Статьи на кабардинском языке

ПРОФЕССОРЫР РЕСПУБЛИКЭМ ЩЫIАЩ

Урысей ФСИН-м и щIэныгъэ-къэхутакIуэ институтым и щIэныгъэлI лэжьакIуэ нэхъыщхьэ Дворянсков Иван Къэбэрдей-Балъкъэрым щыIащ.

Юридическэ щIэныгъэхэмкIэ докторым иджыпсту ирегъэкIуэкI уголовнэ-гъэзэщIакIуэ инспекцэхэм я учётым щытхэм, хэгъэзыхьауэ лэжьэну суд зытращIыхьахэм къытрагъэзэжу щIэпхъаджагъэ ямылэжьыным хуэгъэза къэхутэныгъэхэр, пробацэ жыхуиIэри къалъытэу.

КУЭТЭН ЛЫШХЫМ ЗЫЩЫФХЪУМЭ

Тэн Iус Ростов къалэм Лышх узыфэхэмкIэ и щIэныгъэ-медицинэ IуэхущIапIэм къраIуэ куэтэн лышхыр къызэрыпцIыхуну щытыкIэхэр.

Гъатхэпэ мазэр куэтэн лышхым пэщIэтыным и дунейпсо мазэщ. Абы къриубыдэу дуней псом и медицинэ сообществэм цIыхухэм зыхуагъазэ, мы узыфэ шынагъуэр къызэрыпцIыхуну щытыкIэхэр къраIуэу.

ШЫНАГЪУЭХЭМ УАЩЫЗЫХЪУМЭ БЖЫГЪЭРЫЛЪАНЭ ДЕРСХЭР

• Егъэджэныгъэ

«Бжыгъэр зи лъабжьэ дерсхэр» зи фIэщыгъэ урысейпсо егъэджэныгъэ жэрдэмым ипкъ иткIэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт и IуэхущIапIэхэм къэралпсо мыхьэнэ зиIэ, бжыгъэр лъабжьэ зыщI щIэныгъэмрэ кибершынагъуэншагъэмрэ зегъэужьыным хуэунэтIа дерс зэIухахэр щекIуэкIынущ. Ар траухуэнущ аккаунтхэм «IункIыбзэIух» хэмыту узэрыхыхьэфыну Iэмалхэм.

БАХЪСЭН И ТОПДЖЭГУ КОМАНДЭМ ДЕГЪЭГУФIЭ

Краснодар щIыналъэм хыхьэ Геленджик къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ сабийхэм, ныбжьыщIэхэм футболымкIэ я дунейпсо зэхьэзэхуэ VISTA CUP 2024. Абы ехъулIэныгъэхэр яIэу къикIыжащ Быф Жэмал и цIэр зэрихьэу Бахъсэн къалэм дэт спорт еджапIэм и гъэсэн цIыкIухэм. Ди топджэгу ныбжьыщIэхэр зэпеуэм командихым щаIущIати, абы щыщу плIым щытекIуащ.

ЩIЫНАЛЪЭХЭМ Я ЩIЫУЭПСЫМ И ЩЫТЫКIЭР

«Плъыр удзыфэ» урысейпсо жылагъуэ зэгухьэныгъэм иджыблагъэ наIуэ къищIащ «Урысейм и щIыналъэхэм лъэпкъ экологиемкIэ я рейтингым» 2023 - 2024 гъэхэм я щIымахуэм кърикIуахэр.

УАСЭХЭР И ПIЭМ ИТКЪЫМ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и потребительскэ индексыр (зы щIыпIэ щхьэхуэм щыпсэу цIыхухэм къащэху ерыскъымрэ хьэпшыпымрэ, Iуэхутхьэбзэхэм я уасэм зэрыхэхъуэ-зэрех щIыкIэр къызэрагъэлъагъуэ Iэмал) 2024 гъэм и мазаем проценти 100,5-рэ хъуащ, абы щыщу ерыскъыхэкIым ейр - проценти 100,6-рэ, унагъуэ хьэпшып, хущхъуэ, н.къ. хуэдэхэм - проценти 100,1-рэ, Iуэхутхьэбзэхэм – проценти 100,6-рэ.

УИ ПЩIЭР УИ IУЭХУЩIАФЭРЩ

КъБР-м щIыхь зиIэ и щIэныгъэрылажьэ, химие щIэныгъэхэмкIэ доктор Къущхьэ Хьэсбий КъБКъУ-р къиухри, Украинэм аспирантурэм щыщIэтIысхьат. ЩIэныгъэр зи псэм хэлъ щIалэм къыщыгуфIыкIащ а зэманым уей-уей жезыгъэIэу щыта украин институт цIэрыIуэр. Дунейр къызэхикIухьщ, и цIэр фIыкIэ игъэIури, и унэ къихьэжащ Къущхьэр.

САБИЙХЭМ Я ШЫНАГЪУЭНШАГЪЭР КЪЫЗЭРАГЪЭПЭЩ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ пэхуэщIэм хыхьэу мыхьэнэшхуэ зрат Iуэхугъуэхэм ящыщщ школхэм, училищэхэм, колледжхэм, еджапIэ нэхъыщхьэхэм, сабийхэм я нэгу зыщрагъэужь, зыщагъэпсэху щIыпIэхэм екIуалIэ гъуэгухэр зыхуей хуэгъэзэныр.

ТЫНШ ХЪУНУЩ

«ГъуэгуфI шынагъуэншэхэр» лъэпкъ проектым ипкъ иту республикэм мы гъэм щызэрагъэзэхуэж автомобиль зекIуапIэхэм я нэхъ кIыхь дыдэр Бахъсэн районым и Къубэ-Тэбэ, Къулькъужын Ищхъэрэ, Къулькъужын Ипщэ къуажэхэр зэпызыщIэ гъуэгурщ. Абы километр 18 и кIыхьагъщ. 

«ЛIЫХЪУЖЬХЭМ Я БЫНХЭР» ПЭХУЭЩIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и егъэ­джэныгъэ IэнатIэм и Iэ­щIагъэлIи 150-м я зэфIэкIым ­хагъэхъуащ «ЛIыхъужьхэм я бынхэр» проектым (пэхуэщIэм)  къриубы­дэу. IэщIагъэлIхэр хуеджащ щы­тыкIэ гугъум ихуа, зи адэр зауэм щыIэ сабийхэм, унагъуэ­хэм зэрадэлэжьапхъэ щIы­кIэ­хэм. Ахэр зи къалэн нэхъыщхьэ зэхуэс ин махуищкIэ ще­кIуэкIащ Псыхуабэ къалэм дэт «Мэшыкъуэ» егъэджэныгъэ центрым.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке