Дунейр - сабийхэм я нэкIэ

Лъэпкъ музейм щагъэ­лъагъуэ «Сабиигъуэм­ и плъыфэ щхъуэкIэ­п­лъы­кIэ­хэр» выставкэр. Ар къы­зэрагъэпэщащ КъБР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэмрэ «Тхыдэ, щэнхабзэ фэеплъхэр хъумэнымкIэ урысейпсо зэгухьэныгъэ» IуэхущIапIэм и республикэ къудамэмрэ.
Гъэлъэгъуэныгъэр ири­гъэкIуэкIащ Лъэпкъ музейм и къудамэм и унафэщI Къантемыр Ларисэ. Ар ­игъэ­хьэзыращ Тхыдэ, щэн­хабзэ фэеплъхэр ­хъумэнымкIэ урысейпсо зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и IэщIагъэлI нэхъыщхьэ Мамхэгъ Эммэ. Выставкэм ха­гъэхьащ Светловодскэ къуа­жэм сурэт щIынымкIэ щылажьэ «Творчествэ дэкIуеипIэ» сту­дием, Налшык и курыт еджапIэ №12-м, Дзэлыкъуэкъуажэ и райцентрым творчествэмкIэ щиIэ гупжьейм екIуалIэхэм я Iэдакъэ къы­щIэкIа сурэтхэмрэ деко­ра­тивно-прикладной ­гъуаз­джэ хьэпшыпхэмрэ. НыбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэм къытещ удз гъэгъахэм, жыгхэм, псэущхьэхэм нэрылъагъу пщащIырт абыхэм дунейр плъыфэбэу зэралъагъур, щхъуэкIэп­лъыкIэу зэхэлъ гъэм и зэман зэблэхъугъуэхэм, псом хуэмыдэу щIыуэпсым и ­къулеигъэмрэ дахагъэмрэ нэхъ­ри зэрытелъыджэр.
- Зэдгъэпэщыжу ди IуэхущIапIэр къызэрызэIутхыж­рэ куэд щIакъым. ИкIи гъэ­лъэгъуэныгъэм зыкърезы­гъэ­хьэлIа псоми фIэ­хъус гуапэ фызох. Сабийхэм я лэжьыгъэхэм къыщагъэ­лъэ­гъуащ дахагъэр зэрызыхащIэр. Зи сурэтхэр утыку ­къи­зыхьа ныбжьыщIэхэм фи Iэзагъым дяпэкIи хэв­гъэ­хъуэну, ехъулIэныгъэхэр фиIэну сынывохъуэхъу, - жиIащ Лъэпкъ музейм и унафэщI Накуэ Феликс, выставкэр къыщызэIуихым.
Налшык къалэм и курыт еджапIэ №12-м и унафэщIым гъэсэныгъэ IуэхухэмкIэ и къуэдзэ Джаппуевэ­ Джа­милэ и псалъэм къы­хи­гъэщащ республикэм и ­гъуазджэ зэхыхьэм я еджа­кIуэхэр зэрыхэтым мыхьэнэшхуэ зэриIэр, выставкэм и фIыгъэкIэ зэфIэкI зиIэ ныбжьыщIэхэм я лэжьыгъэхэр ягъэлъэгъуэну Iэмал къа­зэрыхукъуэкIам, гъэсэныгъэ мыхьэнэ зэригъуэтым къы­дэкIуэу, сабийхэр дахагъэм нэхъри пэгъунэгъу зэры­хъур.
Тхыдэ, щэнхабзэ фэеплъ­хэр хъумэнымкIэ урысейпсо зэгухьэныгъэм и республикэ къудамэм и унафэщI Созаев Ахъмэт и гуапэу жиIащ хабзэ дахэ хъуауэ гъэ къэс къызэрагъэпэщ выставкэм дяпэкIи пащэну зэрамурадыр.
Гъэлъэгъуэныгъэр гъатхэпэм и 1 пщIондэ екIуэкIынущ.

ТЕКIУЖЬ Заретэ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

27.04.2024 - 12:25

«ШАТО ЭРКЕН» ЩЫЗЭХУОС

Аруан щIыналъэм щыIэ «Шато Эркен» туризмэмкIэ центрым иджыблагъэ щекIуэкIащ «PROАгро СКФО 3.0» гъэлъэгъуэныгъэ- зэхуэсыр.

27.04.2024 - 09:17

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ЗРАГЪЭУБГЪУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэ­лыжьыхьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхащ Хэку зауэшхуэм  теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

27.04.2024 - 09:11

КХЪУХЬЛЪАТЭХЭМКIИ ЗЫЗЭПАЩIЭ

КъБР-м курортхэмрэ туризмэмкIэ и министр ЩоджэнцIыкIу Мурат лэжьыгъэ Iуэху­кIэ Тэтэрстаным кIуауэ щыIэщ.

27.04.2024 - 09:03

ПСЭУПIЭЩIЭХЭР - ГУФIЭГЪУЭ ЩIЫКIЭМ ТЕТУ

Къэбэрдей-Балъкъэрым и щыхьэр Налшык «Долина Кавказа» зыфIаща и хьэб­лэщIэу къухьэпIэ лъэны­къуэмкIэ къыщызэIуахам щы­зэхуэсахэр хуабжьу зы­щыгуфIыкIа зэхыхьэ ще­кIуэкIащ. 

27.04.2024 - 09:03

ЦIЫХУ ЛЪЭУЖЬЫФIЭМ И ФЭЕПЛЪ

ЩоджэнцIыкIу Алий и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей къэ­рал драмэ театрым ли-­те­ратурэ-макъамэ пшыхь гуапэ щекIуэкIащ, адыгэ усакIуэ, гупсысакIуэ, лъэпкъ литературэм и лъабжьэр зыгъэтIылъа ­ПащIэ Бэчмырзэ