|
ЩIалэгъуалэр Iейм щахъумэн мурадкIэ
28 июля, 2018 - 05:22
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Юрий бадзэуэгъуэм и 26-м иригъэкIуэкIащ Наркотикым пэщIэтынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и комиссэм и зэIущIэ.
Ар къыщызэIуихым, КъБР-м и Iэтащхьэм къыхигъэщащ зи чэзу зэIущIэр зэрыхухахар наркотик лIэужьыгъуэхэмрэ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэмрэ ямыщэным, щIалэгъуалэр абыхэм ящыхъумэным теухуауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр къэпщытэным.
- Хабзэм къемызэгъыу наркотик ящэн-къэщэхуным теухуа щIэпхъаджагъэхэм я бжыгъэр иужьрей илъэситхум нэхъ мащIэ хъууэ зэрекIуэкIам емылъытауэ, япэ дыдэ апхуэдэ зылэжь-хэр куэд мэхъу. КъищынэмыщIауэ, Наркодиспансерыр зыкIэлъыплъхэм ящыщуи щIэпхъаджагъэ зылэжьхэм я бжыгъэр хэхъуащ. Псалъэм папщIэ, 2017 гъэм абыхэм щIэпхъаджагъи 6 ялэжьауэ щытамэ, мы гъэм 8 хъуащ. Нэхъыбэрэ апхуэдэ щIэпхъаджагъэхэр къыщохъу Прохладнэ, Тэрч, Май щIыналъэхэм, - жиIащ КIуэкIуэ Юрий. - Зи ныбжьыр илъэс 18 - 19 итхэм ящыщу наркотик зэIэпыхыным епхауэ щIэпхъаджагъэ зылэжьахэм я бжыгъэр 2017 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм 86-рэ хъууэ щытащ, мы гъэм и мазихым - 114-рэ. Налшык къалэмрэ Аруан, Бахъсэн, Май щIыналъэхэмрэщ а бжыгъэр дэзыгъэкIуеяр. Сыхуейт мы Iуэхум куууэ делэжьыну. Наркотикым пэщIэтынымкIэ республикэм и щIыналъэхэм щылажьэ комиссэхэм я лэжьыгъэр къапщыта нэужь, наIуэ къэхъуащ акъылыр зыгъэутхъуэ пкъыгъуэхэм зыIэпашахэм, щIэпхъаджагъэ зылэжьахэм, медицинэ IуэхущIапIэхэм зыщызыгъэхъужыну хуейхэм щхьэхуэ-щхьэхуэу районхэм лэжьыгъэ зэрыщыдрамыгъэкIуэкIыр. Ар ныкъусаныгъэшхуэу къызолъытэ. Наркотик зэзыхьэлIэ дэтхэнэ цIыхуми, абы и унагъуэм щIэсхэри хиубыдэу, щхьэхуэу дыдэмылыжьауэ мы Iуэхум дыпэлъэщынукъым. ГъащIэ узыншэм къыхуезыджэ, цIыху куэд щызэхэфшэ Iуэхухэр фIыщ, ауэ купщIафIэ дыдэу къэплъытэ хъунукъым. Дэ ди щIалэгъуалэмкIэ жэуап дохь, икIи лэжьыгъэр щIэдгъэхуэбжьэн хуейщ. СфIэкъабылщ адрей щIыналъэхэмрэ къэралхэмрэ мы Iуэхум зэрыпэщIэт Iэмалхэм зыщывгъэгъуэзэныр.
КъБР-м и МВД-м и унафэщIым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Мамхэгъ Назир жиIащ наркотикым пэщIэтыным ехьэлIауэ ирагъэкIуэкI лэжьыгъэм хыхьэу, 2018 гъэр къызэрихьэрэ республикэм къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ и IэнатIэхэм Iуэхугъуэ 200-м щIигъу зэрырагъэкIуэкIар икIи абыхэм цIыху мин 70 зэрыхэтар. IуэхущIапIэм и нэIэ тригъэтыну учётым игъэуващ хабзэр къызэпызыуда ныбжьыщIи 113-рэ.
