Статьи на кабардинском языке

ЗЫУЖЬЫНЫГЪЭМ ХУЭГЪЭПСА ЗЭГУРЫIУЭНЫГЪЭ

КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек лэжьыгъэ IуэхукIэ хуэзащ «Динамо» урысейпсо физкультурэ-спорт зэгухьэныгъэм и уна­фэщI Гулевский Анатолий. ЗэIущIэм хэтащ КъБР-м щыIэ МВД-м  и министр Павлов Василийрэ зэгухьэныгъэм и щIыналъэ къу­дамэм и лIыкIуэхэмрэ.

Я ФЭЕПЛЪЫР МЫКIУЭДЫЖЫНЩ

Налшык къалэм щекIуэкIащ 2005 гъэм жэпуэгъуэм и 13-м къэхъуауэ щыта гузэвэгъуэш­хуэм теухуа пэкIу. Хабзэхъумэ органхэм я лэжьакIуэу абы щыгъуэ хэкIуэдахэм я фэеплъым КъБР-м и Iэтащхьэ КIуэкIуэ Казбек удз гъэгъахэр трилъ­хьащ.

БЖЬЭМ ХУЭДЭУ ЗЫХИУКIЭРТ

Америкэм и Штат Зэгуэтхэм и Кентуки щIыналъэм и Луисвилл къалэм 1942 гъэм зы щІалэ къуапцІэ цІыкІу дунейм къыщытехьащ. Абы фІащат Кассиус Марселлус Клей Джейар (Cassius Marcellus Clay Jr.). И фэр зэрыфІыцІафэ-гъуаплъафэм къыхэкІыу апхуэдэхэр ягъэикІэрт, ягъэпудырт, зрапэсыртэкъым. 

ГЪАЩIЭ УЗЫНШЭМ ХУАУЩИЙ

«Ди сабийхэим я узышагъэмрэ шынагъуэншагъэмрэ» Iуэхум хэтащ Къэбэрдей-Балъкъэрым класс нэхъыжьхэм щеджэ школакIуэхэу 800-м нэблагъэ. ЗэIущIэр къызэзыгъэпэщахэр тепсэлъыхьащ узыншагъэр зэрахъумэным, , чэнджэщ иратащ спортым хэтыну, я зэфIэкIым зезыгъэужьыну кружокхэм кIуэну. 

КЪАЗИЙ МЫСОСТ

(1640 – 1676)

ПАСЭРЕЙ ФАДЭ ЛIЭУЖЬЫГЪУЭХЭР

Адыгэм махъсымэр ижь-ижьыж лъандэрэ егъавэ. Ар хьэщIэ лъапIэхэм хуаIэт, хьэгъуэлIыгъуэр, гуфIэгъуэ дауэдапщэхэр зэрагъэбжьы­фIэ фадэ лIэужьыгъуэщ. 

ХЬЭХЪУПАЩIЭ АМЫРХЪАН И ЩIЫХЬКIЭ

Къэбэрдей-Балъкъэрым гъуазджээхэмкIэ щIыхь зиIэ и лэжьакIуэ, уэрэджыIакIуэ, усакIуэ цIэрыIуэ ХьэхъупащIэ Амырхъан къызэралъхурэ илъэси I40 зэрырикъум теухуауэ Къэхъун къуажэм гуфIэгъуэ зэхыхьэшхуэ щекIуэкIащ. МахуитIым къриубыдэу а жылэм концертхэр, зэпеуэхэр, джэгухэр щызэхэтащ.

НАЛОГ ДЕЛЭХЭР

ИгъащIэ лъандэрэ дэтхэнэ къэралми и хэхъуэ нэхъыщхьэр налогхэрщ. Налогхэм я тхыдэм ухэплъэмэ, куэд бгъэщIэгъуэнущ.

АДЫГЭ ПЩАЩЭ БЕСЛЪЭНЕЙ ЗАМИРЭ

Мейкъуапэ къалэм иджыблагъэ щекIуэкIа «Черкешенка» фестиваль-зэпеуэм етIуанэ увыпIэр къыщихьащ Къэбэрдей-Балъкъэрым и цIэкIэ абы зи зэфIэкI щеплъыжа Беслъэней Замирэ. Ар къызэригъэпэщащ Адыгэ Республикэм цIыхубэ щэнхабзэмкIэ и центрым, АР-м ЩэнхабзэмкIэ и министерствэр и дэIэпыкъуэгъуу. Урысейм ис лъэпкъхэм я щэнхабзэ хъугъуэфIыгъуэхэм я илъэсым зэфIаха Iуэхухэм язщ мы зэхыхьэ дахэр.

ПИРАМИДЭХЭМ Я ХЭКУ

Ухуэныгъэ ехьэжьахэмрэ дунейм и телъыджиблым хиубыдэ щIыпIэ дахэхэмрэ здэщыIэ Мысырыр цIыхухэм я кIуапIэщ куэд щIауэ. Урысей туристхэр нэхъыбэ дыдэу здэкIуэ Африкэ къэралыгъуэм илъэс псом и хъуреягъкIэ зыщыбгъэпскI, дыгъэ зыщебгъэу мэхъу, гъэщIэгъуэн куэд щыболъагъу.

Страницы

Подписка на RSS - Статьи на кабардинском языке