Кабардинка»-р Марашрэ Гёксунрэ къыщофэ

Адыгэ щэнхабзэмрэ гъуазджэмрэ я дунейпсо фестивалым хэтыну Тыркум къэкIуа гупыр япэ махуэм иригъэблэгъащ Мараш къалэм и унафэщIым. Къэбэрдей-Балъкъэрым щэн­хабзэмкIэ и министр Къу­махуэ Мухьэдинрэ Эркоч Фатхьи Мехметрэ щIыналъитIым я щэн­хабзэ зэпыщIэныгъэ­хэм, адыгэ хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ я зэкъуэ­шыныгъэм, нэгъуэщI Iуэху дахэхэми теп­сэ­лъыхьахэщ.

Эркоч Фатхьи Мехмет дихьэхащ «Адыгэ лъэп­къым и хъугъуэфIыгъуэ» цIэр зезыхьэ «Кабар­динка» къэрал ансамб­лым хэт щIалэ уардэхэм, пщащэ зэкIужхэм, адыгэ фащэм.
Мараш хьэщIэ зэри­- Iэр, нэгъуэщI лъэпкъхэ-ми Гёксун щекIуэкIыну  Адыгэ щэнхабзэмрэ гъуаз­джэмрэ я дунейпсо фестивалым хэтынухэр ялъагъуну зэрыхуейм къы­хэкIкIэ, япэ пщы­хьэ­щхьэм вилайетым и къалэшхуэм и утыкур игъэбжьыфIащ «Кабардинка» къэрал академическэ ­ансамблым.
КхъухьлъатитIкIэ уэгур зэпызыупщIу зы жэщ-­махуэкIэ гъуэгу тета ансамблым ауи къыте­мы­хьэлъэу зы сыхьэт псокIэ концерт итащ, мараш­дэсхэр къыдихьэхарэ я дэрэжэгъуэр къиIэтауэ. Хамэм къыхуаIэт Iэгуа-уэр инт «Кабардинка»-м, адыгэм и пщIэр зэриIэтыр нэхъ иныжт.

 

НЭЩIЭПЫДЖЭ Замирэ. Мараш - Гёксун

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

19.04.2024 - 09:01

ДИ ЩIЫНАЛЪЭМ И ЩIЫПIЭ ДАХЭХЭР

Тамбукъан гуэл шыугъэм илъэс 700 тхыдэ къызэринэкIащ. Абы ит псыр ижыркъым, мыл ткIужхэмрэ уэшххэмкIэ ирикъуу аращ. Абыхэм къадэкIуэу ябрууауэ щыта жапIэхэмкIэ абы хохъуэ минеральнэ псы.

19.04.2024 - 09:01

ХЬЭЩIЭЩХЭМРЭ ХЬЭЩIЭХЭМРЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къызэрагъэлъагъуамкIэ, хьэщIэщым къыщыувыIэну махуэу зыщрагъэтхамрэ абы щыщIэтIысхьа махуэмрэ я зэхуакум дэлъ пIалъэм и кIыхьагъымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым къэралым и щIыналъ

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.