- Медицинэм щымыщ наркотик лIэужьыгъуэхэр зэрызрахьэлIэм къыхэкIыу, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ IэнатIэхэм я учётым балигъ ныбжьым нэмыса ныбжьыщIэ 14 ягъэуващ, ар нэгъабэ елъытауэ проценти 7,7-кIэ нэхъыбэ хъуащ. Апхуэдэуи 2018 гъэм и япэ илъэс ныкъуэм административнэ жэуапым етшэлIащ щIалэгъуалэу 112-рэ, - жиIащ Мамхэгъым.
Къэпсэлъам къызэрыхигъэщамкIэ, наркотикым пэщIэтынымкIэ лэжьыгъэ щрагъэкIуэкIкIэ, балигъ ныбжьым нэмысахэмрэ щIалэгъуалэмрэ гулъытэ хэха хуащI. Псом хуэмыдэу республикэм и курыт еджапIэхэм ядолажьэ. Гъэмахуэ зыгъэпсэхугъуэ мазэхэм министерствэм и мурадщ «Гъэмахуэ узыншэ - 2018 гъэ» Iуэхур сабий лагерхэм щригъэкIуэкIыну. Республикэм и еджапIэхэм щыты-кIэр зыхуэдэр къыщапщытэу илъэс псом щолажьэ IэщIагъэлI 97-рэ. ЕджапIэ нэхъыщхьэхэм наркотикым теухуауэ зэIущIэ 50-м щIигъу мы гъэм щрагъэкIуэкIащ. Мамхэгъым жиIащ IуэхущIапIэм КъБР-м и УФСИН-м и лэжьакIуэхэр щIыгъуу, наркотик щIэпхъаджагъэ зэралэжьамкIэ къуэды зытралъхьа балигъ ныбжьым нэмыса бын зиIэхэм я унэхэм зэрыкIуэр, зэрепсалъэр. Апхуэдэуи КъБР-м и МВД-р жыджэру долажьэ СпортымкIэ министерствэм. Абыхэм спорт зэпеуэхэр зэгъусэу ирагъэкIуэкI, щIэблэр хэкупсэу гъэсэным я лэжьыгъэр траухуэ, къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ органхэм я ветеранхэм ныбжьыщIэ-хэр хуагъазэ. Мамхэгъым жиIащ иужьрей илъэсхэм республикэм къыщызэIуах кальян-бархэм я бжыгъэр зэрыхэхъуар къэлъытауэ, апхуэдэ IуэхущIапIэхэр къызэрапщытэр, узыншагъэм зэран хуэхъу пкъыгъуэхэр хабзэм къемызэгъыу ирамыгъэщэн папщIэ.
КIуэкIуэ Юрий жиIащ щIалэгъуалэр зэIызыгъэхьэ Iэмалхэр гъэ къэс нэхъыбэжу къызэрыунэхур. Абы и щыхьэту къигъэлъэгъуащ 2018 гъэр къызэрихьэрэ Интернет-сайт 96-рэ, наркотик зэрагъэхьэзырым щыхагъэгъуазэу, къащэхуну къыхураджэу къызэрыщIагъэщар. Абы щыщу 57-р къагъэувыIащ. Абы щыгъуэми КъБР-м и Iэтащхьэм жиIащ лэжьыгъэ ирагъэкIуэкIым арэзы укъызэримыщIыр.
КIуэкIуэ Юрий дыщIигъуащ республикэм и районхэм наркотикым пэщIэтынымкIэ щылажьэ комиссэхэм я унафэщIхэм ящыщу я IэщIагъэмрэ зыIут IэнатIэмрэ зэтеухуэу я къалэным пэрытыр Бахъсэн, Лэскэн щIыналъэхэм ейхэр зэрыарар икIи район Iэтащхьэхэр къыхуриджащ комиссэхэм я лэжьыгъэр тэмэму яубзыхуну, мы Iуэхум хэзыщIыкI IэщIагъэлIхэр кърашэлIэну.
КIуэкIуэ Юрий зыщигъэгъуэзащ Прохладнэ районым щаухуа, наркотикым зыIэпишахэм я узаншагъэр щрагъэфIэкIуэж IуэхущIапIэм и лэжьыгъэм. Мамхэгъ Назир жиIащ абы мы зэманым цIыхуиблым зэращыкIэлъыплъыр.
КIуэкIуэм жиIащ наркотикым пэщIэтыным теухуауэ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ, ЕгъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуа-лэм я IуэхухэмкIэ и министерствэхэм ирагъэкIуэкI лэжьыгъэр зэрымащIэр. «Наркотик зэремыфэмкIэ тхылъ иIыгъми, акъылыр зыгъэутхъуэ зрихьэлIауэ транспортым дэсу яубыда щыIэщ. Апхуэдэ Iуэхухэм урохьэлIэ Iэщэ зэрахьэну хуит щащIкIи. ТкIийуэ кIэлъыплъын хуейщ апхуэдэ къэмыхъуным», - къыхигъэщащ КIуэкIуэм. Абы жиIащ республикэм и еджакIуэ-хэм зи гугъу ящI IуэхумкIэ пасэу ядэлэжьэн щIадзэн зэрыхуейр.
ЗэIущIэм къыщыпсэлъащ КъБР-м граждан жылагъуэ IуэхущIапIэхэмрэ дин, жылагъуэ зэгухьэныгъэхэмрэ ядэлэжьэнымкIэ и министр КIурашын Анзор, КъБР-м узыншагъэр хъумэнымкIэ и министр Хъубий Марат, КъБР-м егъэджэныгъэмкIэ, щIэныгъэмрэ щIалэгъуа-лэм я IуэхухэмкIэ и министрым и къалэнхэр зыгъэзащIэ Къумыкъу Iэуес, Аруан, Май, Шэрэдж районхэм я щIыпIэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэу Куэшей Азэмэт, Евтушенкэ Сергей, Муртазов Борис.
КъБР-м ШынагъуэншагъэмкIэ и Советымрэ Наркотикым пэщIэтынымкIэ Къэбэрдей-Балъкъэрым и комиссэмрэ хэтхэм, хабзэхъумэ лэжьакIуэхэр я гъусэу, КъБР-м и Iэтащхьэм пщэрылъ ящищIащ Май, Прохладнэ, Шэрэдж щIыналъэхэм, апхуэдэуи адрей районхэм щIэпым теухуауэ я Iуэху зытетыр къапщытэну. А лэжьыгъэр фокIадэм и 1-м зэфIагъэкIын хуейщ.
|
29.03.2024 - 08:57 Урысей Ипщэмрэ Кавказ Ищхъэрэмрэ регби 7-мкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным теухуа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Налшык къалэм щекIуэкIащ. |
|
29.03.2024 - 08:56 КъБР-м щIыхь зиIэ и журналист, Урысей Федерацэм, Къэбэрдей-Балъкъэрым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ я лэжьакIуэ, жылагъуэ лэжьакIуэ, «Советская молодёжь» газетым и редактор нэхъыщхьэу щыта Къардэн Мухьэм |
|
29.03.2024 - 08:56 Пхъэщхьэмыщхьэмрэ хадэхэкIымрэ къыхащIыкI консерву Кавказ Ищхъэрэм къыщыщIагъэкIым и процент 90-р Къэбэрдей-Балъкъэрым къылъос. |
|
28.03.2024 - 09:03 ЩIыгум и ныбжьым ебгъапщэмэ, псэ зыIут дунейм еплъытмэ, цIыхум къикIуа гъуэгуанэр кIэщI дыдэщ, тхыдэм и щапхъэхэмкIэ ар мащIэщ. |
|
28.03.2024 - 09:03 Кавказ Ищхъэрэм и щIыналъэхэм алыдж-урым бэнэкIэмкIэ я спортсмен нэхъ лъэщхэр, илъэс 24-рэ зи ныбжьхэр, иджыблагъэ щызэхуэсащ Дагъыстэным и Каспийск къалэм. |
|