|
Статьи на кабардинском языке
9 ноября, 2021 - 05:51
Бынжэкъуакъуэ – зи бынжэгур и ныбафэм къытетІеикІым щхьэкІэ жаІэ.
Дэджэж – къызэрашэрэ куэд мыщІа нысащІэм е малъхъэр зэрагъуэтрэ куэд дэмыкІамэ, щІэм и лъэныкъуэкІэ гуауэ къэхъумэ, етІуанэу тезыгъазэм
9 ноября, 2021 - 05:50
ЦIыху куэд зыхэт махуэщI (тхьэлъэIу) лIэужьыгъуэщ. Джэгум хохьэ къафэ, удж, уэрэд, шыгъажэ, зэпеуэ зэхуэмыдэхэр, нэгъуэщIхэри. Джэгу лIэужьыгъуэу хъуар къанэ щымыIэу къежьащ тхьэхэр зэрагъэлъапIэ Iэмалу, тхьэлъэIухэм я зы Iыхьэу. АбыкIэ щыхьэт наIуэу щытщ, псалъэм папщIэ, Щыблэуджыр, тхьэгъэлъапIэ джэгухэр (Тхьэшхуэуджыр), нэгъуэщIхэри.
9 ноября, 2021 - 05:49
Краснодар щекIуэкIащ бэнэкIэ хуитымкIэ зи ныбжьыр илъэс 21-рэ иримыкъуахэм я урысейпсо зэхьэзэхуэ. Ар фэеплъ хуащIащ 20I3 гъэм гуауэ хэкIуэда бэнакIуэ цIэрыIуэ Кудухов Бесик.
8 ноября, 2021 - 06:30
Адэр дунейм щехыжым и къуэм жриIащ:
- Си щIалэ, сэ мы къызэуэлIа узым сыкъелынукъым. Ауэ уэ насыпыфIэу упсэуну сы-хуейщ.
- Ди адэ, сыт насыпыфIэ сыхъун щхьэкIэ сщIэн хуейр?
- Ежьи, дунейр къызэхэкIухь, насыпыр зищIысымрэ ар къызэрыбгъуэтынумрэ къыбжаIэнщ.
8 ноября, 2021 - 06:30
Налшык и Музыкэ театрым жэпуэгъуэм и 31-м гуфIэгъуэ щытыкIэм иту щызэхуащIыжащ «Къэбэрдей-Балъкъэрыр - илъэси 100» еханэ урысейпсо кинофестивалыр, республикэм и къэралыгъуэр къызэрыунэхурэ илъэси 100 зэрырикъум траухуар.
8 ноября, 2021 - 06:30
Адыгэхэмрэ абазэхэмрэ зы къежьапIэ зэраIам япэ-хэми дытепсэлъыхьащ. ЛъэпкъитIыр я хабзэкIи зэхэтыкIэкIи зэгъунэгъущ, я гупсысэкIэри дуней тетыкIэри зэщхьщ.
7 ноября, 2021 - 06:30
«Жыгым къыпыкIэр и уасэщ, цIыхум и уасэр и лэжьыгъэрщ», - жаIэ. Шэч хэмылъу, цIыхум и гъащIэм щыпхиша лъагъуэр бгъуэ хъунуми, кIыхь хъунуми зэлъытар къыхиха Iуэхум хилъхьэ къарурщ, ирихьэлIэ гуащIэм и инагъырщ...
7 ноября, 2021 - 06:30
Япэ урысейпсо къэрал телеканалым и «Голос» шоум и утыкум гукъинэжу зыкъыщигъэлъэгъуащ Адыгэ Республикэм щыщ уэрэджыIакIуэ Тлъыней Алий. Ар я гъэсэнщ Бериашвили Этерирэ Долинэ Ларисэрэ.
6 ноября, 2021 - 06:30
ЦIыхубэ зэкъуэтыныгъэм и махуэу пщэдей Урысей Федерацэм щагъэлъапIэнум ди къэралым и тхыдэ напэкIуэцIхэм дыхурегъэплъэкIыж, абы хэта гугъуехьхэр ди нэгу къыщIегъэувэж. Илъэс 400 хуэдизкIэ узэIэбэ- кIыжмэ, щытыкIэ гугъу ихуа цIыхубэр зылI и быну зэкъуэувэныр хэкIыпIэфIу зэрыщытам и нэщэнэщ мы махуэшхуэр.
6 ноября, 2021 - 06:30
Америкэм и Штат Зэгуэтхэм щыщ ди лъэпкъэгъу щIалэ Чэгъэду Биберт мазитI хъуауэ и хэкум къэкIуэжауэ щопсэу, щолажьэ. Ар иджы Мейкъуапэ и «Зэкъошныгъэ» («Дружба») футбол гупым и тренер нэхъыщхьэщ. Биберт Къэбэрдей-Балъкъэрми, Адыгейми къыщацIыху футболист цIэрыIуэщ. Нэхъапэм Налшык и «Спартак»-м, Краснодар и «Колос»-м щыджэгуащ.
Страницы
|