Статьи на кабардинском языке

ТХЬЭ ЕЛЪЭIУПIЭТ

Сочэ къалэм хыхьэ Головинкэ (Шахэпэ) къуажэм хы псыIумкIэ гъэза и гъунэм уардэу Iут, ныбжь ин дыдэ зиIэ «Жыгдахэ» здэщыт щIыпIэр шапсыгъ адыгэхэмрэ къабгъэдэса убыххэмрэ ижь-ижьыж лъандэрэ я тхьэ елъэIупIэжьу къекIуэкIат. 

ИЛЪЭСЫЩIЭ ГУЛЪЫТЭ

ИлъэсыщIэм ирихьэлIэу Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм  и лэжьакIуэхэмрэ дзэ къулыкъущIэхэмрэ  егуэпащ унагъуэшхуэхэмрэ я щыIэкIэ-псэукIэкIэ нэхъ хуэмыщIахэмрэ

Росгвардейцхэм  абыхэм иратащ ерыскъыхэкIхэр,  Iэмал имыIэу       зыхуеину хьэпшыпхэр, сабийхэм папщIэ IэфIыкIэхэр.  

ЖЬЫ IУБЫГЪУЭР ЩЫЗУ

ЩIыуэпсымрэ дахагъэмрэ

Сэ тIэкIу-тIэкIуурэ къэзгъэунэхуауэ губгъуэ кIыхьыжьу мэзыр къызыхуеплъыхым къыщызокIухь, Тумэ зыфIэсща унагъуэхьэр и нэхъыбэм си гъусэу.

2023 ГЪЭМ КЪАПЭЩЫТХЭР ЯУБЗЫХУ

КъБР-м щыIэ Урысей гвардием и управленэм видеоконференц щытыкIэм иту щызэхэтащ щIыналъэ IэнатIэм мы гъэм я лэжьыгъэм кърикIуахэм щыхэплъэжа зэIущIэ. Ар иригъэкIуэкIащ Кавказ Ищхъэрэ щIыналъэм и Лъэпкъ гвардием и дзэхэм я унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ генерал-лейтенант Делимханов Алибек.

ЕДЖАПIЭХЭР ЗЭГЪЭПЭЩЫЖЫНЫР - КЪАЛЭНЫШХУЭХЭМ ЯЩЫЩЩ

Къэбэрдей Балъкъэрым щыщыIэ жылагъуэ экономикэ псэукIэр къэIэтыным хуэгъэпсауэ щIыналъэм къэрал программэ зыбжанэ щолажьэ. Абыхэм ящыщу гулъытэ хэха игъуэту жыпIэ хъунущ курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэр ухуэнымрэ зэгъэпэщыжынымрэ теухуа программэхэмрэ пэхуэщIэхэмрэ (проектхэмрэ).

КЪЫР ДЗАКIЭМ И ЗЫГЪЭЗЭКIЭ

Мывэ скъар абрагъуэу ЩIым къыхуэблагъэм, къызыхэкIар къахуэмыщIэу, лъэныкъуэкIэ зигъэзащ.

ИЛЪЭСЫЩIЭМ ИРИХЬЭЛIЭУ

КъБР-м ЩIыуэпс хъугъуэфIыгъуэхэмрэ экологиемкIэ и министерствэм къызэритамкIэ, илъэсыщIэр къыщыблагъэ махуэхэм ирихьэлIэу кхъуакIэпыкIэ жыг лIэужьыгъуэхэр щIэгъэхуэбжьауэ яхъумэнущ.

КЪБР-М ЩЫЩХЭР ПАШЭЩ

Минеральные Воды къалэм щекIуэкIащ щIыналъэхэм каратэмкIэ я зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ 2008 - 20I8 гъэхэм къалъхуахэр. Зэпеуэм кърихьэлIат КИФЩI-м, Ростов щыщ клубипщIым я спортсмен 200-м нэблагъэ.

КЪРУ ГЪУАБЖЭ

Ар щхъуафэщ. И щхьэ щIыбым IэпапIэ плъыжьхэр хэсщ. И лъакъуэхэр фIыцIэщ. Я нэхъыбэм щIэжьей цIыкIухэр Кавказ ЩIыбым къыщраш, иныкъуэхэми а лъэныкъуэмкIэ щIымахуэр щрах. Кавказ Ищхъэрэм куэду ущрохьэлIэ, и тафэ, бгылъэ щIыпIэхэм гъатхэмрэ бжьыхьэмрэ щагъакIуэ.

ГРОЗНЭ МЕДАЛИТI КЪРАХ

КъБР-м самбэмкIэ и командэ къыхэхам и тренер нэхъыщхьэ Уэщхъун СулътIан зэрыжиIамкIэ, Шэшэн республикэм и къалащхьэ Грознэм дэт «Олимпийский» уардэунэм дыгъэгъазэм и 12 – 14-хэм щекIуэкIащ КИФЩI-м самбэмкIэ и чемпионат. Абы хэтащ щIыналъэхэм къикIа спортсмен 200-м нэблагъэ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке