|
Статьи на кабардинском языке
24 мая, 2022 - 06:30
Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым и студентхэм папщIэ илъэс къэс къызэрагъэпэщ «Бэрбэч еджэныгъэхэр-2022» щIэнIуатэм и лэжьыгъэр дыгъуасэ зэфIэкIащ.
24 мая, 2022 - 06:30
Бэрбэч ХьэтIутIэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал университетым ХимиемкIэ IV Урысейпсо диктантыр иджыблагъэ щатхащ. Абы хэтащ КъБКъУ-м химиемрэ биологиемкIэ и ннститутым и егъэджакIуэхэр, щIэныгъэлIхэр, студентхэр, курыт щIэныгъэ щызрагъэгъуэт IуэхущIапIэхэм щылажьэ егъэджакIуэхэр.
23 мая, 2022 - 06:00
Урыс къэралыгъошхоу дзэ зэтегъэпсыхьагъэ зиIэм илъэсишъэм ехъурэ ячIыгу къагъэгъунэзэ, къушъхьэчIэс адыгэхэр зыпэуцужьыхэ нэуж Кавказыр зыштэнэу гухэлъ зиIэ империем зэрэтемыкIощтхэр къагурыIуагъ.
23 мая, 2022 - 05:50
Тхыдэдж-бзэщIэныгъэлIхэм я нэхъыбэм къызэралъытэмкIэ, адыгэхэр лъэпкъ нэхъыжь дыдэхэм ящыщщ. Ауэ щыхъукIи, абыхэм куэд щIауэ яIэщ ахэр адрейхэм къахэзыгъэщ нагъыщэ нэхъыщхьэхэм халъытэ ныпри.
23 мая, 2022 - 05:48
Куэдым къалъытэ Кавказ зауэр 1864 гъэм накъыгъэм и 21-м иухауэ. Ауэ дэфтэрхэм къызэрыхэщыжымкIэ, щхьэхуитыныгъэм щIэзэуа адыгэхэм яхэтащ я щIыгу къихьахэм зэман кIыхьым къриубыдэу къеныкъуэкъуа, уеблэмэ XIX лIэщIыгъуэм и кIэхэм нэсыху Урысей къэралыгъуэжьым щыщу зыкъэзымылъыта, унагъуэ-унагъуэкIэрэ бгыхэм зыдэзыгуэша гуп щхьэхуэхэр.
23 мая, 2022 - 05:48
Адыгэхэм хамэ хэгъуэгур анэнэпIэсым хуагъадэ. Урыс-Кавказ зауэжь лъэхъэнэм зи хэкур зрагъэбгына ди лъэпкъэгъухэм Уэсмэн къэралыгъуэр къызэрыпежьам псори фIыуэ дыщыгъуазэщ. Мыбдеж я нэгу щыщIэкIамрэ яшэчамрэ иримыкъуа нэхъей, адыгэхэм псэхугъуэ щагъуэтакъым КъуэкIыпIэ Гъунэгъуми. Ди лъэпкъым къыхуэгущIэгъунша гъащIэр абдежми къащыщысхьакъым.
22 мая, 2022 - 06:35
Бахъсэн щIыналъэм щIыпIэ унафэр щызехьэнымкIэ и IуэхущIапIэм и унафэщI Балъкъыз Артур къуажэхэм я Iимамхэм иджыблагъэ яIущIащ.
22 мая, 2022 - 06:35
КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэ ядригъэкIуэкIащ щIыналъэ, къалэ администрацэхэм я Iэтащхьэхэм. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд.
22 мая, 2022 - 06:35
Зызыхъуэж зэпыту екIуэкI гъащIэм псэемыблэжу хэлэжьыхь, жэщ-махуэ имыIэу цIыхупсэм и хъумакIуэу щыт, егъэджэныгъэм, щIэныгъэм я лъахэм курых хуэхъу лэжьакIуэм къалэн нэхъыщхьэу зыхуигъэувыжыр къыдэкIуэтей щIэблэр узыншэу, акъыл жан яIэу, гъэсауэ, пкъыфIэу дунейм тетынырщ. Мы гупсысэр зи Iуэху зехьэкIэкIэ къэзыгъэнахуэ цIыхубзщ Маршэн-Куржы Агнессэ.
21 мая, 2022 - 12:30
Налшык къалэм щыIэ «Кизиловка» турбазэм щекIуэкIащ сабийхэм я республикэ зэхьэзэхуэ, «Шынагъуэншагъэм и еджапIэ» проектым хыхьэу Урысей МЧС-м зэхишауэ.
Страницы
|