэм жэуап хуэхъункIэ хъунухэр щыIэ хъыбархэм (информациехэм) зэуэ къыхиубыдыкIыу ягъэпсащ. Мыбы иджыри къыздэсым нэмыщIысауэ иIа щыщIэныгъэхэм ящыщщ «Марусэ» зыгуэркIэ уеупщIмэ, Iэуэлъауэ е макъ лей абы зэхихамэ, узыщIэупщIам жэуап нэс къримытыжу зэрыщытар. Мис а нэмыщIыса Iуэхум и гъэкIуэдыкIэ хъунум и Iэмалри ныбжьыщIэхэм къагъуэтащ. Абрэдж Залинэ зыхэта гупым лъэкIащ хъыбарылъэм цIыху къепсалъэрэ зэхихыр Iэуэлъауэрэ зэхигъэкIыу зэтраухуэн.

Къахута щыщIэныгъэхэр зэблагъэкIащ «Python», «Pandas», «PyTorch», «Bert», «Transformers», «DeepPavlov» программэхэм я IэмалхэмкIэ. Иджыри къыздэсым хъыбарылъэм имыIауэ халъхьа фIагъхэм ящыщщ къагъуэта хэкIыпIэхэр сыт хуэдэ телефон лIэужьыгъуэми техникэ Iэмэпсымэми къыщыбгъэсэбэп зэрыхъур, уеблэмэ «PyTorch» программэм тещIыхьа лэжьэкIэм егъэджэныгъэ Iэмалхэри пкърытщ, дерс папщIэу и зэхэлъыкIэр пкъыгъуэ-пкъыгъуэкIэрэ зэхэхауи уегъэлъагъу.

«Урысейр зэфIэкIхэм я хэгъэгущ» президент утыкум къыхилъхьа жэрдэмыр УФ-м Экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министерствэм къызэригъэпэщащ, абы я гуащIэрэ я лэжьыгъэрэ халъхьащ Электрон хъыбарегъащIэ IэнатIэхэм я зэгухьэныгъэм (РАЭК), VK интернет-IуэхущIапIэм, «Ростелеком» акционер зэгухьэныгъэм.

Хакатон зэхьэзэхуэм и къалэн нэхъыщхьэхэм ящыщщ IT-зэхэщIыкI зиIэ ныбжьыщIэ зэчииф1эхэр къыхигъэщыныр, Iуэхугъуэ зэхэмыбзхэр абыхэм я пащхьэ иралъхьэурэ я зэфIэкIыр здынэсыр къэхутэныр. Пщэрылъ зыщищIыжхэм хохьэ дунейм кIуэ пэтми щIыпIэшхуэ щызыубыду хуежьа интеллект IэрыщIым и гъэIурыщIэкIэм, и зегъэкIуэкIэм, и ухуэкIэм хэзыщIыкI ныбжьыщIэхэм зыщIагъэкъуэныр, IэнатIэ иратыныр.

2022 гъэм хакатон щIэнIуатэхэр Урысейм и щIыналъийм щызэхэтынущ. А зэхьэзэхуэхэр псори зы щIыкIэм тетщ. Дэтхэнэ зы зэхыхьэгъуэми бгъэдыхьэкIэ пыухыкIахэр зыхуэныкъуэ Iуэхугъуэ зэхэмыбз зыбжанэ къыщыхалъхьэнущ. Абы иужькIэ щIыналъэ чемпионатхэр зэхашэнущ, гупу мыхъуу, щхьэ закъуэу зыкъыщыбгъэлъэгъуэну Iэмал къуиту. IT-IэщIагъэлIхэм щхьэкIэ зэхашэ апхуэдэ чемпионатхэр махуэ 25-рэ мынэхъ мащIэкIэ зэхэтынущ, зэрыхуагъэфэщамкIи, зы илъэсым къриубыдэу апхуэдэ зэхьэзэхуэхэм цIыху минитIрэ щитхурэ хуэдиз хыхьэнущ.

Адыгэ пщащэм зэфIэкI хъарзынэхэр къызэригъэлъэгъуар, и акъыл жану Iуэху гугъум зэрыбгъэдыхьар, куэдым я гупсысэм къимыубыдыфынум зэрынэсар,  хэкIыпIэ хьэлэмэтхэр къызэригъуэтыфар къызэгъэпэщакIуэхэм къыхагъэщащ. Ди гуапэщ утыкушхуэм апхуэдэ щIэныгъэ къыщызыгъэлъэгъуа Абрэдж Залинэ ехъулIэныгъэфIхэр иIэну, и хъыбарыф1 нэхъыбэрэ зэхэтхыну.

 

ШУРДЫМ Динэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

29.03.2024 - 08:57

ХЬЭЩIЭХЭМ ДЫКЪЫХАГЪАЩIЭ

Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ.

29.03.2024 - 08:56

ГУАПЭУ ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм

29.03.2024 - 08:56

ХАДЭХЭКI ФIЭIУГЪЭХЭМКIЭ ДЫПАШЭЩ

Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос.

28.03.2024 - 09:03

АДЫГЭХЭМ Я КЪЕЖЬАПIЭР

   ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ.

28.03.2024 - 09:03

КАСПИЙСК ЩЫЗОХЬЭЗОХУЭ

Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм.