АХЪМЭТЫР ЯГУ КЪАГЪЭКIЫЖ

Социалист Лэжьыгъэм и ЛIыхъужь, Шэджэм, Бахъ­сэн, Аруан щIыналъэхэм я япэ секретару лэжьа Ахъмэт Мусэбий къызэралъху-рэ илъэси 100 зэрырикъур Iэтауэ щагъэлъэпIащ Кэнжэ дэт «Пять колец» спорт IуэхущIапIэм.

 КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэ- кIуэ Казбек Ахъмэтым теу­хуауэ къигъэхьа тхыгъэм къеджащ КъБР-м и Iэтащхьэм и Администрацэм и унафIэщI Къуэдзокъуэ Мухьэмэд. КIуэ­кIуэ Казбек и тхыгъэм итт Ахъмэтыр Хэку зауэшхуэм зэрыщыIар, взводым и ко­мандиру, офицеру зэры­щытар. Къэмылэнджэжу фашистхэм зэрезэуам и щы­хьэтщ адыгэ щIалэм кърата «Вагъуэ плъыжь» орденыр, медалхэр. Абы къыщигъэ­зэжар 1947 гъэрщ. И адэжь щIыналъэм къызэрысыжуи лэжьапIэ къратащ. ЯпэщIы-кIэ комсомол Iуэхум пыщIауэ щытащ. Жыджэру зыкъэзыгъэлъэгъуа щIалэм иужьк­Iэ къыхуагъэфэщащ парт Iэ­натIи. Обкомым и инструктору, къудамэм и унафэщIу лэ­жьащ. И Iуэху зехьэкIэр къабыл зэращIам и нэщэнэу, 1952 гъэм абы и пщэ далъхьэ жэуа­плыныгъэшхуэ зыпылъ къалэн: илъэс 30 фIэкIа и ныбжьыр ­мыхъуауэ,  партым  и   Шэджэм, кIэлъыкIуэу Бахъ­сэн, итIанэ Аруан райкомхэм  я япэ секретару зэрыщытар.
Ахъмэтым и цIэкIэ къызэ­рагъэпэща топджэгу зэхьэ­зэхуэмкIэ пащащ зэхыхьэм. Япэ увыпIэр къахьащ Нал-шык и «Спартак» клубым  хэт ныбжьыщIэхэм. ЕтIуанэ ­хъуащ Налшык дэт топ джэгу школым и гъэсэнхэр, еща-нэщ Шэджэм къалэм къикIахэр. ЕплIанэр яубыдащ Нарткъалэ щыщ ныбжьыщIэхэм.
Ахъмэт Мусэбий и къуэ­рылъ­ху Аслъэнбэч топ зэ­хьэ­зэхуэм къыщыхэжаныкIа ­ныб­жьыщIэ пщыкIухыр сом мин тIурытIкIэ игъэпэжащ.
ЗэIущIэм и кIэухым ягъэ­лъэгъуащ Ахъмэт Мусэбий и фэеплъу траха фильмыр.
Фильм нэужьым къэпсэ­лъащ Ахъмэт лъэпкъым я ­нэхъыжь Хьэбас. Ар теп­сэ­лъыхьащ Мусэбий хэлъа ­хьэл-щэн дахэм, цIыхугъэм. Абы фIыщIэ яхуищIащ къы­зэхуэса псоми. ГъэщIэгъуэнт уедэIуэну Мусэбий фIы ды- дэу зыцIыхуу щыта Тау Пщыкъан, ЛIуп Владимир, КIыщ Мухьэдин, Къэзанш Валерэ сымэ я гукъэкIыжхэр.

 

 

НафIэдз Мухьэмэд.

Поделиться:

ЧИТАТЬ ТАКЖЕ:

30.04.2024 - 12:25

БЖЭ ЗЭIУХАХЭМ Я МАХУЭ

115-нэ Къэбэрдей-Балъкъэр шуудзэм и цIэр зезыхьэ лъахэхутэ гупым и хэщIапIэм иджыблагъэ щыхьэщIащ Къэбэрдей-Балъкъэрым курыт щIэныгъэ щрагъэгъуэт IуэхущIапIищым я гъэсэнхэр.

30.04.2024 - 09:03

ИТАЛИЕМ БЗЫЛЪХУГЪЭУ ИСЫМ ДАХАГЪЭКIЭ ЕФIЭКI АДЫГЭ А­НЭТ

Италием щыщ тхакIуэ,  да Винчи Леонардэ и тхы­дэмрэ лэжьыгъэм­кIэ щIэ­ныгъэлI нэхъыщхьэ Вечче Карлэ и Iэдакъэ къы­щIэкIа «Катеринэ и гуфIэкIэр: Леонардэ и анэ» романыр Налшык къалэ щагъэлэгъуащ мы

30.04.2024 - 09:03

ВИТЕБСК ЗЫКЪЫЩАГЪЭЛЪЭГЪУЭНУЩ

Кавказым и уэрэджыIакIуэхэр хэтынущ Витебск щекIуэкIыну «Славянский базар в Витебске» лъэпкъыбэ макъамэ фестивалым. 

30.04.2024 - 09:03

«ТЕКIУЭНЫГЪЭМ И ДИКТАНТЫМ» ФЫХЭТ

Къэбэрдей-Балъкъэрым мэлы­жьы­хьым и 26-м IуэхущIапIэ 78-м щатхынущ Хэку зауэшхуэм теухуа «ТекIуэныгъэм и диктант» урысейпсо тхыдэ диктантыр.

29.04.2024 - 12:25

ХЪЫДЖЭБЗ МЭКЪУАУЭ

Адыгэ IуэрыIуатэр зэхуэхьэсыжыным еш жыхуаIэр зымыщIэу яужь ита, Урысейм и ТхакIуэхэм я зэгухьэныгъэм хэта, Къэрэшей-Шэрджэсым щэнхабзэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ Шэрджэс Алий «Адэжь хъыбархэр» зыф