КНР-мрэ КъБР-мрэ я зэпыщIэныгъэхэр ирагъэфIакIуэ

Дыгъуасэ КъБР-м и Правительствэм и Унэм щызэ­IущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрийрэ КНР-м и чрезвычайнэ икIи полномочнэ лIыкIуэу УФ-м щыIэ Хуэй Лирэ. ЗэIущIэм хэтащ УФ-м и Фе­деральнэ Зэхуэсым ­ФедерацэмкIэ и ­Советым и УнафэщIым и къуэдзэ Ума­ханов Ильяс, Парламентым и УнафэщI Егоровэ Татьянэ, КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков А. ТI., Къэрал Думэм и депутатхэр, ­районхэмрэ къалэхэмрэ я Iэтащхьэхэр, министерствэхэм, ведомствэхэм я уна­фэщIхэр, хьэрычэтыщIэ Iуэхум пэрытхэр, нэгъуэщIхэри.

ЗэIущIэр къыщызэIуихым КIуэкIуэ Юрий жиIащ УФ-м и къэрал щIыб политикэм ­дежкIэ урысей-китай зэдэлэжьэныгъэм мыхьэнэшхуэ зэриIэр.
- Китайр Урысейм нэхъ убгъуауэ къы­дэ­лажьэхэм ящыщщ, - жиIащ КIуэ­кIуэм. - КъэралитIым я унафэщIхэми къыхагъэщ зэхъуэкIыныгъэ куэд щекIуэкI ди лъэхъэнэм я зэдэлэжьэкIэм ­мы­хьэнэшхуэ зэриIэр. ИкIи абы ипкъ иткIэ, 2018 - 2019 гъэхэр урысей-китай щIыналъэ зэдэ­лэ­жьэныгъэм хуха­хащ унафэщIхэм. Си гуапэ хъууэ къыхэзгъэщыну сы­хуейщ Къэбэр-дей-Балъкъэрымрэ Китаймрэ я зэ­пы­щIэ­ныгъэм зиужь зэпыту зэрыщытыр. Абы щыхьэт тохъуэ инвестицэ проектхэр гъэзэ­щIэнымкIэ зэгуры­Iуэныгъэ зыбжанэ зэры­зэтщIылIар, сату Iуэхур зэ­рефIэкIуар. Абы и лъэныкъуэкIэ увыпIэшхуэ зыубыдхэм ящыщщ ди зэхуэдэ проектыр, «Этана» промыш- леннэ IуэхущIапIэ иныр зэ­рыду­хуэр. Ар къы­зэIутх­мэ,           и сэбэп зэкIынур ­Къэ­­­бэ­рдей-Балъкъэрым и закъуэкъым, ­ат­Iэ Урысейм и Ипщэ лъэныкъуэми лъэIэ­сынущ.
КIуэкIуэр тепсэлъыхьащ иджыпсту абы и ухуэныгъэр къэралитIми я къулыкъу­щIа­пIэхэм я нэIэ щIэту зэ­рекIуэкIым, ди рес­публикэм щагъэзэщIэну нэгъуэщI зэгу­ры­Iуэныгъэхэри зэры­зэ­ращIылIам.
Хуэй Ли къыхигъэщащ иужьрей зэманым Урысеймрэ Китаймрэ я зэдэ­лэжьэныгъэр хъарзынэу зэ­рефIакIуэр, абы нэхъри    зебгъэужь зэрыхъунур. «Къэ­бэрдей-Балъкъэр Рес­­публикэр УФ-м и хэ­гъэгу нэхъыщхьэ­хэм ящыщ зыщ. Абы ипкъ иткIэ ди зэдэ­лэ­жьэныгъэм хыхьэ Iуэхугъуэ пыухыкIахэр къэдгъэлъа­гъуэ хъунущ. Ди мурадщ ди зэпыщIэныгъэр нэхъри ­едгъэфIэкIуэну, абы папщIэ фи хэгъэгум и хъугъуэфIы­- гъуэ псоми нэхъыфIу зы­щыдгъэгъуэзэну ды­хуейщ», - жиIащ Хуэй Ли.
КъБР-м и экономикэ, турист Iэмалхэр КНР-м и Посольствэу Москва щыIэм ща­гъэ­лъэгъуэныр зэрыфIэ­- и­гъуэр жиIащ хьэщIэм икIи дызыхуэкъулейр я нэкIэ ­ялъагъуну зэрыхуейр къыхигъэщащ. «Ди посольствэм КъБР-м теухуа зэIущIэ къыщызэдгъэпэщу абы ­къедгъэблагъэ хъунущ Москва щыIэ къэрал, уней компаниехэм я лIыкIуэхэр, Москва къыщызэIуаха Китай банкхэм я лэжьакIуэхэр, хъыбарегъащIэ IэнатIэхэр. Апхуэдэу нэхъыбэм фыкъацIыхунущ икIи сэбэп хъунущ», - пищащ Хуэй Ли.
УФ-м и Федеральнэ Зэхуэсым ФедерацэмкIэ и Советым и УнафэщIым и   къуэдзэ Умаханов Ильяс     игъэбелджылащ зэхуэза лъэныкъуитIым фIагъ куэд къызыпэкIуэну зэгурыIуэныгъэхэр зэрызэращIылIэнур и фIэщ зэрыхъур, къэралитIым я зэдэ­лэ­жьэныгъэм ар къаруущIэ хуэхъуну зэры­щыгугъыр.
«Этана» промышленнэ IуэхущIапIэм и ухуэныгъэр КъБР-м зэрыщекIуэкIым зэпкъ­рыхауэ тепсэлъыхьащ абы и унафэщI I­эщын Сергей. Апхуэдэу ди республикэм и инвестицэ экономикэ лъэкIыныгъэхэр хьэщIэ­хэм я пащхьэ кърихьащ КъБР-м экономикэ зыужьыныгъэмкIэ и министр Рахаев Бо­- рис.
ЛъэныкъуитIым я лIы­кIуэхэм а махуэм Iэ щIадзащ сатум, промышленностым, туриз­мэм зэрызрагъэужьыну зэгурыIуэны­гъищым.
КIуэкIуэ Юрийрэ Хуэй Лирэ журналистхэм щепсалъэм къыхагъэщащ къэралитIым я зэдэлэжьэныгъэм Китай, Урысей хэгъэгухэр къыхыхьэн зэрыхуейр.
- Фэ фи мэкъумэш, ту­ризм, нэгъуэщI Iэ­натIэхэм ­хъарзынэу заужьащ, абы­хэмкIэ Китай хэгъэгухэм фадэлэжьэнымкIэ По­сольствэр сэбэп хъунущ, - жиIащ Хуэй. - Къапщ­тэмэ, зы проект ехьэжьа иджыпсту щаухуэ КъБР-м, ар щапхъэ зытехыпхъэ Iуэхуу сыт щыгъуи къэбгъэлъагъуэ ­хъунущ. Дэ дыхуейт иджыри фиIэ Iэмалхэр ди нэкIэ зэдгъэлъагъуу, зэгурыIуэныгъэщIэхэр зэт­щIылIэну. Нэхъыщхьэращи, КIуэкIуэ Юрийрэ республикэ уна­фэщIхэмрэ жэрдэм яIэщ хамэ къэралхэм ядэлэжьэну, а Iуэхум нэхъри зрагъэужьыну. Сэ абыкIэ сэбэп сыхъунущ.
КъБР-м и Iэтащхьэм дыщIигъуащ илъэс зыбжанэ ипэкIэ ирагъэжьа «Этана» проектым, доллар зы мелард зыхалъхьам, и япэ Iыхьэр 2020 гъэм и кIэм нагъэсыну, нэхъыбэж къы­зэщIэзыубыдэ адрей Iы­хьэхэр чэ­зууэ ягъэ­зэщIэну зэрихъуэпсапIэр, ар лъэ­ныкъуи­тIми я фейдэ къы­зыхэкIыну хьэрычэт Iуэху ину зэрыщытыр.

 

НэщIэпыджэ Замирэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

25.04.2024 - 09:15

ХЭКУР ФIЫУЭ ЛЪАГЪУНЫМ ХУАУЩИЙ

Урысей гвардием и управленэу КъБР-м щыIэм и лэжьакIуэхэр щыIащ Бахъсэн щIыналъэм хыхьэ ХьэтIохъущыкъуей къуажэм дэт, Урысей гвардием и СОБР-м и лэжьакIуэ, зи къалэн зыгъэзащIэу хэкIуэда Дыкъынэ Зам

25.04.2024 - 09:03

ЩIЫМ И МАХУЭ

«ЩIым и махуэ» зыфIащар 1971 гъэм япэ дыдэу США-м щагъэлъэпIащ. АбыкIэ жэрдэмыр къыхэзылъхьауэ щытар ЮНЕСКО зэгухьэныгъэрщ.

24.04.2024 - 09:09

IУАЩХЬЭМАХУЭ КУЭДЫМ Я ПЛЪАПIЭЩ

Мэлыжьыхьым и 12-м щегъэжьауэ Азау хуейм машинэ ирагъэхьэжынукъым. Абдеж щащIа гъэувыпIэр иджы дыдэ къызэIуахащ, машинэ 800 ихуэу.

24.04.2024 - 09:09

АЛБЭРДЫКЪУЭ IЭМИН

Налшык къалэм иджыблагъэ щекIуэкIащ дзюдомкIэ 27-нэ щIыналъэ зэхьэзэхуэ.

24.04.2024 - 09:08

ГЪУЭГУФIХЭР НЭХЪЫБЭ МЭХЪУ

Налшык къалэм и уэрамибл, псори зэхэту километри 8 я кIыгъагъыу, мы махуэхэм зэрагъэпэщыж.