НЭРЫЛЪАГЪУ ДУНЕЙ

Курыт еджапIэр къэзыухахэм я деж къыщыщIэдзауэ, цIыху щыIэу къыщIэкIынкъым микроскопыр зищIысыр зымыщIэ икIи щIыуэпсым къигъэщI пкъыгъуэ нэрымылъагъухэр къэхутэнымкIэ, ахэр джынымкIэ а Iэмэпсымэм иIэ мыхьэнэр зыхуэдизым щымыгъуазэ.

Тхыдэр щыхьэт зэрытехъуэмкIэ, микроскопыр къэзыгупсысар Левенгук Антонийщ. Ар Голландием XVIII лIэщIыгъуэм щыпсэуащ. И щIэныгъэм хигъэхъуэну хущIыхьэгъуэ зымыгъуэт щIалэм махуэкIэрэ щэкI ищэрт, жэщ хъуамэ къалэ ратушэр ихъумэрт. А псоми къащыдэхуэм абдж зэхуихьэсырти, ахэр ихъуэрт, нэрымылъагъу пкъыгъуэ цIыкIу дыдэхэр хуиту уагъэлъагъухукIэ.

Апхуэдэ щIыкIэм тету Антоний игъэхьэзыра абджхэр, зы зэман зэ, и акъыл абы зэрыхунэсар уэ къащIэ, бжьамий кIэщI цIыкIу гуэрым иригъэзагъэри, шэдыпс жэбзам щыщ ткIуэпс закъуэ и щIыIу телъ абджым тригъэткIуащ. Абы хэту бжьамийм здиплъэм, зэуэ къэуIэбжьащ: псы ткIуэпсым псэущхьэ цIыкIужьей куэдыкIей щызэрызехьэрт. Абдеж щыщIидзэри, Левенгук нэгъуэщI Iуэху зэрихуэжакъым.    

ЩIалэ гумызагъэм и микроскопым пкъыгъуэ нэрымылъагъухэм я инагъыр зэрыхигъахъуэр 250-рэ хуэдизт. Нобэрей микроскопхэм яхэтщ пкъыгъуэ цIыкIур минищэ IэджэкIэ, уеблэмэ мелуан куэдкIэ нэхъ ину уэзыгъэлъагъу.

ЦIыху «къызэрыгуэкIыу» къэгъуэгурыкIуа щIалэм, зэрымыщIэкIэ, пкъыгъуэ цIыкIужьейхэр къэхутэным и лъабжьэр игъэтIылъащ. Апхуэдэ щIыкIэм тету абы и цIэр тхыдэм къыхэнащ.

Левенгук и микроскопымкIэ илъэгъуахэр, иужькIэ къызэрахутамкIэ, дэни «щопсэу». Псалъэм папщIэ, ахэр хэсщ ерыскъыхэм, Iэпкълъэпкъхэм, щIыфэхэм, нэгъуэщIхэми. Псыежэххэм, бзухэм, жьыбгъэхэм нэрымылъагъу цIыкIухэр тынш дыдэу щIыпIэ жыжьэхэм къыщагъэхутэ. Ахэр хуабэми щышынэркъым, абы къыхэкIкIэ зи температурэр градуси I00-м нэмысыпа дэтхэнэ пкъыгъуэми хуиту щопсэуф, уаеми зэфIигъащIэркъым. Апхуэдиз зи бэшэчагъ нэрымылъагъу цIыкIухэм куэдыкIейуэ уащрохьэлIэ Ищхъэрэ Мылылъэ хыми, Антарктидэм и мылджейхэми, нэгъуэщI щIыIалъэ щIыпIэхэми. Хьэлъагъэшхуэ къатещIэми кърадзэнукъым: абыхэм уащыхуэзэнущ километри I0-I5 зи куууагъ щIы щIагъми.

Нэрымылъагъу цIыкIухэр я теплъэкIи, шхыныгъуэхэм «халъхьэ» IэфIагъ-дыджагъкIи, щIыуэпсым щагъэзащIэ мыхьэнэкIи зэхуэмыдэщ.

Зи гугъу тщIы нэрымылъагъухэм зэреджэр «микробщ». IыхьитIу зэхэлъ алыдж псалъэм и япэ Iыхьэм «мащIэ», «цIыкIу», етIуанэм – «гъащIэ» мыхьэнэхэращ къарыкIыр. Языныкъуэ еджагъэшхуэхэм микробхэр псэущхьэхэм халъытэ, адрейхэм я дежкIэ ахэр  къэкIыгъэщ.

ЦIыхухэм я нэхъыбэм микробхэр къазырыщыхъур уззехьэущ – емынэ, тало, дефтерит, фэгъазэ жыпIэми, зыкъом мэхъу ахэр. Ауэ апхуэдэ Iуэху еплъыкIэм укъыфIэмыкIыныр щыуагъэшхуэщ: уззехьэхэр куэдкIэ нэхъ мащIэщ, сэбэпынагъ къэзышэхэм нэхърэ.

Куэд щIакъым щIыдагъэ зышх микробхэм я лъэужь зэрытехьэрэ. ЗэрыжаIэмкIэ, абыхэм я фIыгъэщ хышхуэхэм я псыр зыуцIэпI щIыдагъэр кIуэ пэтми нэхъ мащIэ зэрыхъур икIи, абы къыхэкIкIэ, щIэныгъэлIхэм шэч къытрахьэркъым дунейпсо хыр гъэкъэбзэнымкIэ микробхэр сэбэпышхуэ зэрыхъум.

Илъэс щищ ипэкIэ Испанием пцIийм (руда) гъуаплъэ къыщыхахыу щытащ, мафIи Iугъуи къамыгъэсэбэпрэ псы къудей фIэкIа хамыгъэхьэу. А зэманым псэуа испанхэм я щхьэ къихьэххэртэкъым ар зи фIыгъэр псым хэзу хэс микробхэр зэрыарар.

ЩIыгулъыр гъэпшэрыным хуэгъэза лэжьыгъэшхуэ щIы щхьэфэм щылащэ микробхэм ирагъэкIуэкI. Абыхэм я гуащIэкIэщ шэдылъэхэмрэ гуэлхэмрэ я лъащIэхэм къыщIагъуатэ гъущI пцIийр зэтещIа зэрыхъури. Нэрымылъагъу пкъыгъуэхэм я «IэдакъэщIэкI» гъущI пцIийм апхуэдэу нэгъуэщI щIыпIэхэми уащрохьэлIэ.

Шахтыпсхэр пцIийм хаутIыпщхьэкIэрэ, щIэныгъэлIхэм, микробхэм я фIыгъэкIэ, гъуаплъэ къабзэ зыIэрагъэхьащ. Апхуэдэ лэжьыгъэ щхьэпэм яхуеувэлIа нэрымылъагъу пкъыгъуэхэм «металлург» - кIэ йоджэ. Ахэр нэхъыбэу щылъащэр пцIий нэдхэмрэ пыдзахуэхэмрэщ.

ГъэщIэгъуэныщэращи, микробхэм яхэтщ пцIийм уран къыхэзыулъэпхъэщыкIхэри. Абы гу лъызыта щIэныгъэлIхэм я мурадщ марганец, молибден пцIыйхэм къахэзыхыф нэрымылъагъу «IэщIагъэлIхэр» ягъэхьэзырыну.                   

                                                                                 

ТАБЫХЪУ Хьэзрит.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.