Статьи на кабардинском языке

Дзэлыкъуэ щIыналъэм и тхыдэ-лъахэхутэ музей

Куэд щIакъым Дзэлыкъуэ щIыналъэм тхыдэ - лъахэхутэ музей къы­зэ­рыщызэIуахрэ. Абы и хъы­бар куэдрэ зэхыдох, Iуэхугъуэ дахэхэр къы­щызэрагъэпэщ, цIыхухэм яфIэгъэщIэгъуэнщ, щIэ­уп­щIэ иIэщ. Дэри, музейм теухуауэ упщIэ зыбжанэкIэ зыхуэдгъэзащ абы и унафэщI Мэкъуауэ Хьэлимэт. 

ДАХАГЪЭМ И ГЪУДЖЭ

Дызэрыщыгъуазэщи, Къэбэрдей-Балъкъэрым и щэнхабзэм мыхьэнэшхуэ зиIэ Iуэхухэр щекIуэкIащ 1930 гъэхэм. Адыгэхэмрэ балъкъэрхэмрэ зэи ямыIауэ къызэрагъэпэщат лъэпкъхэм я щэнхабзэ къулеигъэхэм зезыгъэужьыну къэфакIуэ ансамбль лъэщ, макъамэ Iэмэпсымэхэр щIыгъуу.

ЗЭРЫЩЫУАР КЪАГУРЫIУЭЖАЩ

Къуалэбзухэм ящыщу псэущхьэ цIыкIухэр зи шхыныгъуэхэр зэтебукIэнкIэ Iэмал зэримыIэм щIэныгъэлIхэм куэд щIауэ дыкъыхураджэ. Ахэр щымыIэмэ, псэущхьэ узыншэхэм я Iуэхур екIэкIуэнущ, сыту жыпIэмэ, дэнэ щIыпIэ щымыщэкIуами, апхуэдэ къуалэхэм ягъэзащIэр санитар къалэнщ. Абыхэм я ерыскъыгъуэ нэхъыщхьэр псэущхьэ лIахэрщ.

ПЩЫХЬЭЩIЭ СИМЭ: БЗЭР ЯМЫЩIЭЖ ЩХЬЭКIЭ, АДЫГЭН КЪАНЭРКЪЫМ

Ди хьэщIэщым

Хамэ къэрал щыпсэу ди лъэпкъэгъухэмрэ дэрэ нэхъ гъунэгъу дызэхуэзыщIхэм ящыщщ хэхэсхэмрэ хэкурысхэмрэ зэрызэкIэлъыкIуэр, благъэ зэрызэхуэхъур. Джэрмэншык щыщ ПщыхьэщIэ Симэ Иорданием щыпсэу Ансыкъуэхэ я щIалэ илъэс 25-рэ и пэкIэ дэкIуауэ Амман щопсэу. Зы щIалэрэ зы хъыджэбзрэ яIэщ - Ахьмэдрэ Симазэрэ.

КХЪУЕЙМ СЫТ ХУЭДИЗ И НЫБЖЬ?

Мы шхыныгъуэ хьэлэмэтыр куэд дыдэ щIауэ цIыхухэм фIыуэ ялъагъу. Ауэ зыми ищIэркъым абы сыт хуэдиз ныбжь иIэми. Ди эрэм и пэкIэ IV лIэщIыгъуэм алыдж еджагъэшхуэ, философ цIэрыIуэ Аристотель иубзыхуауэ щытащ кхъуей зэрыхах щIыкIэр. Ауэ Урысейм ар къыщысар ХIХ лIэщIыгъуэм и пэщIэдзэрщ. Къэгъэлъэгъуэн хуейщ абы и щэхухэр илъэсищэ зыбжанэ хъуауэ адыгэхэм зэращIэр.

МЕЛЫIЫЧХЭМ КЪРАГЪЭЛАТ

ТЫРКУМИ ДЖЫЛАХЪСТЭНЕЙХЭР ЩОПСЭУ

ХамэщIым зи адыгэ жьэгу щызыгъаблэхэм ящыщщ Тырку къэралыгъуэм ис джылахъстэнейхэр. Ахэр нэхъыбэу щыпсэур Мараш вилайетырщ.

ТЕНДЖЫЗ IУФЭМ ЩЫТОКIУЭ

Краснодар крайм хыхьэ Сукко жылагъуэм щекIуэкIащ универсальнэ зэзауэхэмкIэ дунейпсо зэхьэзэхуэ. Абы хэтащ къэрал 25-м щыщ илъэс 12-м къыщыщIэдзауэ 20-м нэблагъэ спортсмен ныбжьыщIэ 600-м щIигъу.

Къэбэрдей-Балъкъэрым и командэ къыхэхам хэт спортсменхэм зэхьэзэхуэм ехъулIэныгъэфIхэр щызыIэрагъэхьащ. Псори зэхэту абыхэм къахьащ медаль зэмылIэужьыгъуэ 11, дыщэу 6 хэту.

ДИ ЩIАЛЭХЭМ Я ТЕКIУЭНЫГЪЭ

Ярославль дэт «Вознесенский» спорт комплексым щекIуэкIащ алыдж-урым бэнэкIэмкIэ «А» класс зиIэ VIII урысейпсо зэхьэзэхуэ. Зэпеуэр фэеплъ хуащIащ УФСБ-м и щIыналъэ оперативно-антитеррор гупым и командир Лататуев Владимир.

Зэхьэзэхуэм и саугъэтхэм, Урысейпсо зэхьэзэхуэм хэтынымрэ спортым и мастерым и цIэр къыфIащынымрэ, щIэбэнащ къэралым и щIыналъэ 29-м щыщ спортсмен 350-м щIигъу.

КЪАРМЭХЬЭБЛЭ-НАЛШЫК-МОСКВА

Лъэпкъым и узыншагъэр, и ехъулIэныгъэхэр, и къэкIуэнур абы и щIалэгъуалэм я деж щыболъагъу. Я зэфIэкIхэр бгъэщIагъуэрэ гуапэуи укъагъэуIэбжьу! ДаIуощIэ, допсэлъылIэ, дигу дохьэри, лъэпкъым папщIэ ди щхьэр доIэт! Нобэрей ди лIыхъужьыр физик ныбжьыщIэщ, техникэ щIэныгъэхэм я кандидатщ.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке