Мазих лэжьыгъэм ироплъэж

Къэбэрдей-Балъкъэрым и Прокуратурэм щекIуэкIащ коллегием и зэIущIэ. Абы щыхэплъэжащ 2018 гъэм и япэ мазихым я лэжьыгъэм кърикIуахэм, етI­уанэ илъэс ныкъуэм законымрэ хабзэмрэ гъэбыдэнымкIэ зэфIахыпхъэхэр яубзыхуащ.

ЗэIущIэм хэтащ Урысей Федерацэм и Прокурор  Нэхъыщхьэм     и къуэдзэ юстицэм и 1-нэ класс зиIэ къэрал чэнджэ­щэгъу Сыдорук Иван, республикэ прокуратурэм и унафэщIхэр, къалэхэм, районхэм я прокурорхэмрэ абыхэм я къуэдзэ­хэмрэ.
Къэбэрдей-Балъкъэрым и прокурор Жариков Олег зэIущIэр къызэIуихри, къыхигъэщащ Урысей Федерацэм и Конституцэм тету цIыхухэм лэжьыгъэмкIэ яIэ хуитыныгъэр къахуэгъэсэбэпыным гулъытэ хэха зэрыхуащIыр.
Прокуратурэм мы гъэр къызэрихьэрэ лэжьапщIэмкIэ щIыхуэ зытелъхэм сом мелуан 26-рэ мин 750-рэ яригъэпшы­ныжащ. Абы и нэIэ тетщ къэралыр балигъ мыхъуахэм, ныкъуэдыкъуэхэм, пенсионерхэм зэрадэIэпыкъур зэраIэрыхьэм. Я гулъытэ щIагъэкIыркъым дыкъэзыу­хъу­реихь дунеймрэ щIыуэпсымрэ хъу­мэ­ным теухуауэ цIыхухэми лэжьапIэхэми я къалэ­ныр зэрагъэзащIэр.
Прокурорхэм лэжьыгъэшхуэ зэфIа­-гъэкI унафэу ящIыр хабзэм и мардэм итыным теухуауэ. Норматив-правовой ­актхэм ехьэлIа проект 1679-м теухуа къэпщытэныгъэ  ирагъэкIуэкIати, абыхэм ящыщу 95-р зэра­хъуэкIащ, прокуратурэм къигъэлъэгъуа ныкъусаныгъэхэр ягъэзэ­кIуэжу. Федеральнэ хабзэхэр зэрагъэзащIэр къыщапщытэм ахэр мин 19,5-рэ къызэпаудауэ къыщIагъэщащ, правовой акт мини 3-м нэблагъэ хабзэм къемызэгъыу къалъытащ, абыхэм теухуа тхыгъэ 3459-рэ ягъэхьэзыращ, судхэм ягъэхьащ зы миным щIигъу, сом мелуан 200-м нэблагъэ япшыныну унафэ къащтащ.
Республикэм щIэпхъаджагъэу щатхащ 3624-рэ. Нэхъ мащIэ хъуащ щIэпхъаджагъэ хьэлъэ, хьэлъэ дыдэхэр - 944 (нэгъабэ и япэ мазихым - 1036-рэ). Апхуэдэуи кIэрыхуащ цIыхум и гъащIэмрэ узыншагъэмрэ ехьэлIа щIэпхъаджагъэ шына­гъуэхэр. Нэхъ мащIэ хъуащ террор щIэпхъаджагъэхэр - 57-рэ (106-рэ).
Прокурорым къызэрыхигъэщащи, Iулъ­хьэ къеIыхыным пыщIа щIэпхъаджа-   гъэу къыщIагъэщащ 164-рэ, нэгъабэ и япэ ­мазихым елъытауэ хуэди 2-кIэ нэхъыбэ.
Прокуратурэм и IэнатIэхэм щызэфIахащ цIыхухэм зэрызыкъыхуагъэза лъэIу 2986-рэ. ЦIыху 1386-м яIущIащ, абыхэм ящыщу 614-м яхуэзащ прокурорхэмрэ абыхэм я къуэдзэхэмрэ.
Псори къызэщIикъуэжу зэIущIэм къы­щыпсэлъащ Урысей Федерацэм и Про­курор Нэхъыщхьэм и къуэдзэ Сыдорук Иван. Абы жиIащ КъБР-м и прокурату-рэм лэжьыгъэ хъарзынэ зэрыригъэ­кIуэкIар республикэм хабзэр  щыгъэ­бы­дэным ­теухуауэ, я ныкъусаныгъэхэми гу лъаригъэтащ.

 

УАРДЭ Жантинэ

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

09.07.2026 - 09:03

КIашэ Адэлджэрий и гъащIэмрэ гуащIэмрэ топсэлъыхь

КъБКъУ-м и Социальнэ-гуманитарнэ институтым урысыбзэмкIэ, хамэ къэралыбзэхэмрэ журналистикэмкIэ и кафедрэм и доцент Битокъу Маринэ Налшык и «Искож» хьэблэм Щэнхабзэ зыужьыныгъэмкIэ и центрым лекцэ

08.07.2026 - 15:37

ГуащIафIэщ Астемыр

ЦIыху гуащIафIэм, щхьэх зымыщIэм и Iэпкълъэпкъым сэкъат иIэми увыIэнукъым, сэбэп зэрыхъун Iэмал сытым дежи къилъыхъуэнущ.

08.07.2026 - 09:03

ПщIыхьым ухешэ

Адыгэ Республикэм и Сурэт галерее  Мейкъуапэ дэтым къыщызэIуахащ сурэ­тыщI-модельер цIэры­Iуэхэу Сэралъп Мадинэрэ ХьэцIыкIу Милэрэ я IэдакъэщIэкIхэм я гъэлъэгъуэ­ныгъэ.

07.07.2026 - 09:14

Гулъытэ яхуещI

КIуэкIуэ Казбек бадзэуэгъуэм и 4-м яIущIащ я щхьэ IуэхукIэ къыхуэкIуа­хэм.

07.07.2026 - 09:03

Зэдэлэжьэныгъэр ягъэбыдэ

Урысей гвардием и управленэу ­КъБР-м щыIэм  и пресс-IуэхущIапIэм и унафэщI, полицэм и подполковник Сал­пагаровэ ФатIимэ лэжьыгъэ IуэхукIэ Печатым и унэм щахуэзащ   ­«КъБР-Медиа» къэрал кIэзонэ Iуэх