Статьи на кабардинском языке

ГУПСЫСЭ КУЭДЫМ Я КЪЕЖЬАПIЭ ЛЪЭХЪЭНЭ

Сыт хуэдиз дахагъэ бжьыхьэм имыIами, сыткIэ мыбеями, мы зэманыр IэпкълъэпкъкIэ, акъылкIэ, псэкIэ, гукIэ сфIэхьэлъэщ. Си гур пыткIукIыу, къарууэ сиIэр щIэткIукIыу щытщ.

КЪЭКIУЭНУ НАСЫПЫФIЭР КЪЫХАХ

Донецк, Луганск цIыхубэ республикэхэм, Запорожье, Херсон областхэм я къэкIуэнум теухуауэ референдум ирагъэкIуэкIынур зэрыдаIыгъым ехьэлIа пэкIу КIуэкIуэ Валерэ и цIэр зезыхьэ Къэбэрдей-Балъкъэр къэрал мэкъумэш академием и пщIантIэм ды­гъуасэ ще­кIуэ­кIащ.

АХЪМЭТЫР ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Шэджэм, Бахъ­сэн, Аруан щIыналъэхэм я япэ секретару лэжьа Ахъмэт Мусэбий къызэралъху-рэ илъэси 100 зэрырикъур Iэтауэ щагъэлъэпIащ Кэнжэ дэт «Пять колец» спорт IуэхущIапIэм.

АНЭШХУЭХЭР ЗЭПОУЭ

Бахъсэн ­районым и къуажэхэм щызэхэтащ лъэпкъым и хъугъуэфIыгъуэхэр утыку къихьэным хуэгъэпса пшыхьхэр, зэIущIэхэр, гъэлъэгъуэныгъэхэр. Абыхэм ящыщ зыт Кыщпэк къуажэ клубым щрагъэкIуэкIа «А, ну-ка, бабушки!» зэпеуэр. Абы и къызэгъэпэщакIуэхэм анэшхуэхэм гъэ­щIэгъуэну хузэхалъхьат ахэр зэрызэхьэзэхуэну щIыкIэр.

ЩIЭЩЫГЪУЭРЭ ЗЭГЪЭКIУАУЭ

Адыгэхэм я махуэм ирихьэлIэу  ­Жэмтхьэлэ къуажэм дэт ЩэнхабзэмкIэ унэм  и лэжьакIуэ пажэ, цIыхугъэкIи куэд щаIуэ къыддекIуэкI Къэгъэзэж Залинэ къопсалъэ, «радиом и журналист Мыз Ахьмэдрэ уэрэ фокIадэм и 20-м фыкъызэрысын», жеIэри.

ЗЕКIУЭМ ПЫЩIА ХАБЗЭХЭР

Адыгэхэм я гъащIэм зекIуэм мыхьэнэуэ щиIар къэлъытэгъуейщ. ЗекIуэм пыщIа Iуэхугъуэ псори зэхэплъхьэмэ, зы щIэныгъэ псо мэхъу.  Абы зэпкърыхауэ тотхыхь тхыдэ щIэныгъэхэм я кандидат Мэрзей Аслъэн.

Я ЗЭФIЭКIЫМ ХАГЪАХЪУЭ

Мы махуэхэм Налшык щекIуэкIащ онкологхэмрэ урологхэмрэ я щIэныгъэ-практикэ конференц. Ар зэгъусэу къызэрагъэпэщащ КъБР-м Узыншагъэр хъумэнымкIэ и министерствэм, Лъэпкъхэм я зэныныбжьэгъугъэмкIэ урысей университетым, Урысей Федерацэм онкологие, радиологие унэтIыныгъэхэмкIэ щыIэ IуэхущIапIэхэм я лэжьыгъэр зэзыгъэуIу медицинэ центрым, Герцен П. А.

ДЫЗЭЩIЭЗЫГЪЭУIУЭ ЗЭХЫХЬЭШХУЭ

«Юбилейр - бгыхэм» автомобиль зекIуэм хэтхэм Шэрэдж районым щаIущIащ КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек. Абы хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и щIыналъэ псоми къикIа экипаж 50-м щIигъу.

ЛИМФЭМРЭ ЛЪЫ КЪЭЗЫГЪЭЩI СИСТЕМЭМРЭ ЛЫШХ КЪЫЗЭРЕУЭЛIАМ И НЭЩЭНЭХЭР

ФокIадэм и 15-м, лимфомэм ебэнынымкIэ Дунейпсо махуэм ирихьэлIэу, Лышх узыфэхэмкIэ медицинэ къэхутакIуэ IуэхущIапIэу Ростов къалэ дэтым къыдигъэкIащ «Лимфэмрэ лъы къэзыгъэщI системэмрэ лышх къызэреуэлIам и нэщэнэхэр» тхылъыр. 

АДЫГЭ ЛЪЭПКЪХЭР КЪЫЗЭРЫХЪУАМ ТЕУХУАУЭ

Иджырей адыгэхэр, къэбэрдейхэр, шэрджэсхэр къызэщIэзыубыдэ адыгэ лъэпкъыр къызэрыхъуа щIыкIэр кавказоведенэм иджыри IупщIу иубзыхуауэ плъытэ хъунукъым. Ауэ жыпIэ хъунущ адыгэхэм я къуэпсыр пасэрей меот, синд, псесс, керкет, зих, кашк (касоги) илъэс минитIым щIигъукIэ узэIэбэкIыжмэ, тенджыз ФIыцIэмрэ Азоврэ я Iуфэм щыщIэдзауэ Псыжь и къежьапIэр хиубыдэу Iусахэм я деж къызэрыщежьэр. 

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке