Статьи на кабардинском языке

НАЛШЫК КЪАЛЭ И УЭРАМХЭР КЪЫЗЭЩIАГЪАБЛЭ

«Уафэ къабзэ» программэм ипкъ иткIэ Налшык къалэм щызэфIагъэкIащ Владикавказ къалэм хуэкIуэ дэкIыпIэм хыхьэ, метр 1200-рэ зи кIыхьагъ гъуэгу гъунэм Iут пкъохэм иджырей уэздыгъэхэр фIэдзэным хуэунэтIа лэжьыгъэхэр.

ЩЫНД-МЭУЭТ ЛЪЭПКЪЫГЪУЭХЭР

Адыгэхэмрэ абхъазхэмрэ къызытехъукIауэ зыхуагъэфащэ Хьэт къэралыгъуэр, дауи, зэуэ кIуэдыжакъым. ЯпэщIыкIэ ар Къэркъэмыш, ТэрхъунтIасэ, Мырэ жиIэу пащтыхьыгъуэ зыбжанэу щэщэжащ. Жыхапхъэр гъэлъалъи, зырызурэ зэпыщIыкI жыхуаIэрати, лъэпкъыр щыхупIэ щыщхьэщыувэм, нэхъри зэрыубыдыным ипIэкIэ, загуэшри, хьэтхэм я лъэр щIэхупащ.

ЩIЫНАЛЪЭР IУЭХУЩIЭХЭМКIЭ БЕЙЩ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ Май щIыналъэм щыIащ. Абы зригъэлъэгъуащ Май къалэм ущыкIуэкIэ метр 90 и кIыхьагъыу Шэрэдж телъ лъэмыжыр зэры­зэрагъэ­пэщыжыр. А лэжьыгъэр «ГъуэгуфI шынагъуэн­шэхэр» лъэпкъ проектым хэту зы­хуей хуагъэзэжу аращ. Нэгъабэ фокIадэм щIадзауэ мы гъэ­ма­хуэм яухыну хуагъэфащэ.

ДИ ЩIАЛЭХЭМ МЕДАЛИБЛ КЪАХЬ

Владикавказ къалэм и «Манеж» спорт уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ пашэныгъэр къыщыхьным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ. Абы щызэпеуащ къэралым и щIыналъэ 16-м я бэнакIуэу 300-м щIигъу, я ныбжькIэ илъэс 16-м щIимыгъуахэр.

НЭХЪ ЛЪЭЩЫР ЗЭХАГЪЭКI

КъБР-м СпортымкIэ и министерствэм и телеграм-каналым къызэритамкIэ, Налшык къалэм и «Каисса» шахматымкIэ уардэунэм иджыблагъэ щекIуэкIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым щыщ цIыхубзхэм я 66-нэ чемпионатым и кIэух зэхьэзэхуэр. Абы щызэхуэзащ хъыджэбзих.

МЭКЪУМЭШ IЭНАТIЭР Я НЭIЭ ЩIЭТЩ

Урысей Федерацэм и Президент Путин Владимир лэжьыгъэ IуэхукIэ Ставрополь крайм щыIащ. Ар хуэзащ Урысейм и мэкъумэш ­IэнатIэр зезыхьэхэм икIи абы дяпэкIэ зэрызрагъэужьынум тепсэлъыхьащ. 

ДУНЕЙПСО ЗЭХЬЭЗЭХУЭР КЪАПОПЛЪЭ

Урысейм универсальнэ зэуэкIэ спорт лIэужьыгъуэмкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ Налшык къалэм и «Гладиатор» спорт комплексым иджыблагъэ щекIуэкIащ. Абы щызэпеуащ илъэс 16 - 17-хэм ит ныбжьыщIэхэмрэ илъэс 18-20 зи ныбжь щIалэгъуалэмрэ. Къэралым и щIыналъэ 45-м я лIыкIуэ щIалэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ цIыху 600-м щIигъурт.

КЪАНШЫУЕЙМ И ЕДЖАПIЭЩIЭР

 Тэрч щIыналъэм и администрацэм и унафэщIым и къалэнхэр пIалъэкIэ зыгъэзащIэ Хъущт Аслъэнбий иджыблагъэ лэжьыгъэ IуэхукIэ щыIащ Курп Ищхъэрэм (Къаншыуей) икIи щыгъуазэ зищIащ иджырей мардэм тету зэрагъэпэщыжу къызэIуахыжа  курыт еджапIэм и Iуэху зыIутым, зригъэщIащ школыр иджыпсту зыхуэныкъуэмрэ ехьэкIыпIэ имыIэу зэлэжьыпхъэхэмрэ.

IЭНАТIЭР КЪЕПЩЫТЭ

КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Къалэбатэ Рустам цIыхухэм япэ дэIэпыкъуныгъэхэр щрат медицинэ IуэхущIапIэхэм унэтIыныгъэм и жыпхъэщIэхэр зэрыщагъэзащIэр къыщипщытэу лэжьыгъэ IуэхукIэ щIыналъэхэм макIуэ. Мы махуэхэм ар щыIащ Шэрэдж район сымаджэщым и поликлиникэ къудамэм.

МАФIЭГУР КЪЭСЫНУЩ ГЪАТХЭПЭМ И 9-М

«Пэжыращ къару зиIэр» хэкупсэ Iуэхум хыхьэу, музейуэ къызэ­рагъэпэща мафIэгур «Налшык» гъущI гъуэгу вокзалым ­гъатхэпэм и 9-м къыщрагъэблэгъэнущ. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке