Лъэпкъыр зэпызыщIэж махуэ

Хэкум къэзыгъэзэжахэм я махуэр               екIуу щагъэлъэпIащ Налшык къалэ. Дунейпсо, Къэбэрдей Адыгэ Хасэхэм и         жэрдэмкIэ, КъБР-м къэзыгъэзэжахэр «Трек» шхапIэм щызэхуашэсри, дахэу зэбгъэдэсащ, лъэпкъым и гугъуехьхэм, хэхэсхэм я щыIэкIэ-псэукIэм, зи адэжь щIыналъэм къэкIуэжахэр хэкужь гъащIэм зэрыхэзэгъэжым, хамэщI исхэм я гурыгъу-гурыщIэхэм, нэгъуэщIхэми теп­сэ­лъыхьащ. ЗэIущIэм хэтащ КъАХ-м и ­район, къалэ хасэхэм я тхьэмадэхэри.

Дунейпсо Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ­Сэхъурокъуэ Хьэутий жиIащ нобэкIэ къапщ­тэмэ, Адыгэ Республикэм цIыху мини 2, Къэрэшей-Шэрджэсым - 52-рэ, Къэбэрдей-Балъкъэрым цIыху мини 3-м щIигъу къызэритIысхьэжар, абыхэм псэун Iуэху зэрызэрахуэр, зыхуэныкъуэхэмкIэ зыщIа­гъэ­къуэну зэрыхьэзырыр, къэхъуапсэ щы­Iэмэ, къэкIуэжынымкIэ сэбэп зэрыхъунур.
КъБР-м Граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэм ядэлэжьэнымрэ лъэпкъ IуэхухэмкIэ и министр КIурашын Анзор, Къэбэрдей  Адыгэ Хасэм и тхьэмадэ ХьэфIыцIэ Мухьэмэд сымэ махуэшхуэмкIэ ехъуэ­хъуащ хэхэсу къэхъуауэ нобэ зи хэку зыгъуэтыжахэм. Я къуэшхэм яхуэгъэза псалъэ гуапэ-хэр жаIащ къэIэпхъуэжахэм ящыщ нэхъыжьыфIхэу Абей Шухьэиб, Хъуажь ­Фа­хъри, Къущхьэ Нэдим сымэ, нэгъуэщI-хэми. Псори зыщIэхъуэпсри я псалъэ-хэм къыхагъэщари зыщ - дэни щыпсэу адыгэхэр зэрыгъуэтыжауэ, зэрыубыдыжауэ тлъа­гъунырщ.
Пшыхьыр ягъэдэхащ КъБР-м и уэрэ­джыIакIуэ пажэхэу Хьэрэдурэ Динэ, Шал Хъусен, Бэч Азэмэт, Беслъэней Ренатэ сымэ икIи джэгу дахэ зэхашащ.
А махуэ дыдэм ДАХ-м къыбгъэдэкI, Iэ­фIыкIэхэмкIэ узэда Iэнэхэр ягъэуври, саугъэтхэмкIэ яхуэупсащ  Тыркум, Сирием, Иорданием, Израилым, Осетие Ищхъэрэ - Аланием къикIауэ иджыпсту хэкум зыщы­зыгъэпсэху ныбжьыщIэ 80-м щIигъум.

 

НэщIэпыджэ Замирэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

10.07.2025 - 09:03

Хьэсаут

ГъэщIэгъуэнщ                                                   

09.07.2025 - 09:03

Гъавэр кърахьэлIэж

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъавэ Iухыжыгъуэ лъэхъэ­нэр щокIуэкI. Псом япэу ­Iуахыжыр бжьыхьэсэ гъавэрщ.

09.07.2025 - 09:03

Шэджэм псыкъелъэхэм къыщыщIэдзауэ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуэгухэр зэгъэпэщы­жы­ным хуэунэтIа лэжьыгъэм щыпащэ.

09.07.2025 - 09:03

Лъэпкъ фIыгъуэхэр щахъумэ

Иужьрей лъэхъэнэм нэрылъагъу тщыхъу зэхъуэкIыныгъэхэм я нэхъыщхьэхэм хохьэ къэрал унафэщIхэм унагъуэм, абы къихъуэ щIэблэм, къитэджыкI щIалэгъуалэм гулъытэ хэха, лъагэ ягъуэт зэрыхъуар, анэмрэ саби

08.07.2025 - 09:27

Республикэми къэралми къахуэщхьэпэнущ

КъБКъУ-м МедицинэмкIэ и академиер къэзыуха ныбжьыщIэ 387-м я дипломхэр ЩIалэгъуалэм я унэм ды­гъуасэ щратыжащ. Абыхэм ящыщу цIыху 30-р фIы дыдэу еджащ.