И ЧЭЗУМ ЗЭФIЭКIЫНУЩ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек зэIущIэ ядригъэ­кIуэкIащ щIыналъэ, къалэ администрацэхэм я Iэтащхьэ­хэм. Абы хэтащ КъБР-м и Правительствэм и УнафэщI Мусуков Алий, КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд.

КъулыкъущIэхэр тепсэлъыхьащ федеральнэ проектхэмрэ щIыналъэ программэхэмрэ ди республикэм гъэзэ­щIа зэрыщыхъум.
Лъэпкъ проектхэр зэрагъэзащIэм теухуауэ къэпсэлъащ Мусуков Алий. Абы зэрыжиIамкIэ, щIыналъэ контракти I73-рэ яубзыхуащ, ар гъэзэщIэн хуейхэм я процент 97,2-рэ мэхъу. ЗэращIылIа зэгурыIуэныгъэхэмкIэ лэжьыгъэр къызэ­темыувыIэу екIуэкIынущ, иджыкIэ сом мелуан 337,4-рэ и уасэ зэфIагъэкIащ, ар яубзыхуа Iуэхухэм хухаха ахъшэм и процент 43,6-рэ мэхъу.
Къалэнхэм я нэхъыщхьэу къыхагъэщащ курыт еджапIэхэр зэгъэпэщыжыныр. Мы гъэм къагъэщIэрэщIэжыну школ 29-м лэжьыгъэхэр щокIуэкI, зэрызэгурыIуам тету. Псори и чэзум яухынущ, программэм къызэрыщыгъэлъэгъуам ещхьу еджапIэ I8-р фокIадэм и I-м хьэзыр ящIынущ.
«Псы къабзэ» федеральнэ проектым 2023-2024 гъэхэм трагъэкIуэдэну сом мелуани I30-рэ ди республикэм хухахынущ. А ахъшэр мы гъэм къаутIыпщыну и Iуэху зэрахуэри, лэжьыгъэхэм нэхъ пасэу щIадзэнущ.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

18.04.2024 - 12:25

ЖЫДЖЭРУ ЗЫЗЫУЖЬ IЭНАТIЭ

2024 гъэм и япэ мазищым къриубыдэу Къэбэрдей-Балъкъэрым зыщызыплъыхьыну къэкIуа туристхэм я бжыгъэр мин 398-рэ хъуащ икIи ар процент 24,8-кIэ нэхъыбэщ къапщытэж лъэхъэнэм ирихьэлIэу нэгъабэ щыIа бж

18.04.2024 - 10:01

УРЫСЕЙМРЭ ИСЛЪАМ ДУНЕЙМРЭ

УФ-м и Правительствэм и УнафэщIым и къуэдзэ Хуснуллин Марат иджыблагъэ иригъэкIуэкIащ «Урысеймрэ ислъам дунеймрэ: KazanForum» дунейпсо экономикэ зэхуэсым и къызэгъэпэщакIуэ комитетым и зэIущIэр.

18.04.2024 - 09:03

КЪАПЭЛЪЭЩЫН КЪАХЭКIАКЪЫМ

Урысейм иджырей пятиборьемкIэ пашэныгъэр къыщыхьыным хуэунэтIа зэхьэзэхуэ иджыблагъэ Киров къалэм щекIуэкIащ.

18.04.2024 - 09:03

МЕДАЛИБЛЫМ ЩЫЩУ ЩЫР ДЫЩЭУ

Бокс

17.04.2024 - 16:08

СПОРТСМЕНХЭР ЯГЪЭЛЪАПIЭ

Мэлыжьыхьым и 5 - 9-хэм Анапэ къалэм щекIуэкIащ Урысей МВД-м IэпщэрыбанэмкIэ и чемпионат. Абы япэ увыпIэр къыщихьащ КъБР-м щыIэ МВД-м и гупым.