КъБР-м щыIэ МВД-м

Шэч хуащI
КъБР-м щыIэ МВД-м Уголовнэ къэлъыхъуэныгъэмкIэ и управленэмрэ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министерствэм и Тэрч щIыналъэ къудамэмрэ я лэжьакIуэхэм зэгъусэу ирагъэкIуэкIа оперативно-къэлъыхъуэныгъэхэм япкъ иткIэ яубыдащ ­Прохладнэ щIыналъэм щыщ зи ныбжьыр илъэс 39-м ит нэхъапэм суд зытращIыхьа цIыхухъур.
Ар федеральнэ къэлъыхъуэныгъэм щыIащ. Зэ­рыхуагъэфащэмкIэ, абы Ставрополь щIыналъэм щIэпхъаджагъэ щилэжьыну хэтащ.
Яубыдар къэлъыхъуэныгъэр зэхэзыублахэм иратащ.
Экстремизмэмрэ терроризмэмрэ щахъумэ
­Экстремизмэмрэ терроризмэмрэ къэмыгъэхъу­ным ехьэлIа зэIущIэхэр КъБР-м щыIэ МВД-м и лэжьакIуэхэм Шэджэм къалэм и курыт еджапIэхэм щрагъэкIуэкIащ.
КъБР-м щыIэ МВД-м Экстремизмэм пэщIэты­нымкIэ и центрымрэ Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ ­министерствэм и Шэджэм щIыналъэ къудамэм Балигъ мыхъуахэм ядэлэжьэнымкIэ и IэнатIэмрэ я лэ­жьакIуэхэм лекцэхэмрэ зэпсэлъэныгъэхэмрэ дра­гъэкIуэкIащ Шэджэм къалэм и СОШ №1-мрэ «Ухуа­кIуэ» Къэбэрдей-Балъкъэр коллледж» егъэджэныгъэ IуэхущIапIэм и Шэджэм къудамэмрэ. Ахэр хеубыдэ щIалэгъуалэм экстремизмэм гущыкI хуе­гъэщIыным ехьэлIауэ къызэрагъэпэщ Iуэхугъуэхэм.
ЗэIущIэм хэтхэм зыхуигъэзащ КъБР-м щыIэ ­МВД-м Экстремизмэм пэщIэтынымкIэ и центрым и лэжьакIуэ полицэм и подполковник Геккиевэ ­Маринэ. НыбжьыщIэхэр абы щыгъуазэ ищIащ экстремизмэмрэ терроризмэмрэ зищIысым икIи апхуэдэ щIэпхъаджащIэхэм пэIэщIэ зыхуащIыну къыхуриджащ.
Хабзэм и хъумакIуэхэм еджакIуэхэм къыгура­гъэ­Iуащ социальнэ сетхэм щынагъуэ ин къазэ­ры­- п­къырыкIыр. Интернетыращ щIэпхъаджащIэхэм зыхашэнухэр нэхъыбэу къыщалъыхъуэр.
НыбжьыщIэхэм гурагъэIуащ экстремизмэмрэ тер­роризмэмрэ зылэжьхэм яхь тезырыр зыхуэдэр. ХьэщIэхэм ахэр къыхураджащ щIэныгъэм, спортым, гъуазджэм зыдрагъэхьэхыну.
ХьэщIэхэм еджакIуэхэм тыгъэ хуащIащ футболкэхэр, бейсболкэхэр, экстремизмэр щымыгъэIэ­ным ехьэлIа къыхуеджэныгъэхэр къызытещ нэгъуэщI хьэпшыпхэр. Абы иужькIэ ныбжьыщIэхэм флешмоб къызэрагъэпэщащ, мамырыгъэм зэрителъхьэр къыхагъэщу.
Зи ныбжьыр илъэс 55-м щIигъуахэм папщIэ
Къэбэрдей-Балъкъэ­рым щыпащэ кибер­пцIыIуэпцIышэхэм япэ­щIэт «Ликбез выходного дня» Iуэхугъуэхэр. Ахэр нэхъыбэу яхуэунэтIащ зи ныбжьыр илъэс 55-м щIигъуахэм.
Полицэм и участ­ко­вэ уполномоченнэхэм Iуащ­­хьэмахуэ щIына­лъэм­ и пенсионерхэм гу­рагъаIуэ интернет ­пцIы­IуэпцIышэхэм зэры­зэ­ща­хъумэну щIыкIэр. Ап­хуэдэ лэжьыгъэ иджы­благъэ щекIуэкIащ Тырныауз къалэмрэ Былым ­къуажэмрэ.
Хабзэхъумэхэм цIыхухэр къыхураджащ сакъыну. Щапхъэхэр къыхуахьыурэ, ирагъэщIащ пцIы­IуэпцIышэхэм зэрапэщIэтыфыну Iэмалхэр. Къапщтэмэ, чэнджэщ иратащ ямыцIыхухэр телефонкIэ къэпсэлъамэ езыхэм ятеухуа, я банк картэхэм ехьэлIа хъыбархэр жрамыIэну.
Полицейхэм зэIущIэм хэтахэм буклет цIыкIухэр иратащ. Абыхэм къыщыгъэлъэгъуащ киберпцIы­IуэпцIышэхэм нэхъыбэрэ къагъэсэбэп Iэмалхэмрэ  апхуэдэхэм зэрапэщIэтыну щIыкIэмрэ.

Къаудыгъу Заур.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

21.05.2024 - 09:03

ДАХАГЪЭМ ДИХЬЭХХЭМ Я КIУАПIЭ

Ткаченкэ Андрей и цIэр зезыхьэ сурэтыщI гъуазджэхэмкIэ музейм тхыдэ дахэ къыдокIуэкI. 

21.05.2024 - 09:03

БЭНАКIУЭХЭМРЭ ГЪЭСАКIУЭМРЭ ЯIУОЩIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым Спо­р­тымкIэ и министерствэм иджыблагъэ къыщрагъэблэгъащ Урысейм бэнэкIэ хуитымкIэ и чемпион махуэ зыбжанэ ипэкIэ хъуа ЗэкIуий Анзоррэ дыжьын медаль абы къыщызыхьа Шаваев Малик

20.05.2024 - 12:25

ЩIЫХЬ ТХЫЛЪХЭР ЯРИТАЩ

Къэрал кIуэцI IуэхухэмкIэ министру Къэбэрдей-Балъкъэр Республикэм щыIэ, полицэм и генерал-майор Крючков Вячеслав я лэжьыгъэр утыку къихьэным и лъэныкъуэкIэ жыджэру къазэрыдэлажьэм папщIэ ведомствэм

20.05.2024 - 09:10

ЕДЖАПIЭ НЭХЪ ИН ДЫДЭР

Къэбэрдей-Балъкъэрым щынэхъ ин дыдэ курыт еджапIэр Налшык къалэм и «КъуэкIыпIэ» хьэблэм щаухуэ икIи абы щрагъэкIуэкI лэжьыгъэхэр и кIэм ноблагъэ.

20.05.2024 - 09:10

УНАГЪУЭРАЩ ХЭКУР КЪЫЩЕЖЬЭР

Налшык дэт Макъамэ театрым щагъэлъэпIащ «Илъэсым и унагъуэ - 2024» урысейпсо зэпеуэм и щIыналъэ Iыхьэм щытекIуахэр.