ГЪАЩIЭ УЗЫНШЭМ ХУАУЩИЙ

«Урысейм и сабийхэр-2022» зыфIаща профилактикэ Iуэхум ипкъ иткIэ Урысей МВД-м и Управленэу Налшык щыIэм и лэжьакIуэхэр дохутыр-нарколог Нагорная Татьянэ ящIыгъуу псалъэмакъ щхьэпэ драгъэкIуэкIащ къалэм и курыт еджапIэ №32-м щеджэхэм. ЩIэблэм и гугъу хуащIащ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ наркотикхэкIхэмрэ зэрышынагъуэм.

Полицейхэм школакIуэхэм жраIащ наркотикхэкIхэр зэхьэлIэныр зэрызэраныр, ахэр цIыхум и Iэпкълъэпкъым зэрнгуауэм и щапхъэхэр къахьащ, апхуэдэуи щагъэгъуэзащ наркотикхэкIхэр, акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэр щэным жэуапым узэрыришалIэм.

ШколакIуэхэм гурагъэIуащ щIалэгъуалэр къемызэгъ пкъыгъуэхэр зэхьэлIэным хашэн папщIэ бзаджащIэхэм къагъэсэбэп Iэмалхэр. Iуэхум хэтахэр тепсэлъыхьащ и чэзум «хьэуэ» жыпIэным, апхуэдэу гуп мыхъумыщIэм хэтхэм зыдумыгъэхьэхыным мыхьэнэшхуэ зэриIэм.

 Лекцэм и кIэухыу школакIуэхэм упщIэ куэдкIэ зыхуагъэзащ IэщIагъэлIхэм икIи узыншэу псэуным теухуа чэнджэщхэр къратащ.

                                                               

БАХЪСЭН Ланэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

16.03.2026 - 09:14

Дрипсалъэ щхьэкIэ, къыдгурымыIуэ

Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым адыгэбзэмрэ литерату­рэмкIэ и кафедрэм и унафэщI, фи­лологие щIэныгъэхэмкIэ кандидат, Къардэн Мусэдин лъэпкъ щIэныгъэ дунейм къыщацIыху IэщIагъэлI щыпкъэу, к

16.03.2026 - 09:12

ЗэгурыIуэрэ зэхэзагъэу

Черкесск къалэм дэт 9-нэ гимназием сыт щыгъуи иIэщ ­ехъулIэныгъэхэр. Абы щоджэ лъэпкъ куэдым къахэкIа, ауэ хьэлэмэту зэгурыIуэрэ зэхэзагъэу къызэдэгъуэгурыкIуэ щIэблэ.

16.03.2026 - 09:11

Ди бзэмрэ щэнхабзэмрэ ядж японхэми

Японием (Токио) щыщ къэфакIуэ икIи блогер, илъэс 20 зи ныбжь ­Нозаки Тайга Интернетым и социальнэ сайтхэм цIэрыIуэ щыхъуащ Кавказ Ищхъэрэм щыпсэу лъэпкъ­хэм я щэнхабзэм зэрыдихьэхымкIэ.

15.03.2026 - 09:03

Адыгэбзэм и IэфIыр зыхозыгъащIэ

«Бзэр лъэпкъым и псэщ», - жеIэ адыгэ псалъэжьым. Абы зе­гъэу­­жьыным, и пщIэр къэIэтыным, щIэблэм егъэщIэным темы­лажьэ зы лъэпкъи щыIэу къыщIэкIынкъым.
 

15.03.2026 - 09:03

Гулъытэ гуапэ

«Урысейм и гугъапIэхэр» Къэбэрдей-Балъкъэр цIыхубз зэгухьэныгъэм хэтхэм «Жако» фабрикэм къыщыщIагъэкI IэфIыкIэхэкIхэм ящыщ Белгород уIэгъэщым щылажьэ цIыхубз дохутырхэмрэ техникэ лэжьакIуэхэмрэ идж